Адыгэ лъэпкъыр дымащIэми, дызэрыгушхуэ хъун цIыху хьэлэмэтхэмкIэ къулейуэ дыкъекIуэкIащ.
Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къажэр Валерэ.
Дигу къэдгъэкIыжынщ, зымыщIэр щыгъуазэ хуэтщIынщ Къэжэрым къигъэщIамрэ и къекIуэкIыкIамрэ.
Валерэ 1949 гъэм шыщхьэуIу (август) мазэм и 19-м Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ школыр къиуха нэужь, 1966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри, 1971 гъэм къиухащ. ЩIэныгъэм зи гур хузэIуха адыгэ щIалэм хузэфIэкIащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым и аспирантурэм щIэтIысхьэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъэпкъхэр къызэрыхъуар, зэрызаужьар, я щыIэкIэ-псэукIэр зыдж щIэныгъэщ Къажэр Валерэ къыхихар.
1982 гъэм абы щIэныгъэхэм я кандидат лэжьыгъэр игъэзэщIащ. Зытеухуауэ щытар къуажэдэс адыгэхэм 19-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм я псэукIарщ. Лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт икIи япэу дунейм къытехьа лэжьыгъэт «Адыгэ хасэ» тхылъыр (Налшык, 1992 гъэ). Ар теухуат Хасэм и ухуэкIэм, абы игъэзащIэу щыта къалэнхэм.
КъызэрымыкIуэу купщIафIэт икIи инт «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце 18 – первой половине 19 века» монографиер, 1997 гъэм КъБР – м и Къэрал саугъэтыр щIэныгъэмкIэ зыхуагъэфэщауэ щытар.
ФIыщIэ щIыхуэтщIын лэжьыгъэшхуэщ «Адыгская (черкесская) энциклопедиер щагъэхьэзырым Кавказ зауэмрэ адыгэр абы зэрыхэта щIыкIэмрэ я тхыдэр къанэ щымыIэу зытхыжа Къажэрым.
Валерэ дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт лъэпкъ тхыдэр куууэ джыным, щIэблэр зыщымыгъуазэ Iуэхугъуэхэр къихутэу утыку кърилъхьэу и лъэпкъэгъухэм яригъэщIэным. Псом хуэмыдэу ар хущIэкъут адыгэм мымащIэу ягъэва гуауэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэмрэ я нэгу щIэкIам и инагъымрэ я пэжыпIэр къихутэну. Лъэпкъым и узыр езым и уIэгъэу къилъытэрт. Арагъэнщ Къажэрыр гъащIэ кIэщI зыщIари. И лэжьыгъэ купщIафIэхэм къищынэмыщIауэ, Валерэ щапхъэ зыхуэхъуа, абы и лъэужьым тет, егъэджакIуэ, щIэныгъэлI хъарзынэхэр мымащIэу къытхуигъэнащ. Аращ ар цIыху куэдыкIейм щIащымыгъупщэри, хуащI фIыщIэмрэ щIыхьымрэ щIэкIэухыншэри.
Къажэр Валерэ и фэеплъу, гъэкIэщIауэ сыкъытеувыIэну сыхуейт «Уэркътын хабзэр Къэбэрдейм зэрыщыкIуэдыжар» жыхуиIэм.
«Къэбэрдейр щхьэхуиту щыщытам щыгъуэ пщыхэр зэпымыууэ зэныкъуэкъут, зэзауэрти, а зауэхэм хэтын зекIуэлIхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ уэркъхэм, нэхъыбэу хуей хъурти, абыхэм я бжыгъэм хэхъуэрт. Къэбэрдейм щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэда иужь, псом хуэмыдэу 19-нэ лIэщIыгъуэм и 30 – 50 гъэхэм, апхуэдэ зауэлIхэр лей хъуащ.
Уэркъхэм я къалэн нэхъыщхьэр Урысей пащтыхьым щымыIэж ищIащ – абы пщыхэр хуит ищIыжыртэкъым уэркъыдзэ яIэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Къэбэрдейм цIыхуу исым тепщIыхьмэ, зи бжыгъэр куэд хъу уэркъхэр егъэзыпIыншэу къэнащ.
Къэбэрдеипщхэм гъунэгъу лъэпкъхэм я деж щаIа тепщэныгъэр зэрафIэкIуэдам къыхэкIкIэ, абыхэм Кавказ Ищхъэрэми езы Къэбэрдейми щаIа мыхьэнэр яIэщIэкIа къудейкъым, абы и щIыIужкIэ абыхэм я фейдэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыри яфIэкIуэдащ. Ар нэрылъагъу мэхъу ябжь щIэт лъэпкъхэм къабгъэдэкIыу пщыхэм къаIэрыхьэу щыта хэхъуэм щыгъуазэ зыпщI нэужь (абы щыщ Iыхьэр итIанэ уэркътыну я уэркъхэм хуагуэшыжу щытащ). Абы щытопсэлъыхь Нэгумэ Шорэ и тхыгъэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» жыхуиIэм.
Ауэ сытми къэхъуа Iуэхукъым «зэман зэрызехьэм» щыгъуэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ псом япэу я лъэпкъхэр я унафэ къыщIэувэжын хуейуэ къагъэувауэ зэрыщытар. Ауэ я щхьэ и унафэ ямыщIыжыфу зэрыхъуу, пщыхэр игъащIэкIэ пыкIащ я унафэ щIэт лъэпкъхэм къабгъэдэкI фейдэми, зауэхэм, зекIуэхэм къыхах къуентхъми.
Iуэхур нэхъри хэплъэгъуэ ищIырт Къэбэрдейм и экономикэр екIакIуэу, тепщэ гупри абы хэту, я псэукIэр хэпщIыкIыу нэхъыкIэ зэрыхъуам. Тепщэхэм гупым мылажьэу ирипсэуну къахуэнэжар зы хэкIыпIэ закъуэт – мэкъумэшыщIэхэм щIыр къызэрагъэсэбэпым папщIэ кърат пщIэрт.
Апхуэдэ щытыкIэм зэрихуам къыхэкIкIэ, къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ я дежкIэ хьэлъэт уэркътын хабзэр яIыгъыну. А хабзэр щIаIыгъын щхьэусыгъуи щыIэжтэкъым. Иджы уэркътын ямыщIыжым и мызакъуэу, япэм апхуэдэу ятахэр къыIахыжыну яужь итхэр мащIэтэкъым.
Пщыхэм судым зыщыхуагъазэкIэ, я уэркъыу щытахэр къызэрагъэлъагъуэр уэркъыутэкъым, атIэ я пщылIу, хабзэм тетуи щхьэхуит щащIыжкIэ щхьэщэхуж уасэ ятыну къатехуэут.
Къэбэрдей пщы-лIакъуэлIэшхэм 19-нэ лIэщIыгъуэм и 30 – 50 гъэхэм я дуней тетыкIам зихъуэжат. Мылъку нэхъыбэ зэгъэпэщыныр, ехьэжьауэ псэуныр абыхэм я хьэл-щэн нэхъыщхьэ хъу зэпытт. Ауэ ахъшэ хэкIыпIэ закъуэу къахуэнэжыр, я пщылIхэр щхьэщэхужыпщIэ къыIахыурэ хуит ящIыжынрати, ар къагъэсэбэпырт.
Къэжэр Валерэ и тхылъхэм иджыри къэс дызыщымыгъуазэ куэд къивгъуэтэнущ. Шэч къытесхьэркъым, тхыдэтхым и IэдакъэщIэкIхэм зэпымычу щIэупщIэ зэраIэнум.