ЗэIущIэхэр

УсакIуэшхуэр ягу къагъэкIыж

Хабзэ хъуауэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжам ирихьэлIэу, пэкIу щекIуэкIащ Налшык щыхуагъэува и фэеплъым деж. Абы щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, тхакIуэр зыцIыхуу щытахэр, и къуажэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр. ПэкIур къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным теухуа семинарым

УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ, УФ-м и Правительствэм и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Кириенкэ Анатолий сымэ Москва щрагъэкIуэкIащ «Узыншагъэр хъумэныр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм теухуа семинар. Абы ирагъэблэгъащ къэралым и субъектхэм я гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэу 5 япэ итхэм яхэхуащ

ЕпщIанэ Гайдаровскэ зэхыхьэшхуэм хиубыдэу экспертхэр тепсэлъыхьащ дуней псом елъытауэ Урысейм и щIыналъэхэм яIэ демографие щытыкIэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, Урысейм и щIыналъэхэр апхуэдизу зэщхькъыми, я зэщхьэщыкIыныгъэхэр къэрал зызыужьахэмрэ  зыужьыныгъэм и гъуэгум теувагъащIэ­хэм­рэ яку дэлъым хуэдизу жыпIэ хъунущ.
 

Къалэхэр зэIузэпэщ щIыным теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI. иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и деж «Къалэр иджырей псэукIэм хуэгъэпсыныр» проектыр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ а проектыр республикэм щыпхыгъэкIынымкIэ 2018 гъэм зэфIагъэкIахэм. ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, нэгъабэ республикэм пщIантIэ 90 зэIузэпэщ щащIащ, апхуэдэу цIыхухэр щызэхуэс щIыпIэу 21-рэ, къалэ мыину 4-м я паркхэр зыхуей хуагъэзащ. Мы лэжьыгъэм ипкъ иткIэ 2019 гъэм ятыну субсидиехэр муниципальнэ щIыналъэхэм зэрытрагуэшэнур яубзыхуащ.

Сабийхэм я псэукIэм зыщагъэгъуазэ

Хабзэ дахэ хъуауэ, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу яIуощIэ  республикэм и школ-интернатхэм, сабий унэхэм я гъэсэнхэм.

КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и хэхыгъуэщIэм хэтхэм

КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и еплIанэ хэхыгъуэм и япэ пленар зэIущIэм. Республикэм и унафэщIыр чэнджэщэгъу органым хэтхэм ехъуэхъуащ еплIанэ хэхыгъуэр тэмэму къызэрызэрагъэпэщамкIэ икIи адэкIэ лэжьыгъэфI яIэну зэригуапэр къыхигъэщащ.

 

Лэжьыгъэр яубзыху

Дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щылажьэ Эксперт советым и япэ зэIущIэр. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий икIи советым хэтхэмрэ зэIущIэм кърихьэлIахэмрэ кIэщIу Iуэхум хигъэгъуэзащ.

 

КIуэкIуэ К.В.: «Зыужьыныгъэр икIэщIыпIэкIэ тхущIэгъэхуабжьэмэщ ди цIыхухэм я псэукIэр нэрылъагъуу щедгъэфIэкIуэфынур» 2018 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм кърикIуахэмрэ 2019 гъэм къэув къалэнхэмрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Пра

2018 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм кърикIуахэмрэ 2019 гъэм къэув къалэнхэмрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и иужьрей зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ КIуэкIуэ К. В.
ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачев Е. А., муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.

2018 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, зэкIэ къызэрабжамкIэ, кърикIуахэр

Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм кърикIуауэ зэкIэ къабжахэм теухуа и зэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.

 

Гуапагъэм дунейр къригъэлынущ!

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щекIуэкIащ волонтёрым и илъэсу Урысейм щагъэува 2018 гъэр зэрызэхуащIыжым теухуа зэIущIэ. Хэгъэрейхэм къищынэмыщIауэ ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Къалэн куэд щагъэзащIэ абы и щIалэгъуалэ центрым.
Зэхыхьэ гуапэм цIыхуи 100-м нэблагъэ хэтащ. Абы ирагъэблэгъащ республикэм и волонтёрхэм я зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, щIалэгъуалэр, ныбжьыщIэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр