Адыгэ таурыхъхэм я хъумакIуэ

ДифI догъэлъапIэ

Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу илъэс куэдкIэ лэжьа Тхьэмокъуэ Женэ къызэралъхурэ дыгъэгъазэм и 10-м илъэс 80 ирокъу.

Тхьэмокъуэ Женэ 1942 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. 1970 гъэм КъБКъУ-м и филологие къудамэр къиухащ. 1986 гъэм абы пхигъэкIащ «Адыгская бытовая сказка. Сюжетный состав в сравнительном освещении» диссертацэр.

Женэ адыгэ таурыхъхэр джыным, абыхэм я жанрхэр къэхутэным илъэс куэд щIауэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI. Апхуэдэу адыгэ псысэхэр къыдэгъэкIыным хуигъэхьэзыращ. 2005 гъэм дунейм къытехьа «Адыгэ таурыхъхэр» тхылъым и япэ томыр зэхэзыгъэувари аращ. Абы хигъэхьащ новеллэ-псысэхэр. Иджыблагъэ къыдэкIащ «Адыгэ таурыхъхэр» тхылъым и етIуанэ томыр, псысэ телъыджейхэри щызэхуэхьэсар. «Таурыхъым и хъуэпсапIэ» тхылъри къыдэзыгъэкIар Тхьэмокъуэращ. Абы къызэщIеубыдэ таурыхъхэм я жанр зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэщ новеллэ-псысэхэр, псысэ телъыджейхэр, псэущхьэхэм ятеухуахэр. КъыдэкIыгъуэхэм хигъэхьащ КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Гъут Iэдэм, езы Женэ сымэ къуажэ-къуажэурэ къызэхакIухьурэ зэхуахьэсыжа псысэхэр. КъыжыIапхъэщ, а таурыхъхэр къэзыIуэтэжахэм зэрыжаIэжам зэхъуэкIыныгъэхэр хамылъхьэу, IуэрыIуатэм и хабзэм тету, я къэпсэлъыкIэр, диалектыр, зэрахъумар. Апхуэдэхэщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щатхыжахэр. Нэхъыщхьэращи, щIэныгъэм къигъэув хабзэм тету, псысэр къэзыIуэтэжам и цIэ-унэцIэри, ныбжьри, IэщIагъэри, зыщыщ щIыналъэри, щатхыжа гъэри гуэдзэну щIыгъужащ. АбыкIэ нэрылъагъущ ди республикэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр. Тхьэмокъуэ Женя 2014 гъэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къыщыдигъэкIащ новеллэ-псысэхэм ятеухуа «Адыгская бытовая сказка (сюжетный состав в сравнительном освещении)» и монографиер.

- Си адэр симыIэжу си анэм сипIыжати, адыгэ таурыхъхэм сыщIигъэдэIуу сыкъэхъуащ. Институтым лэжьэн щыщIэздза нэужь, 80 гъэхэм таурыхъхэм елэжьыныр, ахэр зэхуэсхьэсыжу къыдэзгъэкIыжыныр си пщэ къыдалъхьат. Институтым и нэхъыжьхэри абыкIэ къыздэIэпыкъуащ, гъуэгу сытрагъэуващ, - жеIэ Тхьэмокъуэ Женэ. - Москва ЭтнографиемкIэ и институтым таурыхъыдж Померанцевэ Эрнэ и деж сагъэкIуат таурыхъхэм зэрелэжьым нэхъыфIу зыщыхэзгъэгъуэзэн папщIэ. А IуэхущIапIэм сызэрагъэкIуар щхьэпэ къысхуэхъуащ адыгэ таурыхъым и мызакъуэу, дунейпсо таурыхъым сыхыхьэнымкIэ. Апхуэдэу лъэпкъ таурыхъхэр зэрызэзгъэпщэнуми сыхуигъэсащ Померанцевэм. Абы и унафэм сыщIэту си диссертацэри стхащ. ИужькIэ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым дунейпсо литературэмкIэ и къудамэм си диссертацэр щыпхызгъэкIри сыкъэкIуэжащ. Таурыхъхэр щызэхуэхьэса томитху къыдэзгъэкIыну пщэрылъ къыщысхуащIым, абы и бжыгъэр языныкъуэхэм куэд ящыхъуами, тыншу зэхуэсхьэсащ, псысэкIэ лъэпкъыр дыкъулейти. Адыгэ таурыхъхэр цIыхубэм я пащхьэм илъхьэжыныр Iуэху дахэт. Псысэхэм сабийхэр щIэтпIыкIмэ, я бзэр къиутIыпщынущ, лъэпкъ хабзэр, Iущыгъэр, захуагъэр, бзэр хъума хъунущ. Бзэр тфIэкIуэдмэ, дылъэпкъыжкъым. Ди бзэр тхъумэн хуейщ!

- 1979 гъэ лъандэрэ Тхьэмокъуэ Женэ ди институтым щолажьэ. А бзылъхугъэм щIэныгъэфI зэрыбгъэдэлъыр къагъэнаIуэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэм, - жеIэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Быхъурэ Мухьэмэд. - Ди адыгэ таурыхъхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. Сабий таурыхъхэм къадэкIуэу, диIэщ балигъхэм яхуэгъэзахэри. Нэхъыбэм къыщыгъэлъэгъуащ Iейм фIыр зэрыщытекIуэр. Зэштегъэу къудей мыхъуу, таурыхъхэм щIэблэр щIэтпIыкIмэ, абыхэм хуэфащэ гулъытэ яхуэтщIмэ, я къэухьым зэрызригъэужьынум, дуней тетыкIэм фIыкIэ зэрызихъуэжынум, ди къэкIуэнур, пщэдейр зэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым. Ди адыгэ псысэхэм теухуауэ Женэ зэфIиха лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи ахэр лъэпкъ IуэрыIуатэм и хэлъхьэныгъэфIщ.

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа дэтхэнэми къыбгъэдэкIыу Женэ дохъуэхъу узыншагъэ быдэ, гуфIэгъуэ иIэу, бэIутIэIуншэу илъэс куэдкIэ ди япэ итыну!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: