Жэрдэмыр къыдаIыгъащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЩIэныгъэ-техникэ къэхутэныгъэхэмрэ егъэджэныгъэр зэпымыууэ зэтеублэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Махиевэ Танзиля «КъэкIуэну лъэхъэнэхэм я IункIыбзэIухыр» зи фIэщыгъэ жэрдэмыщIэр щызэпкърах зэIущIэм иджыблагъэ хэтащ. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари УФ-м бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Шадаев Максутщ.

ПэIудзауэ екIуэкIа зэIущIэр теухуат IT-IэнатIэм пэрыт IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIхэр егъэфIэкIуа зэрыхъуну Iэмалхэм, абы тещIыхьа къэрал пэхуэщIэр (проектыр) гъэзэщIэным и хэкIыпIэхэм. «IT-IэнатIэмрэ IэщIагъэлIхэм я зыужьыныгъэмрэ» пэхуэщIэр «Урысейм и бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэ» къэрал программэм щыщ Iыхьэщ, абы къигъэув Iуэхугъуэхэр гъащIэм хэпщэныр зи пщэ дэлъыр Шадаев Максут зи унафэ ищI къулыкъущIапIэращ. ПэхуэщIэм къызэригъэувымкIэ, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм къыщегъэжьауэ къэралым щыпсэу дэтхэнэми нэсыжу иджырей дунейр зыхуэкIуа, бжыгъэр и лъабжьэу къэунэхуа IэщIагъэхэм щыгъуазэ зыщыхуащI щIыпIэхэр къахузэгъэпэщын, а Iэмалым цIыхубэр къызэщIигъэхьэу щытын хуейщ. Ар зэщIа хъуным зи нэIэ тетыр «Лъэпкъ технологие жэрдэмхэм я университет-2035» жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ.

ЖэрдэмыщIэр гъащIэм хэзыпщэну гукъыдэж зыщIа IуэхущIапIэ 21-м языхэзщ КъБКъУ-р. ЕджапIэ нэхъыщхьэм пщэрылъ зыщищIыжа IуэхугъуэмкIэ 8 - 11-нэ классхэм щ1эсхэм папщIэ иджырей программэхэр зэрылажьэ бзэхэм щыхурагъаджэ илъэситI курсхэр зэхишэн хуейщ. Курыт щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт еджакIуэхэм я дежкIэ ар щIэныгъэ гуэдзэ хъуну аращ къызэралъытэр. КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэм зэхагъэува программэ лIэужьыгъуитIымкIэ щIэныгъэ гуэдзэ зрагъэгъуэтыну хуейуэ «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» интернет утыкум УФ-м и щIыналъэ 67-м щыщ цIыху миным зыкъыщагъэлъэгъуащ. Зы программэр алгоритмхэмрэ программэ зэхэгъэувэнымрэ ехьэлIащ, адрейр – зэхэгъэуа программэхэм я зэфIэкIхэр къэхутэным теухуащ. Япэрей программэр щIэныгъэ гуэдзэ зэзыгъэгъуэтыну хуейуэ япэ лъэбакъуэ зычхэм яхуэгъэзащ, етIуанэр – нэхъ гъэкууащ, къызэщIиубылэ IуэхугъуэхэмкIэ нэхъ убгъуащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, дыгъэгъазэ мазэм и щIэдзапIэхэм УФ-м Бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэмрэ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэмрэ я лIыкIуэхэмрэ хэту КъБКъУ-м щIэныгъэ зэхуэсышхуэ щекIуэкIыгъащ. «КъэкIуэну лъэхъэнэхэм я IункIыбзэIухыр: Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ Iэмалхэмрэ зыужьыкIэхэмрэ» зыфIаща зэIущIэм ирагъэблэгъат бжыгъэрылъанэ технологием зыбжанэ лъандэрэ елэжь университетым и лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэри.

«Министрыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр дэ фIыуэ зыхэтщIэрт, сыту жыпIэмэ бжыгъэр тегъэщIапIэ зыщI Iуэху щIэкIэм зыбжанэ щIауэ делэжьу, абы зызэредгъэубгъунум дыхущIэкъуу дыщытт. ЗэIущIэр здекIуэкIым дытегушхуэри, 2023 гъэм и накъыгъэ мазэ пщIондэ зыщытщIыжа къалэнхэми зыхуэдгъэувыжа мурадхэми ар щыдгъэгъуэзащ. Пэжщ, къыдэмыхъулIэнкIэ шынагъуэ щыIэт - цIыхум узыхуей псори нэсу къыщумыгъащтэ икIи къыщыгурумыгъэIуэф къохъу. Ауэ дэ дыхуейт щыхьэрышхуэ къулыкъущIапIэр зи IэмыщIэ илъым деж зы Iуэху нэтхьэсыну – ар нэхъыбэу зытеухуауэ щытари ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ нэхъ тыншу къызэрытлъэIэсын Iэмалхэр убзыхунырт, еджэныгъэм къыхыхьэну хуейм абыкIэ хъыбар къызэрыдигъэщIэн Iэмалыр гугъу демыхьу хузэхэгъэувэнырт. Ди лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэфIэкIын папщIэ, тщIэмрэ ар зэдгъэщIэнухэмрэ псынщIэу зэлъэдгъэIэсыну къытпэщылът. КъБКъУ-м къыбгъэдэкIыу «Урысейм и бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ дызэлэжьыну дызыхуейхэмрэ дызыхущIэкъухэмрэ зэхэхауэ къэдгъэлъэгъуащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, министерствэм къыхилъхьа жэрдэмым дызэрыпэджэжар къулыкъущIэхэм игъуэу къалъытащ икIи къыддаIыгъащ. Иджы дэ Iэмал хъарзынэхэр диIэщ бжыгъэр зи тегъэщIапIэ технологиехэм, Iэмалхэм, Iуэху щIэкIэхэм ди цIыхухэр щыгъуазэ яхуэтщIыну, абыкIэ дерсхэмрэ курсхэмрэ къызэдгъэпэщу егъэджэныгъэр зэтедублэну. Дызытет дунейм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр цIыхубэм иджыри нэсу къагурымыIуэнкIэ мэхъу, ауэ сыт хуэдэ щIэми далэ хуейщи, ар ауэ сытми блэдмыгъэкIыу щIэныгъэ къэкIуапIэ тщIымэ, ди мурадхэри нэхъ псынщIэу зэщIа хъунщ, дызыхущIэкъухэри нэхъ къыдэхъулIэнщ. Зи ужь дихьа пэхуэщIэр зэфIэха хъун папщIэ илъэс зыбжанэ дыхуеинущ. Псори зэлъытар абы зэрызиубгъуну щIыкIэращ. Ди къэралым, псалъэм папщIэ, жэрдэмым гъуэгу иритрэ пэхуэщIэм цIыху мини 100 хуэдиз къыхишэмэ, 2023 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр фIыуэ хэбгъэхъуэфынущ. Дапхуэдэу? Еджэныгъэм къыхэша хъуа ныбжьыщIэхэр абы дихьэхмэ, езым и ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъухэри къыхишэурэ екIуэкIынущ. Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм къищынэмыщIауэ, программэ зэхэгъэувэкIэм мащIэу щыгъуазэ дэтхэнэ цIыхури Iуэхум къепшалIэ хъунущ.

Дэ дощIэ УФ-м и Правительствэм 2022 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм къыдигъэкIа №1193-нэ унафэм ипкъ иткIэ, 8 - 11-нэ классхэм щеджэ сабий зэчиифIэхэр программэ зэхэгъэувэкIэм и бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щадж илъэситI курсхэм щыхыхьэкIэ, мылъкукIэ защIэгъэкъуэн хуейуэ къызэригъэувыр. Абы къикIыращи, сабийхэр мы Iуэхум къыхэша хъуным текIуэдэну мылъкур къэралым езым и пщэм делъхьэж. Мыбы и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ, пэхуэщIэр нэсу зэщIа, абы епха Iуэхугъуэхэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэща хъун папщIэ.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЗыужьыныгъэмкIэ и утыкур хъарзынэу мэлажьэ. Абы къокIуалIэ ди щIыналъэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къикIыу сабий 250-м нэблагъэ. КъищынэмыщIауэ, езы егъэджакIуэхэри щIыналъэхэм макIуэ, зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщурэ 8 - 11-нэ классхэм щеджээхэм яIуощIэ. Интернетым къыдит Iэмалхэри къызэрымыкIуэу инщ. Абы и ф1ыгъэкIэ Волгоград къалэм дэт къэрал техникэ университетымрэ дэрэ дызэщIыгъуу цIыху миным щIигъу пэIудзауэ идогъаджэ», – жиIащ Махиевэ Танзиля.

Зэрытлъагъущи, дунейм псынщIэу зехъуэж, абы къыдэкIуэуи зэуэ зи купщIэр къэдмыубыдыф IэщIагъэхэри къыдоунэху. Зэман къэс езым и нэщэнэ иIэжщи, гъащIэм къыхыхьэ IэщIагъэщIэхэм цIыхум ифIрэ и тыншыгъуэрэ къыхэкIыну дыщогугъ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: