Жылэр зэтезыIыгъэ Къуиижь ЦIыкIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: мо Къалэжьым хуэдэ къуажэ гуэрым я Iэхъуэр Iуичри, жылэр Iэхъуэншэу къэнащ. ЩIэупщIэщ-къыщIэупщIэжри, Iэхъуэн къахэкIакъым. Гъуо ягъаджэри, Iэхъуэу хуежьэн къыкъуэкIакъым. Къуажэр унащхьэ чэзууэ щIапщытыкIри, ерэхъу жызыIэн ягъуэтакъым. Жылагъуэр зэхуэсщ аби: «Уэ жылэ махуэ хъун, тхьэм и хьэтыркIэ ди былымыр къулейсыз дывмыгъэщI» - жаIэри зэчэнджэщащ.

А къуажэм дэст, жаIэ, Къуиижь ЦIыкIy, и щхьэфэр гъуэплърэ мы дыщэ плъыжьу, махуэм дыгъэм игъэлыдрэ жэщым дунейр игъэнэхуу. А Къуиижь ЦIыкIyм, езым хуэдитI и инагъыу хьэмкIутIей башышхуэ кърибзэщ аби, жылагъуэм я пащхьэм къыщыхисащ:

- Уей, жылэ махуэ хъун! - жиIэри. - Сэ Iэхъуэу сыфхуежьэнщ, ауэ махуэу си пыIэ щхьэрывмыгъэз, жэщу фыкъызэмыплъакIуэ, си зэхэзекIуэ фыкъемыщхьэкIуэ, си IэхъупщIэми къыкIэлъызывмыгъэкIyхь!

Жылэр гуфIащ:

 - Айхай хъун! Ар мыхъумэ, сыт хъужын! - жаIэри Къуиижь ЦIыкIy Iэхъуэ лIыщIэу къащтащ.

Арати, езым хуэдитI хъу башыжьыр здещтэри, Къуиижь ЦIыкIy хъушэр хъун къырым еху. Пщэдджыжьым егъэхъуакIуэ, шэджагъуэм псыхъуэм щегъэбэдзауэ, пщыхьэщхьэм псынэпс ирегъафэри, жэм шхуэлхэр хьэфэ топу къехуж. Хъушэр щыдэкIкIэ сабэр къаIэтауэ докI, къыщыдыхьэжкIэ я быдзыпэм къыпыж шэм гъуэгу сабэр зэрипхъуэу къыдохьэж. ШкIэуэ къалъхур натIэ гъуджэрэ лъакъуэ джафэу - апхуэдэт, жи.

Арати, къуажэм зыкъаужьыж, жылэр псынщIэу бей мэхъу, цIыхур щокI.

Йоуэри, и пIалъэр къэса хъунти, Къуиижь ЦIыкIy и фызыжь цIыкIyp щIыгъуу хохьэри, IэхъупщIэр къыхах - шэр шэуэ, шатэр шатэу, кхъуейр кхъуейуэ, нартыхури апхуэдэу, хури апхуэдэу. Арати, нэху къокIри, пщэдджыжьым, Къуиижь ЦIыкIy, Iэхъуэ щыдэкIым, и фызыжь цIыкIум унафэ къыхуещI:

- Фызыжь цIыкIуу фызыжь цIыкIу, - жи, - шхурэ мырамысэрэ сигу къэкIащи, мо шэ пэгуныр схуэгъапцIэ, мо нартыху матэр хьэжи, мырамысэ лэгъуп схуэщI! Къуиижь ЦIыкIy хъушэр дехури докI, фызыжь цIыкIум нартыху матэр ещтэри, Анзорхэ я пщхьэлыжьым макIуэ. KIya щхьэкIэ, щхьэлынэм ирагъэкIуалIэркъым: щхьэлтетыр нэкIэ къеплъыркъым, щхьэлакIуэлIхэм Iумпэм къащI, щхьэлакIуэ фызхэр къодэмэпкъауэ:

- Сытым ещхь, - жаIэ, - и лIыр къуиижь цIыкIуу, езыр гъуабжэжь цIыкIуу, Iэхъуэу, пщампIахъуэу, я шыуан дзыгъуэ цIыкIу хэупIэрэ я хьэжыгъэр дзыгъуэшхуэ лIапIэу!

Жэщ хъуху Iуфэр къижыхьу щот фызыжь цIыкIури, ихьар зэрихьауэ къехьыж. Къуиижь ЦIыкIy къосыжри, куэбжэм деж къыщогуо:

- ПсынщIэу, - жи, - шхын щхьэкIэ солIэ: мырамысэ лэгъупрэ шэ пэгун къипцIыкIа шхурэ къысхутегъэувэ!

Фызыжь цIыкIу магъри и Iуэху зэрыхъуар хуеIуэтэж.

- Тхьэм къахуигъэгъункъым! - жеIэри, зэлIзэфызыр нэщIу мэгъуэлъыж.

Нэху къокIри, пщэдджыжьым Къуиижь ЦIыкIy, хъушэр щыдихум, и фызыжь цIыкIум унафэ къыхуещI:

- Фызыжь цIыкIуу фызыжь цIыкIу, - жи, - IэфI сигу къэкIащ: ди къамылыр Лъакъуэдыгъухэ я къамылфо пIытIым лъэфи пIытI, гъави, пщыхьэщхьэ сыгъэшх!

Къуиижь ЦIыкIy Iэхъуэ докI, фызыжь цIыкIум гъубжэ ехьри, я къамыл тIэкIур къехыжри, Лъакъуэдыгъухэ я фо пIытIым елъэф. АрщхьэкIэ фопIытIым къилъагъуркъым, фо пIытI кIya лIыхэр къеплъыххэркъым, фо пIытI кIya фызхэм Iумпэм къащI:

- Сытым ещхь зэлымпIыжауэ! - жаIэ. - И лIыр Iэхъуэу езым ихъун имыIэу, зылI иIэрэ къуийуэ, унэ иIэрэ нэфу! КIуэж, дихыжын, уи мэ къытщомыгъэу! - жаIэри къахуж.

Къуиижь ЦIыкIy къосыжри, куэбжэм къыщыдыхьэжкIэ, къогуо:

- ПсынщIэу, - жи, - фызыжь цIыкIу: фалъэм и нэр къыщыпкIрэ Iэнлъэм изыр пкIыжауэ! Сомэх!

Фызыжь цIыкIу магъри фо пIытIым къыщыхъуар жреIэж.

- Зымыгъэгъум ари игъэгъункъым! - жеIэри гъуэлъыжыну щыхуежьэкIэ, фызыжь цIыкIу къокIэрахъуэ и гупэми къегъэувыIэ:

- Къуиижь ЦIыкIуу къуиижь цIыкIу, - жи, - жылэм я Iэхъуэу зыхъун зымыгъуэт, ди гъунэгъум я хьэгъуэлIыгъуэщ: зыкъыблегъэх-зыблегъэхыж, хэт ищIэн, гу къыплъатэмэ, урагъэблэгъэнщ. КъэпшхIами уи хьэлэлщ, къэпхьIами си Iыхьэщ!

Къуиижь ЦIыкIу, йоуэри, зыблрегъэх-зыкъыблрегъэхыж, зыри щыжамыIэкIэ, дохьэ, нэхъыжьхэм я деж щIохьэри, гуп махуэ апщий яжреIэ - къызэхахыркъым; нэхъыщIыхэм я дежкIэ йокIуэкIри, гуп махуэ апщии яжреIэ - кърадзэххэркъым, пщафIэм ябгъэдохьэри къыIуахуж. Арати, а жэщми зи ныбэ изыр шхащ, зи ныбэ нэщIыр мышхэу гъуэлъыжащ.

Нэху къокI, пщэдджыжьым Къуиижь ЦIыкIу къотэджри мэжджытым макIуэ. Нэмэз нэужьым жэмхьэтыр къыдэкIыж пэтрэ, Къуиижь ЦIыкIy япоув:

- Уей, жэмыхьэт махуэ хъун! - жи. - Фи былымыр дэнэ щыIэ?

- Дэнэ щыIэн? - жаIэ. - Ди пщIантэ дэтыжщ. Къэшын яухмэ, ныдэтхунщ.

- НтIэ, - жи Къуиижь ЦIыкIy, - фи былымыр фи пщIантIэ дэтыжмэ, мыри фи Iэхъуэ башщи, хъер фхухъу! - жиIэри, езым хуэдитI хъу хьэмкIутIей башыр жэмыхьэт пащхьэм къыщыхитIэщ аби, къеуэри къыдэкIыжащ.

КъыдэкIыжри, фызыжь цIыкIум и Iэпэр иубыдри мис мы ди къуажэ хуэдэ гуэрым кIуэри, Iэхъуэ лIыщIэу хуежьэри, игъэунащ.

МодэкIэ жэмыхьэт къэнар зэхэупщIыхьыжри, Къуиижь ЦIыкIy и хьэмкIутIей башыр къыхэзычын къахэкIакъым; гъуо ягъаджэри Къуиижь ЦIыкIу и башым зыгуэри къыкIэлъыкIуакъым; унащхьэ чэзууэ кърахьэкIри зэзыпэсын ягъуэтакъым. Апхуэдэурэ Къалэжьым я былымыр къулейсыз хъуащ, гъавэр гъейм ихьащ. ЦIыxyp къулейсыз щыхъум, я щхьэ щIахьэри щIэкIащ. КъуажэкIэ дыдэм деж зы фызыжь цIыкIу щыпсэути, еплъщ-еплъри, зэкуэфэуэжащ, жи:

- Тобэ, тобэ, мы жылэр Къуиижь ЦIыкIy зэтриIыгъэу хэт и фIэщ хъунт! - жиIэри.

А фызыжь цIыкIум нэхъ губзыгъэ а жылэм къыдэкIакъым, жи. Иджырей Къалэжьыр а фызыжь цIыкIум къетIысэкIыжахэращ. Ар уи фIэщ мыхъумэ, Къалэжьыкум деж ит мывэжьым бгъэдэс фызыжь цIыкIум еупщI: сэ аращ жызыIэу зэхэсхар - къызэрызащамкIэ узощэж.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: