|
Календарь событий
07 августа 2021
7 августа, 2021 - 19:00
ЭкологиемкIэ Урысей зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей - Балъкъэр къудамэм и унафэщI Iэрыпщ Аслъэн зэрытепсэлъыхьамкIэ, ди псы ежэххэмрэ щIыщIагъ псыхэмрэ нэрылъагъуу нэхъ мащIэ мэхъу.
7 августа, 2021 - 17:55
АБХЪАЗ. Иужьрей илъэс 30-м елъытауэ, мы гъэм зыплъыхьакIуэхэр куэдкIэ нэхъыбэ щыхъуащ Абхъазым. 2020 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэ хъуху, урысей-абхъаз гъунапкъэр зэIуахыжа нэужь, турист мин 600 ихьащ къэралым. 2019 илъэс псом абы щыхьэщIар турист мелуаным щIигъущ. Иджы Минтуризмэм къызэрилъытэмкIэ, цIыху мелуанрэ ныкъуэм зыщагъэпсэхунущ псэм и лъахэу ялъытэ республикэм.
7 августа, 2021 - 17:55
«Моё детство - война» урысейпсо зэпеуэр ирагъэжьащ. Абы хэтыну ирагъэблагъэ журналистхэр, тхыдэджхэр, егъэджакIуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, волонтёрхэр - Урысейм исхэмрэ хамэ къэрал щыпсэу ди хэ- куэгъухэмрэ.
7 августа, 2021 - 16:44
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм и Iэтащхьэм и нэIэ щIэту йокIуэкI курыт школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэхьэзырыр. ИджыкIэ школи 176-мрэ сабий IыгъыпIэу 134-мрэ къагъэщIэращIэ, зэлъыIуах. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэлIхэм къапщытэ зэрырагъаджэ тхылъхэмрэ щIэныгъэ-педагогикэ литературэкIэ школхэр зэрыхуэщIар.
7 августа, 2021 - 14:41
АДЫГЕЙ. "Узыншагъэр хъумэн" лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мы махуэхэм Адыгэ Республикэм къыIэрыхьащ "Диагностика" мобильнэ зыщагъэхъуж-узыншагъэр къыщапщытэ комплекс (МЛПК).
7 августа, 2021 - 11:00
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр
етыным и IуэхукIэ
Ухуэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным хуащIа хэлъхьэныгъэмрэ илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэмрэ папщIэ
цIэ лъапIэхэр яфIэщын:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и архитектор»
7 августа, 2021 - 10:35
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 ирокъу» фэеплъ медалыр къыдэгъэкIыным теухуауэ
|