Улахуэ нэхъ мащIэм теухуауэ

КъБР-м и Правительствэм бюджетым и хэхъуэмкIэ, финанс, бюджет, налог зэгъэ­зэхуэкIэм кIэлъыплъынымкIэ и комиссэм хэтхэр тепсэ­лъы­хьащ республикэм и зэщIэгъэуIуа хэхъуэм. ЗэIущIэр ири­гъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ, комиссэм и унафэщI Къуныжь МуIэед.
 
Налог, мыналог хэхъуэхэмкIэ КъБР-м и зэщIэгъэуIуа мылъ­кур иужьрей мазибгъум гъэ­зэщIа зэрыхъуар игъэнэ­Iуащ­ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. Абы къыхигъэщащ налог, мыналог хэ­хъуэу ягъэзэщIэн хуея сом мелард 19,2-м щыщу а пIалъэм къриубыдэу сом мелард 15 ­къа­зэрыхэхъуар. Налог хэхъуэр гъэзэщIа хъуащ сом мелард 12,7-кIэ, мыналог хэхъуэр – сом меларди 2,22-кIэ. Республикэм и налог, мыналог хэхъуэр сом мелард 1,7-кIэ нэхъыбэщ илъэс кIуам иIам нэхърэ. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, къэрал, муниципальнэ мылъкур къы-­ зэ­рагъэсэбэпым къытхуихь ­хэ­хъуэм республикэм и мылъкур ­игъэбэгъуащ процент 153,5-кIэ, ПДД-м и штрафым – процент 143,3-кIэ.
2022 гъэм щIышылэ мазэм щегъэжьауэ фокIадэ хъуху республикэм и налог хэхъуэ лIэу­жьыгъуэхэр илъэс кIуам нэхърэ нэхъыбэщ: IуэхущIапIэхэм къата налогыр сом мелуани 105,7-кIэ (къыхэхъуар сом мелуан ­        1460,8-рэ); цIыхухэм я налогхэр – сом мелуан 291,8-кIэ (къыхэхъуар сом мелуан 2 909,3 –рэ); акцизхэм я налогыр – сом мелуан 575,3-кIэ (къыхэхъуар сом мелуан 3 265,0-рэ), хэхъуэ зэ­рыIыгъым – сом мелуан 160,2-кIэ (къыхэхъуар сом мелуан 1,016,7 - рэ); мылъкум техьэ налогым сом мелуан 132,6-кIэ (къыхэхъуар сом мелуан 1,270,7 – рэ), щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэу къагъэсэбэпам техьар – сом мелуан 1,5-кIэ (къыхэхъуар сом мелуани 6,7-рэ мэхъу).
Налог, мыналог мылъкуу мы гъэм щIыналъэхэм къыщыхахащ сом мелуани 3,981,3-рэ. Ар процент 11-кIэ нэхъыбэщ нэ­гъабэрейм нэхърэ. 2021 гъэм ебгъапщэмэ, 2022  гъэм налог хэхъуэр нэхъыбэ щыхъуащ Дзэ­лыкъуэ (проценти 116-кIэ), Лэс­кэн (проценти 113,8-кIэ), Май (проценти 117,1-кIэ), Прохладнэ (проценти 107,6-кIэ), Тэрч (проценти 115,4-кIэ), Аруан (проценти 108,9-кIэ), Шэджэм (проценти 111,7-кIэ), Шэрэдж (проценти 101, 8-кIэ) щIыналъэхэм.
Мыналог мылъкур гъэзэщIа хъунымкIэ муниципалитетхэм щы­Iэ щытыкIэмрэ Iэмалхэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIухэр.
- Бэджэндрылажьэу цIыху 618 - рэ диIэщ. КъыхэтхыкIын хуея 118-м щыщу 66-р учётым дгъэуващ. Иужьрей илъэсхэм бэ­джэндырылажьэхэм зэгуры­Iуэ­ныгъэхэр щедухылIэм деж, къы­догъэлъагъуэ бэ­джэнд уасэу ятын хуей мылъкур къалэжьым и процент дапщэ хъун хуейми. ИкIи нэхъапэхэм нэхърэ ар нэхъыбэщ – хуэгъэфэщауэ, процент 47-рэ хуэдизщ. Бэджэндым и хабзэхэр гъэ­зэ­щIа зэрыхъум, искхэм, суд ­Iуэ­ху­хэм теухуауи долажьэ, - жи­Iащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и уна­фэщIым и япэ къуэдзэ Бей ­Iэуес.
Лэскэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Инжыжокъуэ Сэфарбий жиIащ щIыналъэм бэджэндым и хэ­хъуэр нэсу гъэзэщIа зэры­щыхъур. Бэджэндрылажьэхэм ирау­хы­лIэ зэгурыIуэныгъэхэм къы­щыгъэлъэгъуащ ахэр учё­тым увын зэрыхуейри.
- Бэджэндым и пIалъэр зы­хуэдгъэIэпхъуэхэми дяпэкIэ ахэр учётым зэрыувыпхъэри дэф­тэрым къыщыдогъэлъа­гъуэ. КъыхэттхыкIыну дыхунэсащ щIыналъэм и бэджэнд­рылажьэхэм я процент 48-р. Мымэкъумэш IуэхукIэ къагъэсэбэп щIым къытекI мылъкур накъыгъэм къэдбжыжащ. Ар сом мелуани 2-м щIегъу.
Псэуалъэ тращIыхьыну ящэху щIым хэхъуэ къыдитыркъым, апхуэдэ щIым щIэупщIэ иIэкъыми, - жиIащ абы.
- Шэрэдж щIыналъэм щыIэ щытыкIэм щытепсэлъыхьым щIы­пIэ администрацэм и унафэщI Кульбаев Алан къыхигъэщащ бэджэнд щIыхуэ зытелъхэм егъэпшыныжынымкIэ иджыпсту хэкъузауэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыр.
- ЩIы щэным теухуауэ лъэпощхьэпохэр щыIэщ. Нэгъабэ зы щIы Iыхьэ тщэныр гугъу ­хъуащ, ар мэзым зэрыпэгъунэгъум къыхэкIыу. Иджыпсту абы теухуауэ суд Iуэхухэм дыхэтщ, - жиIащ Алан, зыIууэ гугъуехьхэр къыхигъэщу.
Къуныжь МуIэед къыхигъэщащ нэ­гъуэщI щIыналъэхэм Iэпхъуэ хьэрычэтыщIэхэм я Iуэхуми унафэ щхьэхуэ тещIы­хьын зэ­рыхуейр, сыту жыпIэмэ, ахэр иужь итщ а здэщыIэм налогыр щатыну. Хабзэм къы­зэригъэувымкIэ, абыхэм налог щатын хуейр я IуэхущIапIэр здэщыIэ щIыналъэрщ, ар­мыхъу­мэ езыхэр зыщыпсэу щIы­пIэракъым. Ап­хуэдэ хьилагъэ хуэ­кIуэхэр къэгъэувыIэн ­хуейщ.
КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м и хьэ­рычэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм республикэм нэхъ мащIэ дыдэу къыщекIуэкI улахуэм и IуэхукIэ зэраухылIэ зэгуры­Iуэ­ныгъэм тепсэлъыхьащ КъБР-м­ и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт.
- Къэралым нэхъ мащIэу игъэу­ва улахуэм и лъабжьэ къе­мых лэжьапщIэ къихьын хуейщ­ дэтхэнэми. Апхуэдэ улахуэр Конституцэм къехъумэ, абы зыри хэIэбэжыну хуимыту. Адрей улахуэ лIэужьыгъуэхэр, псалъэм папщIэ, утезыгъэгушхуэр е социальнэ улахуэр апхуэдэу хъума хъуркъым. Абы тету, профсоюзхэм я зэгу­хьэныгъэм къыхелъхьэ 2023 - 2025 гъэхэм хуэгъэзауэ лъэныкъуищкIэ зэдухылIэ зэгуры­Iуэныгъэм къарукIэ лажьэхэм (япэ разрядым хиубыдэ лэжьа­кIуэхэм) я улахуэр цIыхур псэу­ным папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеину мылъку хуэдиткIэ гъэбэгъуам нэхърэ мынэхъ мащIэу гъэбелджылын хуейуэ. Зэ­рыфщIэщи, 2018 гъэм щегъэ­жьауэ нэхъ мащIэ дыдэу ят улахуэмрэ цIыхур псэуным папщIэ я нэхъ мащIэу зыхуэныкъуэ ахъ­шэмрэ зэрагъэхь щымыIэу хъуащ, дэ къыдолъытэ МРОТ-р цIыхур псэуным папщIэ я нэхъ мащIэу зыхуэныкъуэм нэхърэ нэхъыбэн хуейуэ.
- Профсоюзхэм къагъэлъэ­гъуа­ сом мин 29-р ди зэманым апхуэдэуи куэду схужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, дунейр зэ­рыт щытыкIэр я щхьэусыгъуэу­ цIыхухэр зыхуэныкъуэ хьэп­шып­хэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я уа­­сэм хагъэхъуащ. Уи лэ­жьа­кIуэм МРОТ-м нэхърэ нэхъ мащIэ улахуэ хуэбгъэлъэгъуэнри ептынри къезэгъыркъым, - жиIащ Амщокъуэм.
Урысейм и федеральнэ налог къулыкъум и IуэхущIапIэу ­КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Лытневэ Наталье къэп­сэлъащ КъБР-м щат улахуэхэр пэжым тетыным кIэ­лъып­лъы­ным и лъэныкъуэкIэ налог Iуэ­ху­щIапIэм и Iэмалхэм теухуауэ.
- IуэхущIапIэхэм ят улахуэм щIэх-щIэхыурэ дыкIэлъоплъ. Зи лэжьакIуэхэм МРОТ-м нэхърэ нэхъ мащIэ улахуэ езыту къы­щIэдгъэщхэм я Iуэхур щIыналъэ администрацэхэм, Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм, ­КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэ­щы­жы­нымкIэ и министерствэм, ­КъБР-м и Прокуратурэм идогъэхь. Налог кIэлъыплъыныгъэ едгъэкIуэкIри, улахуэм теухуа хабзэхэр щамыгъэзащIэ IуэхущIапIэхэм апхуэдэ лэжьэкIэм и щхьэусыгъуэхэр жедгъэIащ. МРОТ-м нэхърэ нэхъ мащIэ улахуэ къэзыхьхэр лэжьапIэ зыбжанэ зэдэзыхьхэмрэ махуэ ныкъуэкIэ лажьэхэмрэщ е ахъ­шэ къыпэмыкIуэу я щхьэ IуэхукIэ дэсхэрщ. ЩэкIрэ щыгъынрэ къыщIэзыгъэкI, ухуэныгъэм пы­щIа, мэкъумэш IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм я лэжьэкIэмрэ улахуэ зэрат щIыкIэмрэ къэтпщытащ. 2022 гъэм и япэ мазихым тепщIыхьмэ, а IуэхущIапIэхэм ят улахуэр нэхъыбэ хъуащ­ 2021 гъэм къекIуэкIыу щытам нэхърэ. Псалъэм папщIэ, щэкI къыщIэзыгъэкI, щыгъын зыд IуэхущIапIэхэм ику ит улахуэу щат сом мин 13, 589-рэ. Илъэс кIуам ар сом мин 12, 585-рэт.
- ЩэкIымрэ щыгъынымрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм яхэтщ мазэм и улахуэу сом мин 15 фIэкIа къэзымыгъэлъагъуэ­хэри, яхэтщ сом мин 40 къэзыгъэлъагъуэхэри. Ауэ, гъэщIэ­гъуэнракъэ, а сом мин 40 къэ­зыгъэлъагъуэхэм лэжьэн цIыху ща­хуримыкъур нэхъыбэщ, модрейхэм лэжьэн щакуэдым деж. Абы къикIращи, IуахущIапIэ псоми ипэжыпIэкIэ ят лэжьапщIэр дэфтэрым къыщагъэлъагъуэркъым. Апхуэдэхэми унафэ яхуэщIыпхъэщ. Щхьэ ахэр зэвмыгъапщэрэ? – жиIащ Къуныжь МуIэед.
Къуныжьым жиIащ хабзэм темыт IуэхущIапIэхэм икIэщIы­пIэкIэ я щыуагъэхэр ягъэзэ­кIуэжын зэрыхуейр.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: