Кулизар «мэIэзэр»

Ауан

- Къэбэрдейм къикIыу Синэхухэ къэкIуа фыз Iэзэм дунеишхуэр хузэблэкIыу зэрыжаIэу уэ тхьэмыщкIэжь мыгъуэр занщIэу сигу укъэкIащ, - жиIэурэ Сурэт къихьа шейхэкIэр зэрыт фалъэр стIолым тригъэувэри етIысэхащ. 
- Алыхьыр арэзы къыпхухъу, сыту хъыбарыфI дыдэ къысхуэпхьа. Къызэмыузу зы Iэпкълъэпкъ сиIэкъым... 
- Сурэт къыжриIахэр Хъаным и гуапэ дыдэ зэрыхъуар пщIэуэ щIэгуфIыкIащ, итIанэ къыщIигъуащ: «Зэпытыр къахукIуэ псоми. Уи напIэ зэрызэтеплъхьэу къэнэжынущ. Ди щхьэ дыкIэлъымыплъыфурэ гъащIэр макIуэ. Узыр уэ къожьэн. Хьэдрыхэ здэзыхьаIа щыIэкъым. Пщэдей сыкIуэнщ», - Хъаным и щхьэ хуэхъущIэжурэ Сурэт куэбжэм дишыжащ. 
- Алыхь, пэжмэ, ди щхьэм зыри тхуехьэлIэркъым. Дахэлинэ къысхуэзати, фыз Iэзэм щытхъупсыр къригъэжэхащ. Абы и къуэ закъуэр-щэ? ПщIэжкъэ? Илъэс дапщэ хъуауэ сымаджэ? Мис ар фыз Iэзэм игъэхъужыну жиIащ. Иджы анэр бжэн къуий дагъэрэ илъэсищ хъуа май форэ мэлъыхъуэ. Ахэр къызэригъуэту хущхъуэ хьэлэмэтыщэ хузэхилъхьэнущ. ИтIанэ, сщыгъупщэрти, бзу къаукIагъащIэ зи псэр хэмыкIам игу цIыкIур псынщIэу кърипхъуэту зэрыпIэтIауэу иригъэлъэтэхыну къыхуигъэуващ. Узым уимыгъэщIэн щыIэ?! Хьэл жаIами уигъэшхынущ, алыхьым къысхуимыухкIэ жыIэ армыхъумэ, - Сурэт и пщэдджыжь хъыбархэр утыкум кърилъхьащ.
Iэзэм и IэзэкIэу Сурэт къыжриIам фIэщхъуныгъэ къритати, жэщ псом жеякъым Хъаным, нэху къызэрекIыу цIыхухэр чэзууэрэ зыхузэблэкIым деж кIуащ. 
Фыз лъахъшэ зэпэхъурей цIыкIут ар. Бысым гуащэм хухиха пэшым и закъуэ щыIэзэт. Зырызурэт цIыхухэр зэрыщIигъэхьэр. Джэдуужь хуэдэ зигъэтIэтIэжу гъуэлъыпIэкум здисым Iущащэурэ зыгуэрхэр къибжырт. И жьэгъу къыщIэлэлам и пщэр щIихъумэжауэ плъагъужIатэкъым. Псом хуэмыдэу ар гурымыхь щыхъур и нэгъуджэр и пэбг кIагуэм къытригъэкIуатэу и дзыгъуэнэ цIыкIухэр зэригъажэу щыщIидзэм дежт.
Дыщэм къикъутэ и Iэпхъуамбэхэр дыщэдзэхэр къызыIупс и Iупэхэм щIэх-щIэхыурэ Iуилъхьэрт. 
- Алыхьыр Iэзэщ, уэ уIэзэщ. Уи цIэр куэдрэ фIыкIэ жауIэ. Уи хъыбарыфI яIуатэм сыкъыпхуишащ, - зэкIэлъигъэпIащIэу къригъэжьащ Хъаным и матэр здиунэщIым. 
Шхын лIэужьыгъуэу стIолым къытемыхьа щыIэтэкъым, гуэгушыхъу укIамрэ бостеяпхъэ лъапIэмрэ щIыгъужу.
ЗыфIимыгъэIуэхуурэ а псоми я деж ноплъыс Iэзэр, и IупитIри фIызэтож. ИтIанэ фэрыщIыгъэ хэлъу: 
- Апхуэдизу угузэвэн хуея мыгъуэкъым. Ауэ, угузэвами, уи щхьэм и щхьэузыхьщ, - жеIэри, нэхъ жан къэхъуауэ, сымаджэм къеузымкIэ еупщIу щIедзэ: 
- Нэхъыбэу узыгъэгумэщIыр сыт? 
- Алыхь, къызэмыуз симыIэ. Си Iэпкълъэпкъыр сысымей хуэдэщ, хьэлъэщ, хуабэри щIыIэри къызэзэгъкъым, - нэщхъей-нэщхъейуэ жэуап къетыж Хъаным. 
- Зэм укъызэщIэплъэу, зэм техьэгъуэм уиубыду ухъурэ? 
- Упсэу, ардыдэщ, – сымаджэр къыхудэплъеящ. 
- Алыхь, иджы къэсщIакIэ. Мы тхылъымпIэм кIуэцIылъыр тхьэмахуищкIэ зыщIэбгъэуэнущ, мыбы уефэнущ. Ауэ, нэхъыщхьэр, хуабэм деж жьауэм, щIыIэм деж унэ хуабэм ущIэсынырщ, - а «рецептхэр» къритри фызыр къригъэжьэжащ. 
КъыжриIауэ имыщIа щыIэкъым Хъаным. АрщхьэкIэ нобэр къыздэсым гурыфIыгъуэ лъэпкъ иIэкъым. ЩIэгъауэм Хъаным и нэпкъпэпкъыр дэбэгыу щIидзащ, зэфами зэи имыкIыж щхьэузыр къыхуигъэнащ.
 

 

КЪАНТЕМЫР Тыркубий.
Поделиться:

Читать также: