И цIэр зымыгъэкIуэдын Iэужь къытхуигъэнащ

«КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ»,

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист»

КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэси 105-рэ мэхъу
 

А лIы щэджащэм ди лъэпкъ щэнхабзэм къыхина фIыгъуэр къызэрыплъытэн уасэ къэгъуэтыгъуейщ. ГуфIэгъуэхэмкIи нэщхъеягъуэхэмкIи гъэнщIауэ гъуэгуанэ къэзыгъэщIа Зырамыку 2008 гъэр щиух дыдэм (и ныбжьыр илъэс бгъущI ирикъуным тхьэмахуитI фIэкIа къэмынэжауэ) дунейм ехыжащ. ФэрыщIыгъэншэу, абы и цIэр адыгэ щыIэху псэунущ. Ар абы и Iэужь дахэмрэ и IуэхущIафэ щхьэпэхэмкIэ къилэжьащ.
Адыгэ щэнхабзэм, литературэм и жанр псоми зи гуащIэдэкIышхуэ хэзылъхьа КъардэнгъущIыр псалъэ дыгъэли щытхъу ямылеи хуэныкъуэкъым – абы и лэжьыгъэфIхэм и цIэр мыкIуэдыжыну дунейм къытранащ. Зырамыку къытхуигъэнахэр лъэпкъым и дыщэ пхъуантэщ. Абыхэм папщIэ КъардэнгъущIым къыфIащауэ щытащ цIэ лъапIэхэр. ТIэунейрэ къыхуагъэфэщат ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъри, Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ къэралым и дамыгъэ лъапIэхэри. Абы нэхъыбэжи хуэфащэу зэрыщытам шэч хэлъу къыщIэкIынкъым. Ди газетым ныбжьэгъуфIу илъэс куэдкIэ иIа КъардэнгъущIым теухуауэ Нало Заур 2008 гъэм итхауэ щыта тхыгъэ гуапэм щыщ фи пащхьэ идолъхьэ.

 КъардэнгъущIым и батырыбжьэ

Зырамыку сабийуэ и адэ-анэр щхьэщылIыкIащ. Зырамыку илъэсиплIкIэ Хэку зауэшхуэм хэтащ, фашистыIуэми исащ. И щхьэм топышэ къутахуэ зэпридзащ. Телъыджэщ ар абы къызэрелар. Зырамыку къуищ иIэти, щыри щIилъхьэжащ. КъуэрылъхуитIи сабий дыдэу Алыхьым Iихыжащ. «Алыхьталэм къыптрилъхьэр шэчыгъуафIэу уегъэшэч», – жыхуиIаращ уэрэдым. Нэмыцэ гъэру ущытащ, жаIэри, хьэIупс ящIыну хэтащ къулыкъущIэхэм. Адыгэр игъащIэми дыапхуэдэу жаIэ – дэр-дэру дызэрышхыжу, дызэфыгъуэжу, дызэрыгъэпудыжу… Ар пэжмэ, дэ абы нэхъ бий бзаджэ диIэкъыми, Ялыхь, дыIэщIэх, Ялыхь, губзыгъэ дыщIыж!.. КъулыкъущIэми яхуэмыгъэныщкIуу къаIурыхужащ Зырамыкур: хьэкъыр наIуэ къэхъужри, Хэкум и орденри къратащ кIэщIыращи, КъардэнгъущIыр къызэла псэзэпылъхьэпIэмрэ хьэзабымрэ уакъелын щхьэкIэ, псибл пIутын хуейт. Ауэ Зырамыкуи Тхьэм къритар а псэ закъуэращ – фэрэ дэрэ ещхьу. АтIэ, сыт къару лъэпкъыу пIэрэ ар къыIэщIэзыгъэкIар а тхьэщишэу яужь къита гузэвэгъуэм? Зырамыку дэрэ дызэроцIыху I946 гъэм и гъэмахуэ лъандэрэ. Дызэрогъэныбжьэгъу. Пединститутми зы илъэс щезгъэджащ. Илъэс куэд щIауэ щIэныгъэхутэ институтми дыщызэдолажьэ. IуэрыIуатэ зэхуэтхьэсу экспедицэ зыбжанэ дыздыхэтащ, Адыгейри, Шапсыгъри, Шэрджэсри, Мэздэгу адыгэри, Къэбэрдейри щIэтщыкIыу. Тхыдэм къинэжын лэжьыгъэшхуи зэдэтщIащ. Си гугъэщ КъардэнгъущI Зырамыку соцIыху жысIэмэ, фыкъэзмыгъапцIэу. …
ЗэрыжаIэу, КъардэнгъущIыр и жьэм текIуэдэжынкIи хъунт, Алыхьым къимыхъумамэ: Сталиным и зэманым гушыIэр хинакъым, Брежневым щыгъуи анекдотыр щигъэтакъым. Ар зыщыдыхьэшхам, абы ауан ищIам ящыщщ щхьэзыфIэфIхэр, напитIхэр, зыкъызыфIэщIыжахэр, Iэбжьанэ фIейхэр, делэхэр, щхьэхынэхэр… НэгъуэщI Iэджэхэри. Абыхэм политикэм емыкIуэлIэж яхэткъым. Зыгуэр кIуэрэ зыгуэрхэм яIуридзэжамэ, зэфIэкIат. И кIэ къинамэ, щIэх зыкъимыужьыжын хуэдэу ягъэсысынт. Апхуэдэу «обкомым дей нэмысын псалъэхэр» Зырамыку и тхыгъэхэми къыщыбгъуэтынущ, ухуей закъуэмэ: «Хъуэжэ» комедиер е Хъуэжэ и хъыбар цIыкIухэр зэрыт тхылъыр къызэгуэхи – уи кIэдахъуэр щIэущIэ. Ауэ сэ зи гугъу сщIар тхыгъэхэракъым, атIэ езы КъардэнгъущIым къыIурыщэщ гушыIэ минращ. Зырамыку адыгэ уэрэдыжьым къыхуигъэушащ уэрэдгъэIу Iэзэ куэд – Къуныжь Хьэждал, Уэтэр Анатолэ, Мэремыкъуэ Хъусен, Бэрэгъун Владимир, Тут Заур, нэгъуэщI Iэджэ. Нобэ адыгэ уэрэдыжьым нэхъ лъапIэ уэрэд лIэужьыгъуэ лъэпкъым диIэкъым – дяпэкIэ зэрыхъунур Тхьэм ещIэ. Сэ Алыхьым солъэIу КъухьэпIэмрэ Урысеймрэ къикI джэду уэрэдхэм дыщихъумэну! ЦIыхур къалъхуа нэужь, езыр-езыру зиузэщIын щхьэкIэ, и бынжэр пыупщIын хуейщ. Культурэм и бынжэр пымыупщIамэ нэхъыфIщ: къэзылъхуа анэм – цIыхубэм! – илъ къыщIэмылъэдэжмэ, ар псынщIэу хамэ мэхъу. Нобэрей адыгэ культурэм и бынжэр псэууэ, лажьэу къэзыгъэнахэм язщ КъардэнгъущI Зырамыку. 
 Абы къыдигъэкIа IуэрыIуатэ тхылъхэм щыщу плIым я цIэ къисIуэну сыхуейт: (1) «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» (томитIу), Налшык: япэрей томыр – 1963, етIуанэрейр – 1967, (2) «Адыгэ псалъэжьхэр» (томитIу), Налшык: япэрей томыр – 1965, етIуанэрейр – 1967; «Нартхэр. Адыгэ лIыхъужь эпос». М., «Наука», 1974; «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ», М., «СК», япэрей томыр – 1980, етIуанэрейр – 1981, ещанэрейр (IыхьитIу) – 1986-90. Псом хуэмыдэжу ехъулIэныгъэшхуэр иужьрейращ. Лъэпкъым уэрэдрэ къызэрыфэ макъамэу иджырей зэманым къихьэсахэм я нэхъыфIхэр къыхэщыпыкIауэ ярытщ томитхум, урысыбзэкIи зэдзэкIыжащ, хэзыгъэгъуазэ тхыгъэри, хъыбархэри ярытщ. 
 

Нало Заур, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
Поделиться: