Календарь событий

23 августа 2021

Интернетыр щIалэгъуалэм я сэбэпу

Интернетым Iуэху щхьэпэхэр щрагъэкIуэкIын папщIэ Урысей Федерацэм и Правительствэм иджыри сом меларди 7 хухихынущ хэкупсэ гъэсэныгъэм хуэщIа къэрал контент Рунетым щыгъэлэжьэным.
Ар трагъэкIуэдэнущ щIалэгъуалэм теухуа интернет проект 200-м зрагъэужьыным. «Интернетым зегъэужьынымкIэ институтым» хуаутIыпщыну ахъшэр нэхъыбэу зыхухэхауэ щытынур щIалэгъуалэм я гупсысэр зэтегъэувэнырщ, къэралым и цIыху зэпIэзэрыту къэхъун папщIэ унэтIынырщ, хэкум, гъащIэм, лъэпкъым я мыхьэнэр къагурыIуэу балигъ гъащIэм хэбэкъуэнымкIэ сэбэп хъунырщ.

ФокIадэм и I-м ирихьэлIэу хьэзыр хъунущ

  
«Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэ» къэрал проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэзащIэ еджапIэхэм физкультурэмрэ спортымрэ щIэблэм зыщыхуагъэсэн папщIэ зыхуеинухэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа программэ.
А мурадхэм тригъэкIуэдэну республикэм къыIэрыхьащ сом мелуан 32,5-рэ. А программэм хыхьэу зэрагъэпэщыжынущ къуажэхэмрэ къалэ мыинхэмрэ дэт курыт еджапIэхэм я спорт залхэр.

Рекорди I0 ягъэувынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкI Iуэхугъуэхэм ящыщщ нобэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахыр - рекордхэм я махуэр. Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм щекIуэкI махуэшхуэм спортсменхэм, артистхэм, пщафIэхэм, нэгъуэщI IэщIагъэ пэрытхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ.

ШыщхьэуIум и 24-р Везувий къыщикъуэлъыкIа махуэщ

Куэд щыгъуазэщ дыщыпсэу лъэхъэнэм (ди эрэм) ипэ ита 79-нэ гъэм Италие хытIыгуныкъуэр ижькIэрэ «зи унапIэ» Везувий мафIэбгым (иджырей Неаполь къалэм пэгъунэгъущ) ямылейуэ зыкъызэкъуихыу, къызыпхигъэвыкIа магмэмрэ къызыпхипхъыкIа сахуэмрэ абы и Iэшэлъашэм къедза Помпеи къалэжь цIыкIур зэрыщIихъумэпауэ щытам.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ
ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ
– I943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ахэр япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
1924 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Монако» футбол клубыр.

Университетыр фокIадэм и 1-м хуэхьэзырщ

Гъэ еджэгъуэщIэм еужьэрэкIыу зыхуэзыгъэхьэзырхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. Егъэджэныгъэр щекIуэкIыну и корпусхэр зыхуей зэрыхуагъэзам нэмыщI, университетым и кампусхэр мы махуэхэм къагъэщIэращIэ.
Кавказ Ищхъэрэм ит университетхэм я нэхъ ин дыдэр еджапIэ къудейкъым, атIэ щеджэ, щIэныгъэ лэжьыгъэ, административно-хозяйственнэ, щэнхабзэ, физкультурэ, спорт Iуэхухэр щрагъэкIуэкI унэ куэд щызэхэт къалэ цIыкIущ.

Тэрч къалэр япэщ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ футболымкIэ турнир цIыкIу.
    Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэпеуэм хэтащ Астемырей, Курп Ипщэ, Инарыкъуей, Тэрч, Болэтей щыщ гупхэр.
    Ар къызэрагъэпэщащ Тэрч муниципальнэ щIыналъэм спортымкIэ и къудамэм.
    ГуащIэу екIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр Тэрч къалэм и гупым къыщахьащ, етIуанэ хъуащ Болэтей къикIахэр, Инарыкъуейхэм ещанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ.

ЛъагъуэжькIэ - зекIуэ

БэшэчагъкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшыр гъэунэхупIэ изыгъэувэр, зыпсыхьыр гъуэгуанэщ. Ар къыхуигъэщIащ гъуэгу жыжьэ зэпичыным, и плIэм исыр имыгъэщIэхъуным.
«Шагъдий вагъуэбэр – Шапсыгъым» шууей зекIуэу иджыблагъэ екIуэкIам хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм я шухэр.

ШахэкIэцIыкIукIэ щежьэри, Псыбэ къуажэм нэс километр щитIым нэс якIуащ.

Лъэпщыкъуэ Нухь зэрыадыгэр игъэгъуащэркъым

Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм яхэтщ цIыху лъэрызехьэхэр, щыпсэу щIыпIэм щыцIэрыIуэхэр. IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыт узыгъэгушхуэ ди лъэпкъэгъухэм къызыхэкIар ящымыгъупщэу, я адэжьхэм я фэеплъыр яхъумэу ущрихьэлIэм деж тIууащIэу гуапэ пщохъу. Истамбыл щыпсэу скульптор цIэрыIуэ Ачин Нухь зи гугъу сщIыхэм хуэдэщ: абы и гъащIэми, и лэжьыгъэми я лъабжьэр зыщ - псэкупсагъэрщ, дахагъэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ.