«Жьы» - м дежьухэрЖьыпэу, жьыугъуэджэ - жьы къыщемыпщэ щIыпIэ («унэ блыниплIри сэ зыкIи жьыпэу а махуэм схуэмыхъут»). Жьыуейпсыуей - жьыи къепщэу, уэшхи къешхыу; уэтIпсытI. Жьычу - «жьычу зэщIэщтхьэн», «щIымахуэ жьычым», «дунейри жьычу зэщIэщтхьауэ». Жьычэн – щапхъэ: „ПхъэцIычыр мэжьычэ“. ЖьыщIэху - жьы мащIэ къыщепщэ (пщэдджыжь, пщыхьэщхьэ). Жьыхъарз – жьы кIэрахъуэ. Жьыбгъэ – къыкъуэурэ къепщэ жьы. Жьыху - I. Жьы иризыщIрагъэхуу IэкIэ яIыгъ хьэпшып. 2. Псэуалъэхэр щIыIэтыIэ зэращI иджырей электроIэмэпсымэ. ЖьгъумпI – псым зыгуэр щыхэпкIэм, щыхэхуэм деж ищI макъыр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ Жьгъыжьгъын – макъ зэщIэжьыуэ Жьгъыру – макъыфI, макъ зэщIэжьыуэ зиIэ, уэджынэ цIыкIуми хужаIэ. Жьыгъэфий – удз лIэужьыгъуэ, и гъэгъахэр я теплъэкIэ уэзджынэ цIыкIум ещхьщ, шэкъафэщ, тхьэмбылыфэщ, хужьщ. Жьуджалэ – банэ зытет удз баринэ лIэужьыгъуэ, дыгъапIэ джабэхэм къыщокI, бжьыхьэм деж и лъабжьэр мэфри жьым ирехьэжьэ.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
|