Лъэужь мыкIуэдыж

Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм, ди лъэпкъ драматургием и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыщ ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан. 1934 гъэм къыщыщIэдзауэ ар хэтащ СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым. 
«Пщыкъан усакIуэ, уэрэдус Iэзэт. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ басня теплъэм иту тха «Бэджрэ Бадзэрэ», «Дамэжьыкъуэрэ Мыщэкъуагуэрэ», «Адакъэ шынэкъэрабгъэ» усыгъэхэр. Абы и тхыгъэхэм IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ усакIуэм и фIэщ хъу, и лъахэгъухэр къызыхуриджэ колхоз гъащIэр. Апхуэдэхэщ «Колхозхэтхэ», «Колхоз пщыхьэщхьэ», «Бжьыхьэвэ», «ХадапщIэ» усэхэр. ХХ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ШэкIыхьэщIэм зэхилъхьащ социалист гъащIэм теухуа усэхэу «Гъуэгу дгъуэтащи, дрикIуэнщ», «Союз псом я бэракъ», нэгъуэщIхэри. «Коммунист партым и манифестыр» япэу адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIари Пщыкъанщ, - тетхыхьыжащ абы и творческэ гъуэгуанэм филологие щIэныгъэхэм я кандидат ЩакIуэ Марьянэ.
Пьесэ нэхъыфI тхыным теухуауэ 1933 гъэм облисполкомым и жэрдэмкIэ екIуэкIа зэпеуэм ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан и «КIуэрыгъуэт» драмэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфащэри, 1934 гъэм «КъаруущIэ» альманахым и етIуанэ къыдэкIыгъуэм къытрадзауэ щытащ. А пьесэр япэ дыдэу адыгэбзэкIэ игъэуват Къэбэрдей театр студием. Спектаклым и премьерэр 1936 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м зэхэтащ. Ролхэр ягъэзащIэу спектаклым хэтащ Къамбий Тарий (КIуэрыгъуэт), Сэхъу Къамсыр (ГуащэхуэфI), Атэ Мухьэмэд (Мэжид), Тубай Мухьэмэд (Астемыр пщыр), нэгъуэщIхэри. Мы пьесэм ШэкIыхьэщIэр тIэуней елэжьыжауэ щытащ, Нало Жансэхъурэ Къуэжей Сосрыкъуэрэ и дэIэпыкъуэгъуу. «КIуэрыгъуэтыр» и сюжеткIи образхэм я гъэпсыкIэкIи ныкъусаныгъэншэу щымытми, ехъулIэныгъэ хъарзынэу плъытэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а зэманым къэбэрдей драматургиер гъуэгу теувэ къудейуэ арат.
КIуэрыгъуэт и образыр къэбэрдей литературэм и япэ лIыхъужьхэм ящыщ зыщ. Зи щхьэм и пщIэр зыщIэж лIыхъужьыр цIыхубэм я пашэ хъуауэ дегъэлъагъу драматургым. Псалъэ къудейр мыхъуу, абы къегъэсэбэп лIыхъужьым зэфIих Iуэхугъуэхэри. Авторым удихьэхыу къегъэлъагъуэ зи гур бампIэм ихуза мэкъумэшыщIэ тхьэмыщкIэхэм я мурадхэр, я хъуэпсапIэхэр. Абыхэм хьэкъыу япхыкIащ, уи псэр щIэпту щытми, уи щхьэм и пщIэр бгъэпуд зэрымыхъунур. 
Репрессием и ныбжь фIыцIэр ди республикэм къыщытридза лъэхъэнэм политикэ IуэхукIэ ягъэкъуаншэу лей зытрагъэхьахэм ящыщщ ШэкIыхьэщIэ Пщыкъани. А зэман шынагъуэм дэтхэнэ зы цIыхури ягъэкъуэншэну хьэзырт НКВД-м и лэжьакIуэ псэхэххэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъани яхэхуат «цIыхубэм я бий» ящIахэм. КъБР-м и прокуратурэм къыщагъуэтыжа тхылъым зэритымкIэ, ШэкIыхьэщIэр илъэсипщIкIэ лъэхъуэщым исыну и суд ящIат, ауэ, а унафэр ямыгъэзащIэу, ар щагъэтIыса жэщ дыдэм яукIащ. ЩIэпхъаджагъэ гуэри ищIауэ зэрыщымытым къыхэкIкIэ, 1957 гъэм шыщхьэуIум и 9-м СССР-м и Военнэ коллегием и унафэкIэ ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан Дзадзу и къуэр хей ящIыжри, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьэжауэ щытащ».

 

 

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться:

Читать также: