Жэмыкуэ

Жьэгу мафIэр ныкъуэзэхэкIыжщ. КIулэ самэу зэтритхъуа дэп пщтырыр яжьэкIэ щIиуфэну хуожьэ, нэхущым мафIэщIыжыр зэрыпэрилъхьэным хуэдэу. АрщхьэкIэ, мэгупсысэ, мэгупсысэри, пэрыIэмбэр жьэгу къуагъым къуелъхьэж. Ныщхьэбэ хуэдэу жэмыкуэ ишхыну куэд щIауэ игу къихьакъым…
Къотэдж, сырэжь кIыхьым макIуэри, нышэдибэ шэм къытрилъэщIыкIауэ аддэ дигъэкIуэта шатэпс тIэкIур къыдех, йопэм, йопэмри, а зэрыдэтам хуэдэу дегъэувэж. Зи игу техуэркъым жей Iувым хилъэфа и сабиищыр хину, ар езым и закъуэ ишхыну.
Пэжу, ахэри ныбэ нэщIу игъэгъуэлъыжатэкъым КIулэ; жэмыжь закъуэм къыщIишыр яхузэригъэзахуэ зэпытщ. Мис ныщхьэби ху хьэнтхъупсым шатэпс хэтрэ, кхъуей Iыхьэ зырызи телъыжу пщыхьэщхьэшхэр яригъэщIащ.
«Дыгъуаси вэсэмахуи згъэмэжэлIакъым, тхьэ. АтIэ сыт ягъэ кIын ныщхьэбэризэм жэмыкуэ тIэкIунитIэ сщIыуэ си закъуэу сшхыкIэ…»-йогупсыс ар, а игу къэкIам ириукIытэжрэ, зэрызиухеижыным хэту. Къедэуэну щIэсри хэтыт - сабиищымрэ езымрэ… щхьэгъусэр дашри къигъэзэжакъым. Езыр махуэ псом кIэлъхоз губгъуэм итщ, къытралъхьэр и хьэлъэу. Мис нобэрей махуэм уэсыр зытеса нартыхупкъэм хэтащ и лъакъуитIыр псыфыбзэ хъуарэ, пыдиикIауэ, пщэдеи пщэдеймыщкIи къыпэплъэр аращ…и щхьэ хуэпсэлъэжурэ, Iэпхъуалъэ хуэдиз фIэкIа мыхъу шыуан цIывынэр къегъэIэгъуэ, мыгъуэр зи мыгъуа сырэжьым аргуэру макIуэри, шатэр сытми къыдех.
Зы бжэмышх лейуэ кIуэнкIэ шынэрэ, шыуан лъащIэр щIигъанэ къудейуэ, шатэ тIэкIу ирегъаткIуэ, къэкъуэлъэн зэрыщIидзэу, нартыху хьэжыгъэ Iэпэтез хеудэри, жэмыкуэр хьэзыр хъуным пэплъэу мэтIысыж. КIулэ а здэщысым и напэр апхуэдизкIэ мэсри, пщIыпщIын щIэзыдза шыуанымкIэ хуиту плъэфыркъым; къехъурджауэу къыщохъу щIэрыщIэу къызэщIэнэжауэ адэ-мыдэкIэ зызыдз мафIэ бзий нэгъунэ.
«ИгъащIэкIэ быныр хэзну си жьэм дэзмыхьеину арат, ауэ пщэдей гуэрым уэсым сыхэту нартыху дэсчын щыхуейкIэ, Алыхьым сыкъелъагъу, игу къызэбгъэнкъым. ИтIанэ, псом ящхьэжыр… къарууншэ сыхъурэ си лъэр щIэхумэ, си сабийхэр дауэ зэрыхъунур, жызоIэри аращ»,-зэгупсысыф къигъанэркъым фызабэ тхьэмыщкIэм, а ищIэ «щIэщхъум» щхьэусыгъуэ къыхуигъуэтын папщIэ.
Хьэзыр хъуа шыуаныр къытрихыжыну щыIэбэм, шэм хуэдэу абы зыгуэр къолъэтри, жьэгум пэрохуэ, ар зыпхъуэта мафIэ бзийр нэхъри нэхъ иныжу дрилыпщIейуэ. КIулэ шыуан цIыкIум йоплъэ-нэщIщ, жэмыкуэ Iэшкуэ цIыкIунитIэр мо шыуан нэхъ цIыкIужым къилъэтри, яжьэм хэжэбзыхьыжащ, мыдрейм къэхъуар къыгурыIуэху.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: