ЦIыху гъащIэр зыри и уасэтэкъым

1944    гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м Гитлер къыIэрыхьащ Франджым щыIэ зэрыпхъуакIуэ дзэхэм я унафэщI генерал-фельдмаршал Роммель къыбгъэдэкI телеграммэ: «Нормандием фронтыр кIуэ пэтми нэхъ гугъу щохъу. ХэщIыныгъэхэр апхуэдизкIэ ди куэдщи, дивизэхэр щIагъуэу зауэжыфыркъым. Къытхэхъуэр мащIэ дыдэщ. Ди бийхэм я къарум хэхъуэ зэпытщ. Абы къыхэкIыу фронтыр къызэпратхъыу ди бийхэр Франджым пхрыкIынкIэ шынагъуэщ. Къэхъунур хэплъэгъуэщ».
Езым и дежкIэ жагъуэу щыт апхуэдэ хъыбархэр зыIэрыхьэ Гитлер хузэфIэкI къигъанэртэкъым къизэуахэр къызэтринэн папщIэ. Сытри ищIэну хьэзырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ича лъэбакъуэхэм ящыщ зыщ цIыху мамырхэр щIэгъэкъуэн къэщIыныр - фольксштурмыр. Зи ныбжьыр илъэс 16-м къыщыщIэдзауэ 60-м ит къэзыкIухьыф псоми къеджэныр фюрерым игу къэзыгъэкIар пропагандэмкIэ министр Геббельщ. ЯпэщIыкIэ ар ечэнджэщащ а зэманым гитлерюгенд щIалэгъуалэ нацист зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Аксман Артур. Иужьрейм хуигъэфэщащ илъэс 12 ирикъуа дэтхэнэри зэуэфыну. Нэхъыщхьэр ахэр къызэщIэгъэрыIуэнырщ. Дэтхэнэ Iэмалри къигъэсэбэпыну хущIэкъу Гитлер фольксштурм къызэгъэпэщыным теухуа унафэм Iэ тридзащ 1944 гъэм фокIадэм и 25-м.
ЯпэщIыкIэ къащтэр илъэс 16-м къыщыщIэдзауэ 60-м нэс цIыхухъухэм я закъуэт. Ауэ зи ныбжьыр илъэс 12-I5-м ит сабий патриотхэу зэхуэшэсыпIэхэм екIуалIэхэми ирагъэгъэзэжыртэкъым. 1945 гъэм и мазаем щIадзэри зи ныбжыр илъэс 18-м щIигъуа цIыхубзхэми къеджэу хуежьащ Фольксштурмым «езыхэм яфIэфIу» хыхьэрт. Дауи, фочыпэкIэ хахуэртэкъым, ауэ ухыхьэн умыдэныр улIа пэлъытэт.
 Мыпхуэдэ къэхъуащ: фольксштурмым хыхьэн зымыда балигъ ныкъуэхъур «епцIыжакIуэу» къалъытэри, езым и ныбжьэгъухэм яукIыжащ - ахэр Iэщэм хуагъэсакIэт…
Ираджахэм япэ щIыкIэ пщэрылъ щащIырт аэродромхэр, лъэмыжхэр, уэрамхэр яхъумэну. Абы къыдэкIуэу полицейм и къалэнхэри ягъэзэщIэн: гъэру яIыгъ е хамэ къэралхэм ящыщ лэжьакIуэхэу зыкъэзыIэтахэр ираудыхын хуейт. Ауэ щытыкIэм зихъуэжырти, кIуэ пэтми нэхъыбэ я пщэ къыдэхуэрт. I944 гъэм и гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ я закъуэ фашист мелуанрэ мин 600-рэ фIэкIуэдат. Фронтыр Рейхым и гъунапкъэм гъунэгъу къыхуэхъупат, КъуэкIыпIэ Пруссием, уеблэмэ, къыщыщхьэпрыкIакIэт. Арати, фольксштурмым хэтхэр мыгувэу зауэм хыхьэн хуей хъуащ.
ЯпэщIыкIэ я мурадащ щIэуэ къащтахэр сыхьэт 48-кIэ офицерхэм ягъэсэну-а пIалъэм къриубыдэу цIыхур Iэщэм и зехьэкIэм, и гъэуэкIэм хэгъуэзэну къалъытэрт АрщхьэкIэ ипэжыпIэкIэ трагъакIуадэр сыхьэт зыбжанэт. Абы хэлъхьэжырт Iэщэр езы зауэлIхэм къазэремэщIэкIыр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу щIалэщIэхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ я нэхъыбэм иратырт щакIуэ фоч е жьы хъуа Iэмэпсымэхэр. АбыхэмкIэ япэщIэтын хуейт куэдым Iэзэ хуэхъуа советыдэхэм, хамэ къэралхэм я зауэлIхэм.
 Фащэхэм ятеухуа Iуэхур нэхъыкIэжт. Ахэр жыжьэуи яхурикъуртэкъым. Куэдым къалъысыртэкъыми, ящыгъар ящыгъыу зэуапIэм Iухьэрт.
ЖытIэнщи. Женевэ конвенцэм ипкъ иткIэ, фащэ зыщымыгъыр зэуэну хуиттэкъым. АбыкIэ мыхуэпахэр гъэру щаубыдкIэ, бандиту къалъытэрт. Иужьрейхэм я судыр хьэзырт: укIт. Абы къыхэкIыу фольксштурмым ухэтыныр шынагъуэ тIуащIэт.
 КъикIуэти, щIэпхъуэжи хъунутэкъым. Абыхэми я судыр хьэзырт. Ауэ итIани ахэр мащIэтэкъым. Фольскштурмым хэтхэм гуп-гупурэ зыщатырт псом хуэмыдэу КъухьэпIэ фронтым-нэмыцэ пропагандэм ахэр урысхэм щагъэшынэрт. Нэхъапэм «Нэмыцэ щIыналъэхэм зегъэубгъун мурадкIэ КъуэкIыпIэр къэзэун», «Большевизмэм иращIылIа жорзехьэ зекIуэ» псалъэхэр зэрахъуэкIат, «Европэр Азием къикI зэрыпхъуакIуэхэм щыхъумэн», «Славян гущIэгъуншэхэм фапэув» псалъэхэмкIэ:
Иджы я нэгу къыщIагъэувэрт ялъагъу псори зэтезыукIэ, гущIэгъуи хьэтыри зыхэмылъ, арий лъэпкъыр зыгъэкIуэдыну бийр. Апхуэдэ пропагандэм къигъэпцIа нэмыцэ сабийхэр, лIыжьхэр лIэн-къэнэну советыдзэм къыпэщIэувэрт икIи зрагъэукIырт.
 А узижагъуэныр щиухар Берлин къащта иужьщ. Фашист Германием и зауэлI хэплъыхьахэми яхуэдэу фольксштурмым хэт тхьэмыщкIэхэми рейхым и щыхьэрыр яхъумэфакъым. Ахэр зэбгрыжащ.
Зи гугъу тщIы «зауэлIхэм» ящыщу хэкIуэдахэм я бжыгъэр тэмэму ящIэркъым, ауэ псори зэхэту мини 175-рэ хъууэ хуагъэфащэ. Мис аращ щхьэпсыншагъэм и Iэужь шынагъуэр.

 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: