Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэхэм къахохъуэ
«Россети Северный Кавказ» ПАО-м и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Къэб-Балъкъэнерго»-м электрокъарукIэ Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэхэм я бжыгъэм 2430-рэ къыхигъэхъуащ нэгъабэ. Псори зэхэту лъэщагъыу абыхэм яхуиутIыпщар мегаватт 44,4-рэ мэхъу. Социльнэ мыхьэнэ къызыбгъэдэкI IуэхущIапIэхэм щыщу ««Къэб-Балъкъэнерго»-м и электросеть нэхъыщхьэм пидзахэм яхэтщ Сэрмакъ къуажэм и курыт еджапIэр, Iуащхьэмахуэ жылэм и сымаджэщыр, Куба и амбулаторэщIэмрэ Чыщпэк ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ. Абы нэмыщI, IэщIагъэлIхэм технологие Iэмалхэр къагъэсэбэпу зыпащIащ Зэикъуэ къажэм дэт псыр къызэрыщIаш ухуэныгъэмрэ Кичмалкэ дэт мэжджытымрэ. Иджырей технологие Iэмалхэр къэгъэсэбэпкIэрэ элекросетым IуэхущIапIэщIэхэр къешэлIэныр «Къэб-Балъкъэнерго»-м и лэжьыгъэм щынэхъыщхьэщ. Псалъэм папщIэ, «Россети» ПАО-м иIэщ уи унэ ущIэмыкIыу абы и электросетым зэрызыпыпщIэ хъун Iэмалхэр - Портал-ТП.РФ-м щхьэзакъуэ кабинет къыщызэIыбохри абыкIэ электрокампанием лъэIу тхылъ ибогъэхь я сетым зэрызыпебгъэдзэнумрэ электрокъаруум и куэдагъыу узыхуэныкъуэнумрэ иту.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|