«Си анэр къыспежьэ къысфIощI»

ЛэжьапIэ зэрыуврэ ар сыт щыгъуи жьыуэ къэтэджырт. Жьы дыдэу, нэху­мы­щым. Хъунутэкъым къэмытэджу - IэщIагъэлI щIалэр зы­Iуува IуэхущIапIэм, джэд лъэпкъыфI щагъэхъу заводым, и унафэщIхэри уа­фэм кIэху къи­щIа къудейуэ лэжьапIэм къекIуалIэрт. Абыхэм хуэмыхуфэ зригъэплъ хъурэт еджапIэ нэхъыщхьэр дип­лом плъыжькIэ къэзыуха щIалэщIэм?!

Лэжьыгъэм щIапIыкIар адрейхэм яхэгъуащэркъым. Абы цIыхур зэрип­сы­хьыр, дэтхэнэ зыми и пщIэр и IуэхущIафэм зэ­релъытар пасэу хьэкъ щыхъуат Му­хьэмэд. АбыкIэ щIалэм сыт щыгъуи гъуа­зэу иIар и адэрщ, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэ зыбжанэ зезыхьа ­Къуэжьокъуэ ­Къадирщ. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим унафэщIу здагъэкIуа, Къубэ-Тэбэ къуажэм дэт хо­зяйст­вэм ар щыпарткомт. Абы щыгъуэ ныбжьы­щIэ дыдэу щытами, Мухьэмэд къыгурыIуэрт, псэкIэ зыхищIэрт кIы­фIзэ­хэту унэм щIэкI, жэщыбгым къыщIыхьэж адэр и IэнатIэм жэуаплыныгъэ зыхищIэу зэрыбгъэдэтыр. Адэм нэмыщI, щIалэ цIыкIум иIэт зыдэплъеин, зыущиин, гъуэгу захуэ тезышэн: и адэшхуэмрэ и анэш­хуэхэмрэ. Ахэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Му­хьэмэд и нэгур нэхъри зэлъыIуокI, а зэманым къыщыхутэжа къыфIощI, и гур, и псэр нэхъри щабэ мэхъу.
- Си адэмкIи си анэмкIи си анэшхуэхэр зэгъунэгъут, - игу къегъэкIыж Мухьэмэд, - сыщысабийм унагъуитIми чэзууэрэ сы­щыIэт. Абыхэм сэ IэфIагъыу, дахагъэу, хабзэу ядэслъэгъуар пхужымыIэным хуэдизщ. Сыту зэман телъыджэт. Си анэм и анэр Къэбэрдейм иса ефэндышхуэ Щоджэн Алихъан ипхъут. И адэм теухуа хъыбархэм сыщIигъэдэIурт нанэ.
Алихъан япэ дунейпсо зауэм хэта Къэ­бэрдей шу полкым и ефэндыуэ, ди дзэр бийм щебгъэрыкIуэкIэ, тригъэгушхуэу зэрыщытам ехьэлIа хъыбар итщ тхыдэтх Опрышкэ Олег а лъэхъэнэм теухуауэ къыдигъэкIа «Бывают странные сближения» тхылъым. Сэ гъащIэм зыгуэр къыщызэ­хъулIамэ, псом япэу зи фIыгъэу сыбжыр си анэшхуэхэрщ, си адэшхуэрщ. Си адэм и адэри динщIэкъут. Абы сыщыцIыкIум сигъэщIауэ щытащ Iэлъхьэмри къулъхуо­лэри. Нобэр къыздэсми ахэр сщыгъупщакъым.
Къуэжьокъуэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэсий щыхъуам, Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ)  иIэп­хъукIри, я унагъуэр дэтIыс­хьащ и адэр щы­ла­жьэ Къубэ-Тэбэ къуа­жэм. ЩIалэ цIы­кIум зэи зыщидзейуэ щытакъым лэжьыгъэм. Зи бынхэр Iыхьэ­мылейуэ щагъафIэ, Iуэху щрамыгъащIэ унагъуэтэкъым ар къы­зыхэкIар. Школым щыщIэса зэма­ным, гъэмахуэм къаутIыпщамэ, губгъуэм дэкIырти, хьэсэм псы щIигъэлъадэрт, нар­тыхур щапщIэми щатхъми хэтт.
Къубэ-Тэбэ курыт еджапIэр хъарзынэу къыщызэринэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэнухэр щагъэхьэзыр курсым щIэсащ зы илъэс-кIэ. Абы иужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэм Iэщ дохутыр IэщIагъэ щызригъэгъуэтащ. И лэжьыгъэ гъуэгуанэр щиублар а жылэм дэт, джэд лъэпкъыфI щагъэхъу заво­дырщ. Ар республикэм щыIэ предприятэ нэхъыфIхэм, Iуэхугъуэшхуэ щагъахъэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытам и гуащIи хэлъщ IэщIагъэлI щIалэм. Си щхьэ Iуэхур нэхъапэщ жимыIэу, илъэс 12-кIэ зэрихьащ  IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр: Iэщ дохутыр IэщIагъэм къыдэкIуэу, аптекэшхуэ абы дэтри и IэмыщIэ илъащ, адэкIэ джэд мин 280-рэ зыщIэт цехым и унафэщIу щытащ, заводым и тхьэмадэм и къуэдзэ къалэн-ри и пщэ дэлъащ. Джэдым нэмыщI,   яIэт былымышхуи, шыи, мэли, бжьэи щагъэхъурт. КIэщIу жыпIэмэ, лэжьыгъэр щыкуэдт.
Къэралышхуэр щыкъутэжым Къуэжьокъуэр зыIут IэнатIэм и Iуэхури екIакIуэу ­хуежьати, хуей-хуэмейми, абы къыIу­мы­кIыу хъуакъым. Аспирантурэу тIу (зыр зэ­ры­лажьэм хуэдэурэ, етIуанэр махуэ­ры­еджэу) къэзыуха IэщIагъэлIыр IэнатIэншэу къагъэнэнт - Налшык дэт мэкъу­мэш академием егъэджакIуэу къащтащ 1992 гъэм. ИлъэситI фIэкIа дэмыкIыуи доцент хъуащ. 2018 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсиплIкIэ ар щытащ еджапIэм Вете­ринар медицинэмкIэ и кафедрэм и уна­фэщIу. Мы зэманым Мухьэмэд университетым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ лабораторэм и нэхъыжьщ, абы къыдэкIуэу, студентхэри ирегъаджэ.
Мэкъумэш университетым зэрыуврэ Къуэ­жьокъуэм IуэхуфIрэ щхьэпэу зэфIигъэкIам и инагъыр, и куэдагъыр къэлъытэгъуейщ. ЩIэныгъэ Iуэхум пыщIа лэжьыгъэу и Iэдакъэ къыщIэкIащ 500-м нэс, абы щыщу 37-р студентхэр зэрыгъуэзэну тхыгъэ, чэнджэщ хуэдэхэрщ, патенту 7 къратащ. Мухьэмэд и нэIэ щIэту диплом 50-м щIигъу студентхэм пхагъэкIащ. И IуэхущIафэхэм къапэкIуэу щIэныгъэлIым щIыхь тхылъу, дамыгъэ лъапIэу къыхуа­гъэфэщар куэд мэхъу, абыхэм яхэтщ дуней псом къыщалъыта еджагъэшхуэ Вавиловым и цIэкIэ щыIэ медалри.
И IэнатIэм пыщIа Iуэху зэрихуэу, совет з­эманым щIыналъэ куэдым щыIащ Мухьэмэд: ГДР-м, Белоруссием, Тыркум, Прибалтикэ къэралхэм, СССР-м хыхьэу щыта нэгъуэщI республикэхэми. Абыхэм щилъэгъуа, къриха Iуэху бгъэ­ды­хьэ­кIэ­-щIэ­хэр къыхуэсэбэпыжащ. Ауэ, дэнэ щIы­пIэ кIуэми, сыт щыгъуи къыхуэпIащIэрт, къы­хуэзэшырт и адэжь хэкум, и жы­лэ­жьым.
Къуэжьокъуэм и къэухьыр инщ, гъащIэм, ди нобэрей псэукIэ-зэхэтыкIэм фIыуэ щыгъуазэщ, апхуэдэу щыт пэтми, щIэ гуэр зэрызригъэщIэным зэпымыууэ иужь итщ. Апхуэдэу ар дехьэх лъэпкъ Iуэхум,     ди тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм пы­щIа­хэми.
- ФIыуэ солъагъу ди адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм къахэбгъуэтэнущ игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэ дахэхэр, ди лъэпкъым и щэнхабзэр, и хьэл-щэныр. Тхылъхэм куэдым щыгъуазэ уащI, уи лъэпкъым и тхыдэм урогушхуэ, - жеIэ Мухьэмэд. - Псом хуэмыдэу фIы дыдэу солъагъу Нало Заур и тхыгъэхэр. Алыхьым акъылышхуэрэ щIэныгъэшхуэрэ зрита цIыхут ар. Зыгъэ езы Заур, ди еджапIэм нэкIуауэ, къызэупщIат: «Къадир ури­къуэ?» - «НтIэ», - щыжысIэм, сызыбгъэди­шэри, тхылъищ къызитауэ щытащ. Къы­зэ­рыщIэкIымкIэ, си адэмрэ абырэ зэры­цIы­хуу щытат. Налом тыгъэу къызита тхыгъэ телъыджэхэм къахощ ди лъэпкъым и псэ къабзагъэр, и дахагъэр.
И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и профессор, биологие щIэны­гъэ­­хэмкIэ доктор Къуэжьокъуэм и пщэ дэлъщ нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди: ар Урысейпсо географие къэрал жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIщ, щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доктор диссертацэхэр зыттхэм я лэжьыгъэхэм хэплъэ совету тIум, абы нэмыщI дыкъэзыухъуреихь дунейр хъу­мэным, экологием, туризмэм, спортым, нэгъуэщI жылагъуэ Iуэхугъуэ зыкъомми хэтщ­. А псор зэрызэдихьыр, зэры­пэ­лъэщыр уогъэщIагъуэри, уигукIэ жыбоIэ: «Ярэби, мы лIым зыщигъэпсэхур, и щхьэ, и унагъуэ Iуэху зэрихуэну Iэмал щигъуэтыр дапщэщу пIэрэ?»
Мухьэмэд ноби къуэпс быдэкIэ пыщIащ и сабиигъуэр щигъэкIуа жылэжьым, Къэсейхьэблэ. Сыт хуэдизу зэманыр къе­мэ­щIэкIыу щытми, абы щIэмычэу Iэмал къегъуэт илъэсий хъухукIэ зыдэса къуа­жэм дыхьэжыну, и Iыхьлы-Iэулэдхэм яхы­хьэну, я Iуэху зытетыр зригъэщIэну.
- Къуажэм сыщыкIуэжкIэ, ди хьэблэ сы­щы­­дыхьэжкIэ, къысфIощI, япэхэми хуэ­дэу, ди анэр IэплIэешэкIкIэ къыспежьэну. Щ­эбэтыр къыхуэмыгъэсу къыс­пэп­лъэрт сыт щыгъуи. Ар зыкIэ къысхуэгума­щIэ­­ти! Жэмыр къишауэ, шэр, шхур хьэ­зы­ру Iэнэм тету, жэмыкуэ, мырамысэ, къэуат зы­щIэлъ нэгъуэщI адыгэ ерыскъы IэфI­хэри схуищIауэ сригъэхьэлIэжырт, - гукъэ­кIыжхэм хэтщ Мухьэмэд. - Апхуэдэу си ­нэгу къыщIызогъэхьэ си анэшхуэхэр, си адэш­хуэр - псори дызэхуэсыжауэ, зыр адрейм дыщыгуфIыкIыу дызэхэсу. ТIэкIуи сыкъонэщхъей, апхуэдэ зэман зэры­щы­мыIэжынур сощIэри. ИтIани си гур къы­зэ­рогъуэтыж, къуажэм дэс си Iыхьлыхэм, си къуэш бынхэм, абыхэм къащIэхъуэжа ныб­жьыщIэхэм сахыхьэжа нэужь. Ди нэхъыжьхэм ядэслъэгъуа дахагъэр, IэфIагъыр, хабзэр, нэмысыр ди щIэблэм яхэлъу къызэрытэджыным зэрыхъукIи хузоущий.
Зи ныбжьыр илъэс 65-рэ иджыблагъэ ирикъуа Къуэжьокъуэ Мухьэмэд до­хъуэхъу нобэ зытет гъуэгум, иджыри къы­здэ­­сым къызэрекIуэкIым хуэдэу, еш имы­щIэу ирикIуэну, щIэныгъэ зыбгъэдилъхьэ щIалэгъуалэм, езым и щIэблэм я ехъу­лIэныгъэхэм, я Iуэху дахэхэм дэрэжэгъуэ кърату куэдрэ псэуну.
САУТ СулътIан.

Поделиться: