Нэхъыжь Iумахуэхэм я псалъэСи сабиигъуэр, гукъэкIыжхэр гуэхыпIэ имыIэу епхащ хьэблэм, къуажэм дэса лIыжь-фызыжь Iущхэм. Егъэлеяуэ сфIэфIт абыхэм къаIуэтэж хъыбар купщIафIэхэм, я псалъэ Iущхэм, гушыIэ дахэхэм сащIэдэIуну. Сигу къинэжахэм ящыщщ, гушыIэ плъыфэ иIэми, Iущагъэ зыхэлъ псалъэу а нэхъыжь Iумахуэхэм я деж щызэхэсхауэ фи пащхьэ ислъхьэ тхыгъэ кIэщIхэр. «Дадэ, зэщхьэгъусэхэр лъэсырызекIуэу гъуэгуанэ тетым, хэт ижьырабгъумкIэ щытын хуейр?» - йоупщI, къуэрылъху ныбжьыщIэр и адэшхуэм. «Уэлэхьи, си щIалэ цIыкIу, иджырей зэманыр зыхуэкIуар къэплъытэмэ, ижьырабгъур зыхуэфащэр хэхъуэ нэхъыбэ зиIэр арам,» - мэгушыIэ лIыжьыр. «ТIури хэхъуэншэмэ-щэ,» - щIоупщIэ аргуэру щIалэ цIыкIур. «Уэлэхьи, ПIытIэ, абы щыгъуэ тIури сэмэгурабгъумкIэ щытын хуейуэ къызолъытэм». * * * Зэхьэблэгъу гуп уэрам зэхэкIыпIэм щызэдэуэршэрырт. Нэхъ зы псэлъэрей щIалэ, гуфIэгъуэр зэрихьэу, и мыхабзэу щытхъурт зи акъылым дерт иIэу къалъытэ ХьэптIитI. - «Фэ псоми жывоIэ а щIалэм хухэту. Уэлэхьи, зы лажьэ имыIэ,» - жиIэрт абы къытригъэзэжурэ. «Ар, дауэ къызэрыпщIар?», - щIэупщIащ, псоми пщIэ лей зыхуащI зы нэхъыжь Iумахуэ. «Абы, зэрыжиIамкIэ, сэ нэхъ Iущрэ акъылыфIэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Си зэфIэкIыр къэплъытэмэ, къулыкъушхуэрэ мылъкушхуэрэ схуэфащэт.» Пэжкъэ атIэ ар?» - щIоупщIэ зигу хагъэхъуа, ягъэгуфIа щIалэр. «Арауэ къыщIэкIынщ, делэр къыпщытхъуа иужь, мыделэжу къыпщохъу щIыжаIар», - етыж жэуапу лIыжь Iущым. * * * ХьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм хъуэхъу щылъагъэсащ зы щIалэ гуэрым. ЖьакIуэу, дахэу псэлъэн щIэзыдза ныбжьыщIэм псори сабыру, дихьэхауэ едаIуэрт. ИкIи абы акъылэгъу зэрыдэхъум и щыхьэту, кIэщI-кIэщIурэ, фIыщIэ хуащIырт. Ауэрэ щIалэм и хъуэхъур кIыхь щишIым ар гупым къатехьэлъэ хъуащ. ЩымыувыIэжыххэм, абы псалъэ езыта, Iэнэм бгъэдэс нэхъыжьым, хуэмышэчыжу, жиIащ: «ПщIэрэ, шынэхъыщIэ, сыт хуэдэу дахэу умыпсэлъами, куэдыIуэ жыпIэмэ делагъэ гуэр къыбжьэдэкIынкIи хъунущ, уи хъуэхъуми хъуэн плъыфэ игъуэтынри хэлъщ. ЦIыхум нэхъыбэу ягу къинэжынур апхуэдэ щыуагъэрщ. Псалъэ лейм фIы къишэркъым - зыхуэсакъ.» * * * ЦIыхухъу гуп зэдэуэршэрырт. Зы щIалэщIэ хуабжьу зыщытхъужырт. ЖиIэрт езым хуэдэ мылъкукIи, акъылкIи, сыт и лъэныкъуэкIи къыпэлъэщын къуажэм дэмысу. ИтIанэ, кIэухыншэу и фызым щытхъунут. Псоми я щхьэр яхуигъэузауэ и щхьэгъусэр къеджэу Iуишыжа иужь, зы лIыжь «уэху» зэрыжиIэжам и щыхьэту, куууэ бауэри жиIащ: «Зыри пхуещIэнукъым, чыр цIынэ щIыкIэ къыумыгъэшамэ, бжэгъу хъуа иужь къыпхуэгъэшыжынукъым – ныкъуэделэр егъэлеяуэ и щхьэм щотхъу, делэ дыдэр, емызэшыжу, и фызым щотхъу». * * * ПщIэрэ нэмысрэ зыхуащI лIыжьым Iущ бзэгу къыхуихьыжырт зы щIалэ гуэрым, хэт сыт къыхужиIами хуиIуэтэжу, апхуэдэ хъыбар хуэмыныкъуэ нэхъыжьым жиIащ: «ЗэгъащIэ, си щIалэ, зыхужаIэракъым зи пщIэ кIуэдыр, атIэ ар жызыIэмрэ зыIуэтэжымрэщ. Зыгуэр зыхужаIэр, зыгуэр и уасэщ. Абы щхьэкIэ умыпIейтей».
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|