Гупсысэр – псалъэкIэ

ГъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуауэ дэтхэнэми гупсысэ щхьэхуэхэр иIэщ. Хэти ар и щхьэм щызрегъэзахуэ, хэти тхэным къыхуигъэщIамэ, абыкIэ тхылъымпIэм догуашэ. Апхуэдэ гупсысэ гъэщIэгъуэн куэд иIэщ усакIуэ, тхакIуэ Хьэту Пётр.
***
Гупсысэр цIыхубэм я псэм къыхэтэджыкIыу я гум къыбгъэдэкIа хъугъуэфIыгъуэщи, а гупсысэр екIурэ зэгъэкIуауэ къэпIуэтэжыфмэ – усыгъэ (е литературэм и нэгъуэщI жанр) мэхъу. Уэри апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ (гулъытэ зыхуэфащэ гупсысэ, псалъэ зэкIэлъыхьа екIу) къыплъыкъуэкIмэ (къыбжьэдэкIмэ), ар си IэщIагъэщи, къызэрызгъэсэбэпынум, уегуакIуэмэ, «зэрыпфIэздыгъунум» шэч къытумыхьэ. АтIэми, абы щхьэкIэ ущIыдэлъеини укъыщIелъыхыжыни щыIэкъым, апхуэдэ къэгъэщIыгъэм си цIэр щIэтынуми, икIэм-икIэжым ар зейуэ щытынур уэращ – къызыбгъэдэкIыжа езы цIыхубэрщ, тхылъеджэрщ.
***
Дега жиIауэ щытащ: «Художникым, лажьэу, ищIэр щимыщIэжым дежщ и IэдакъэщIэкIхэр нэс щыхъур». Пикассо мыпхуэдэу жиIащ: «IэдакъэщIэкIыр зытеухуар къэзыIуэтэну хэтыр, зэрихабзэу, хуабжьу щоуэ». НэгъуэщI зы художники, улажьэрэ, жиIэу къыщIэупщIам жэуап иритыжащ: «Сэ согъагъэ», - жиIэри. Сэ зыгуэр къыщызэупщI щыIэщ: «Иджыри усэ птхырэ», - жаIэу. «Хьэуэ, - жызоIэ, - солъатэ…» ЖысIар къыгурымыIуауэ къыщызэплъкIэ, дыщIызогъуж: «Сэ иджыри къэс пщIыхьми сыщолъатэ…», - сигури си псэри щIалэщ, сыщIэтхэн хуэмейр, жыхуэсIэу.
***
Ди лъэпкъ культурэм (литературэм, искусствэм) и Iуэху зэфIэмыхьэхэм зэпIэзэрыту, акъыл тIысакIэ (конструктивнэу) щабэу тепсэлъыхьхэр (апхуэдэхэри щыIэщ) нэхъ зэхызох; зытепсэлъыхьхэм зэрытегузэвыхьыр, сэ псэкIэ згъэвхэр абыхэми зэрагъэвыр нэхъ зыхызощIэ икIи ахэр нэхъ си фIэщ мэхъу, утыкум къилъадэу къыгуэлъэфарэ номейуэ (хэкIыпIэ тэмэмхэр, езэгъырабгъухэр мыубзыхуауэ) кIийхэм нэхърэ… Iуэху зэфIэмыхьэхэр плъагъуныр, ахэр сэтей къэпщIыныракъым нэхъыщхьэр – щыуагъэншэу икIэщIыпIэкIэ зэрыбгъэкIуэдын Iэмалырщ цIыхум и пащхьэ иплъхьэн хуейр. Мис итIанэщ пэж, губзыгъагъэ жыпIэу гу щылъатэнур, узытепсэлъыхь ныкъусаныгъэхэр гъэкIуэдынымкIэ Iуэхуми щеувэлIэнур…
Поделиться:

Читать также: