Мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ гуапэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым иджыблагъэ щекIуэкIащ къэрал къулыкъущIэхэмрэ «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я зэIущIэ дахэ.

ХьэщIэхэм япежьащ КъБР-м и Парламентым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Емуз Нинэ., ЯпэщIыкIэ хьэщIэхэм щIыналъэм и щыIэныгъэр лъэныкъуэ куэдкIэ зыузэд, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр зыубзыху хабзэхэр зыгъэпс къулыкъущIапIэ кIуэцIым зыщрагъэплъыхьащ. Абы иужькIэ хьэщIэхэм бысымгуащэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ деж ирагъэблэгъащ. Абы ибзыщIакъым къыхуэкIуахэм яхуиIэ гуапагъэр. ФIэхъус псалъэк1э захуигъэза нэужь абы жиIащ: «Сэ къыслъысу си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и унэм фыкъезгъэблэгъэну. Зы нэщэнэ щыIэщ: хьэщIэм игу къызэрыпхузэIухам хуэдизкIэ уи махуэр кIуэнущ, жаIэу. Си фIэщ мэхъу дызытехьэ илъэсыщIэри къызэрыдэхъулIэнум, дызыщыгугъ фIагъ псори къызэрытхуихьынум. Фэ фхуэдэ хьэщIэ нэжэгужэхэм абы шэч къытрыуагъэхьэркъым. Жылагъуэм и лIыкIуэхэм ящыщу фэращ дэ мы дызытехьа илъэсыщIэм япэу къытхыхьар. Фи хъыбарыфIхэр зэхыдох, жылэ Iуэхухэм, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэм жану фызэрыхэтми дыщыгъуазэщ. Апхуэдэу Iуэхухэм ди гур етауэ лъэныкъуитIри дызэдэлажьэмэ, зым зэф1игъэк1хэм адрейм пщIэ хуищIу декIуэкIмэ, мурад зыхуэтщI куэд къызэрыдэхъулIэнум шэч хэлъкъым. Къыхэзгъэщыну сыхуейт фыкъак1уэу ди лэжьыгъэмрэ Iуэху щIэкIэмрэ зыщывгъэгъуэзэну жэрдэм зэрыфщIар дызэригуапэр».

Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ парламент лэжьыгъэр щIы IэнэщIым къызэримыхъукIыр, жылэм и щыIэныгъэм хуэгъэпсауэ щытын зэрыхуейм къыхэкIыу, цIыхухэм я псалъэ зэрыхуэныкъуэр. «Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр цIыхубэмрэ къэралымрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ, а лъэмыжым Iэмалыншэу лъэныкъуитIри гуапэу дыщызэхуэкIуэу, дэтхэнэми ди хьэкъыр нэгъэсауэ зэдгъэпэщу дылэжьэн хуейщ. Къэрал хабзэхэр убзыхуным имызакъуэу, егъэфIэкIуэныр ди пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Абы и лъэныкъуэкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я псалъэ дыщыщIэмыдэIу къэхъуркъым. Мыхьэнэшхуэ иIэщ бзылъхугъэ зэщIэхъееныгъэхэм. Анэм, щхьэгъусэм, шыпхъум я фIэлIыкIыр къызэрымыкIуэу щыинщ Кавказым, а щытыкIэр ноби щыгуащIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм цIыхубзым хуащI пщIэр зэрыиным къыхэкIыу, лъэпкъ лъапIэныгъэхэр хъумэныр, абыхэм я гъащIэр кIыхь щIыныр я IэмыщIэ зыкъомкIэ илъщ. Дыщогугъ а унэтIыныгъэмкIэ дызэдэлэжьэну, нэхъыбэрэ дызэхуэзэну, дызэпсэлъэну», – жиIащ Егоровэ Татьянэ.

АдэкIэ унафэщIым къыхигъэщащ кIуэтэху цIыхубзым и мыхьэнэр хьэрычэтыщIэ IэнатIэми, политикэми, жылагъуэ лэжьыгъэми нэхъыбэ зэрыщыхъур. «ЦIыхубзым IэнатIэшхуэхэр дзыхь щыхуащI лъэхъэнэм дыхиубыдащ – долъагъу политикэ, хабзэубзыху, финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ къулыкъущIапIэхэм, медицинэ фондхэм, къызэралъытэ-къызэрабж палатэхэм бзылъхугъэхэр куэду зэрыщыIэр, пщэрылъ пыухыкIахэр ягъэзащIэурэ хэгъэгум ифI зыхэлъ Iуэхубэ зэрызэфIахыр. СызэреплъымкIэ, цIыхубзым и жыджэрагъыр нэхъ щIэгъэхуэбжьэн хуейщ, абы кърикIуэну фIыр къэлъытауэ», - жиIащ гуапэу КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым.

Бысымгуащэм гулъытэншэ ищIакъым «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэм и жыджэрагъыр, къыхигъэщащ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIыр.

АдэкIэ хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ КъБР-м и Парламентым и лэжьыгъэр къызытещ гъэлъэгъуэныгъэр. Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат хьэщIэхэм гуапэу япежьэри яжриIащ цIыхубзым и къарум упэлъэщынкIэ Iэмал зэримыIэр, ахэр зиужь ихьа сыт хуэдэ Iуэхури къехъулIэну зэрыщытыр. «Ди гуапэщ бзылъхугъэ хасэр къызэрытхуеблэгъар, жылагъуэм худиIэ пыщIэныгъэр гъэбыдэным хуэунэтIауэ къыхалъхьа жэрдэмым гъуэгу зэригъуэтар. Зэгухьэныгъэм иIэ фIэщыгъэ дахэр фогъэпэжри, нэхъыбэжкIэ фызэрехъулIэнум шэч къытесхьэркъым», – жиIащ Къардэн Мурат.

Псалъэр «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Черновэ Алёнэ ирата нэужь, ар къызэрежьам, зыхуагъэувыжа мурадхэмрэ къалэнхэмрэ я гугъу ищIащ. «Ди зэгухьэныгъэр 2010 гъэм къызэрагъэпэщащ, цIыхубз зэщIэхъееныгъэу дыкъежьащ, къытщIэхъуэ щIэблэм и тхыдэ зэхэщIыкIыр къэтIэтын, и лъэпкъ щIэжым зедгъэужьын, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэм я пщIэр зыхедгъэщIэн гуращэхэр диIэу. НобэкIэ ди цIыхубз зэгухьэныгъэм цIыху 239-рэ хуэдиз хэтщ. Дыщыпсэу щIыналъэм, къапщтэмэ, щхьэхуэныгъэхэр иIэщ. Ар щIыдэлъху лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм къару зэраIэрщ, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхущытыкIэхэм мардэрэ щапхъэрэ зэрыхэлъырщ. Дуней елъыкIэ унейхэр зиIэ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, къадэгъуэгурыкIуэ дахагъэхэр гъащIэм хэпщэным, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным хуэунэтIащ ди лэжьыгъэр. Ди хасэм хэтхэр дызэакъылэгъущ къытщIэхъуэ щIэблэр мыхъумыщIагъэм щыхъумэн зэрыхуеймкIэ. Ауэ дэ жэрдэм къыхэтлъхьэкIэ зэфIэкIыркъым, ар унафэщIхэм къыддаIыгъын, абыхэм гъуэгу ета зэрыхъуну Iэмалхэр дагъэлъагъун хуейщ. Ди гуращэхэр щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным, цIыху нэс къахэщIыкIыным хуэгъэпсауэ щытщи, дыщогугъ абыкIэ щIэгъэкъуэн фыкъытхуэхъуну», - жиIащ Черновэ Алёнэ.

Бзылъхугъэ хасэм и унафэщIым къыхигъэщащ Парламентым къэкIуэныр, къулыкъущIэхэм къаIущIэныр жэрдэм щащIым, ар Емуз Нинэ къазэрыдиIыгъар, апхуэдэ гупсысэр игъуэуи къызэрилъытар. Черновэ Алёнэ фIыщIэ ин Емуз Нинэ хуищIащ, сыт щыгъуи гулъытэ къазэрыхуищIым папщIи гуапэу ехъуэхъуащ.

Уэршэр дахэм зэIущIэр щыхуэкIуэжым, депутатхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ, дяпэкIи зэрызэдэлэжьэнум и гугъу ящIащ. ЛъэныкъуитIми къыхагъэщащ екIуэкIа зэIущIэм хуэдэ щIэх-щIэхыурэ къызэгъэпэщын икIи егъэкIуэкIын зэрыхуейр.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: