Уузыншэну гугъукъым

ЦIыхум и узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ зыхуэныкъуэр мащIэщ: шхын узыншэ, псы къабзэ, спорт. Шхын узыншэм къикIыркъым ерыскъы лъапсей, гъуэтыгъуей, щIэщыгъуэ. ЩIэныгъэлIхэмрэ диетологхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, IэпэкIэ къыпхуебжэкIынущ узыншагъэм и купщIэр зыхэлъ ерыскъыгъуэхэр.

Бдзэжьей. Хым къыщаубыд бдзэжьейм Iэпкълъэпкъыр апхуэдизу зыхуэныкъуэ Омега-3, Омега-6 дагъэмрэ гъущIымрэ и куэдщ. АбыхэмIэпкълъэпкъым хэлъ холестериныр ягъэкъабзэ, инфарктым щахъумэ, щхьэцыр, Iэбжьанэр Iув, быдэ ящI, акъылымкIэ сэбэпщ, лышх узыфэхэм йобэн. Апхуэдэ бдзэжьейхэм ящыщщ тунецыр, скумбриер, сельдыр. Тхьэмахуэм зэ-тIэу шхын хуейщ бдзэжьей.

Бжьыныху. Бжьыныхум куэду хэлъщ кальций, калий, фосфор, В, С гупхэм хиубыдэ витаминхэр, селен, марганец, йод, нэгъуэщIхэри. Абы цIыхум и иммунитетыр егъэбыдэ, кIэтIийм ис бактерие шынагъуэхэр еукI, холестериныр ирегъэх, лышхым ущехъумэ, зэзымрэ тхьэмщIыгъумкIэ сэбэпщ, маркуэр егъэкIуэд. Бжьыныхур куэдкIэ нэхъ сэбэпщ, цIынэу пшхымэ.

Шей удзыфэ. Шей удзыфэм цIыху куэд зэрытехьам щхьэусыгъуэ иIэщ - абы полифенол жыхуэтIэ антиоксидантыр куэду хэлъщ. ЦIыхум и жьы хъугъуэмрэ узыфэхэмрэ къызэтрегъэувыIэ, щIыфэр узыншэ ещI, псантхуэмрэ гумрэ я лэжьыгъэр зэтрегъэувэж, жьэжьейхэр тэмэму егъэлажьэ абы.

Пхъы. Пхъыр хадэхэкI телъыджэщ. Абы цIыхур зэрызэпкърылъ налъэхэр къегъэщIэрэщIэж, абыхэм я бжыгъэр хегъахъуэ, витамин С, ВI, В2, В3, К, РР куэду хэлъщ, вирусхэм йобэн, лъыр егъэкъабзэ, щIыфэмкIэ, нэмкIэ, дзэхэмкIэ, дзэлымкIэ фIы дыдэщ.

Джэш, джэш хъурей, губгъуэ джэш. Мыбыхэм къэкIыгъэ белок куэду хэлъщи, лы зэмызэгъхэмкIэ шхыныгъуэ телъыджэщ. Абыхэм давленэр зэтрагъэувэж, гумкIэ сэбэпщ, къупщхьэ уз, диабет зэфыкIхэм я хущхъуэшхуэщ, уи ныбэр из ящI, псынщIэу зыбогъэнщI. Джэшым и лIэужьыгъуэхэм гормонхэр зэтрагъэувэж.

Пхъэщхьэмыщхьэхэр. МыIэрысэм, хъурмэм, тIамым, бананым витамин хъушэ яхэлъщ, гемоглобиныр драгъэкIуеиж, лъыр ягъэкъабзэ, гумкIэ сэбэпщ, жьэн узым йобэн, щхьэцымрэ щIыфэмкIэ хущхъуэшхуэщ, щIалэгъуэм къыпащэ.

Дэ. Дэм и сыт хуэдэ лIэужьыгъуэри сэбэпщ. Абы къупщхьэр быдэ ещI, гузавэр пщэхьэщех, гормонхэр зэтреухуэж, кIуэцIымкIэ, лъынтхуэхэмкIэ, псантхуэмкIэ шхыныгъуэ уасэншэщ. Абы къыдэкIуэуи, махуэм дэ грамм 50 нэхъыбэ хуэныкъуэкъым Iэпкълъэпкъыр.

ГъэшхэкI. КъупщхьэмкIэ сэбэпышхуэу къалъытэ кальцийр, фосфорыр, белокыр щыбгъуэтынущ гъэшым. Шхур жьэжьейхэмрэ тхьэмщIыгъумкIэ сэбэпщ, шхалъэ узыр егъэувыIэ, жейр IэфI хъун папщIэ щыгъуэлъыжкIэ шэ стакан йофэ.

Поделиться: