Къызэра­гъэ­пэ­щынущ къэралым и герб­кIэ, гимнкIэ, ныпкIэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэ­хэр щызэпкъраха зэIущIэ. 

КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам тепсэлъыхьащ КъБР-м медицинэмкIэ и лэжьакIуэ щхьэ­хуэхэм я улахуэм зэрыхущIа­гъунум и проектым. Зыдэ­Iэ­пы-
­къунухэм хеубыдэ 2023 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ ОМС-м и базэм хэт медицинэ лэжьа­кIуэхэр: щIыналъэ, участковэ сымаджэщхэм, медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэ щрат къудамэхэм щыIэхэр. Абыхэм яIэры­хьэнущ мазэм къриубыдэу сом мини 4,5-м щегъэжьауэ сом мин 18,5-м нэблагъэ. ДэIэпыкъуныгъэхэр зэхуэзыгъэкIуэнур (операторыр) социальнэ фондырщ. Проектым щхьэхуэу къыхагъэщащ ОМС-м и базэм къыщымыгъэлъэгъуа медицинэ лэжьакIуэ­хэм щIыналъэм и мылъкум къы­хэкI ахъшэкIэ зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр. ЩIыналъэр ядэIэпы­къун хуейщ дифтиатрием, психиатрием, наркологием я лэжьа­кIуэхэм, ВИЧ узыфэ зэрыцIалэ зыпкърытхэм якIэлъыплъхэм. 
Медицинэм и лэжьакIуэхэм иратыну ахъшэр ягъэбелджылынущ унафэ ягъэувам тету: амбулаторэхэм я дохутырхэм - мазэм хуэзэу сом 14 500-рэ; медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэр зэ­фIэ­зы­гъэкIхэм - сом 11 500-рэ; медицинэм и курыт лэжьакIуэхэм - сом 6 500-рэ, фельдшерхэмрэ медсестрахэмрэ - сом 7 000, лъэсакIуэхэмрэ сымаджэхэм я тепIэнщIэлъынхэм кIэлъыплъхэм­рэ - сом 4 500-рэ. 
Проектым хэтщ ищхьэкIэ къэтхьа гупым химыубыдэ медицинэ лэжьакIуэхэм папщIэ щхьэхуэу ягъэбелджыла дэIэпыкъуныгъэр: биологиемкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ дохутырхэм мазэм къриубыдэу - сом 11 500-рэ, лъэсакIуэхэм - сом 3 000. 
Медицинэ лэжьакIуэхэм илъэ­сым и кIуэцIым зэрадэIэпыкъунум текIуэдэнущ республикэм и мылъкум щыщу сом мелуан 90. 
Налшык къалэ муниципальнэ мылъкум хиубыдэу Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №12-р Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и къэрал мылъкум зэрыхагъэхьэжым теухуауэ къэп­сэлъащ КъБР-м щIы, мылъку зэху­­щытыкIэхэмкIэ и министр   Тэхъу Аслъэн. Метр зэбгъузэнатIэ 6357-рэ хъу IуэхущIапIэр къигъэсэбэпынущ КъБР-м щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ щыIэ къалэн куэд зыгъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым. 
КъБР-м и Правительствэм и ахъшэ гъэтIылъам щыщ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм етыным щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Мылъкур хуаунэтIынущ республикэм и цIыхухэм захъу­мэжын хуей хъужыкъуэмэ, телевиденэмрэ радиомрэ занщIэу эфирым хъыбар щатыфыным тещIыхьауэ системэ зэтраублэ­ным. Абы къытеувыIащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуани 5-рэ мин 894,150-рэ. 
Республикэм щыщу ветеран е цIыху ныкъуэдыкъуэ зэрыс уна­гъуэхэу псэупIэ хуэныкъуэу муниципалитетхэм я учётым щытхэм я бжыгъэр зэрагъэуIужынущ. Абы тещIыхьа проектым текIуэдэнур федеральнэ мылъкум къыхэкIынущ, республикэм и бюджетри дагъэIэпыкъунущ. 2023 гъэм абы хухахынущ сом мелуан 26,3-рэ. Ветеранхэм хуаунэтIынущ сом мел­уан 1,8-рэ, зауэм и ветеранхэм сом мелуани 4,3-рэ, ныкъуэ­дыкъуэхэмрэ абыхэм я унагъуэ­хэмрэ, сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ­хэм хухахынущ сом мелуан 22-рэ. 
КъБР-м и Правительствэмрэ «Северокавказская пригородная пассажирская компания» акционер зэгухьэныгъэмрэ 2023 гъэм къриубыдэу республикэм гъущI гъуэгу транспортыр зэрыщызекIуэнум теухуауэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэр игъэбелджылащ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн. ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъ­хьащ Беслъэн - Минеральные Воды, Минеральные Воды - Прохладный, Прохладный - Владикавказ гъуэгухэм мафIэгур зэры­рикIуэну зэманхэм (график). 
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ программэм щIэблэр хэкупсэу гъэ­сэнымкIэ и Iыхьэм хиубыдэу республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ щхьэ­хуэ­хэр щрагъэкIуэкIынущ. Апхуэ­дэуи, еджапIэхэр къызэра­гъэ­пэ­щынущ къэралым и герб­кIэ, гимнкIэ, ныпкIэ. Ар жиIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ны­гъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. 2023 гъэм Iуэхум текIуэдэну сом мелуан 25,31-м щыщу сом мелуан 24,781-р федеральнэ мылъкущ, сом мин 250-р республикэм и бюджетым къыхахынущ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: