Уэм и Iэужьыр ягъэзэкIуэжМы гъэм и накъыгъэ мазэм Къармэхьэблэм зэкIэлъыкIуэу щеха уэм къуажэдэс куэдым я унащхьэхэр зэхикъутат. Уэм и зэраныр ялъысащ къуажэм дэт школитIми. Жылагъуэ администрацэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, иджыпсту еджапIэхэм я унащхьэр епIэщIэкIыу зэрагъэпэщыж. Волгоград областым хыхьэ Михайловкэ къалэм шифер къыщIигъэкIыу дэт заводым зэгурыIуэныгъэ иращIылIэри, къуажэр зыхуеину шифер мин 43-р абы къыщащэхуащ. Ахэр къуажэ администрацэм и нэIэм щIэту унагъуэхэм трагуашэ.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 16:13 →
Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
| ||



