Иджыри куэдрэ ди япэ итынуУрысей Федерацэм, Адыгейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я союзым Шостаковичым и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, УФ-м и композиторхэм я союзым хэт, а IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъумкIэ дохъуэхъу. И зэфIэкI лъагэм нэхъри ефIэкIыжу цIыхугъэрэ Iущагърэ зыхэлъ ди нэхъыжьыфIым, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ налкъутналмэсу иIэхэр къэгъэщIыным зи гъащIэ псор тезухуа ДжэбрэIил хуэдэ зиIэ лъэпкъым и щхьэр лъагэу илъагъужми хъунущ. Дэ дрогушхуэ ар щIыпIэ куэдым къызэрыщацIыхум, адыгэм и цIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и фIымрэ игъэIуу дунейм зэрытетым.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|