Напэр и гъуазэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат Бещтокъуэ Хьэбас и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу! 
Илъэс куэд хъуауэ адыгэ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хэлэжьыхь Бещтокъуэм усэ телъыджэхэр, драматическэ, критическэ тхыгъэхэр, публицистикэр уасэ зимыIэщ. ТаланткIэ ипсыхьу адыгэ лъэпкъым Тхьэм къыдита усакIуэшхуэр Тхьэм тхуигъэузыншэ! 
УсакIуэм пэж жиIэну лIыгъэ иIэмэ, и псалъэхэр уахътыншэ хъунущ. Апхуэдэ усыгъэм цIыхухэр еджэнущ, зэIэпахынущ, тепсэлъыхьынущ. АбыкIэ щапхъэщ Бещтокъуэ Хьэбас и IэдакъэщIэкIхэр. И сатырхэр напэ къабзэкIэ зэрытхам нэмыщI, хэлъщ щIэныгъи. И талантымрэ, щIэныгъэмрэ, дуней тетыкIэмрэ апхуэдизу зэхуэкIуащи, и усэхэр а псомкIи псыхьауэ ди деж къос. Бещтокъуэм и усэ сатырхэр, псом хуэмыдэу, цIэрыIуэ хъуа гухэлъ лирикэр, куэдым гукIэ ящIэ. ЦIыхугухэм къипсэлъыкIа хуэдэщ – аращ и щхьэусыгъуэр. 
Езым и усыгъэ дуней иIэжщ, телъыджэрэ ухэмыхьэн плъэмыкIыу. Дэ, щIэджыкIакIуэхэм, а дунейм дыщыхьэщIэну Iэмал диIэщи, куэдрэ къытыдогъэзэж. Къытедгъэзэхуи, сатырхэм къахыдох гупсысэ, гупсэхугъуэ, чэнджэщ, щапхъэ. «Иджырей дуней» усэ тхылъым дыкъытеувыIэмэ, абы ит усэхэм гур зыгъэпсэхуи, къезыхуэкIи, гукъэкIыжхэм узыхьыжи яхэтщ. Усыгъэм ущыпсэууэ къэбгъэзэжа нэужь, гупсысэр абыкIэ къанэ хуэдэщ. Укъеджэу бгъэтIылъыжа нэужьи, куэдрэ бгъэвыж яхэтщ усэхэм. УсакIуэм адрей и тхылъхэм зи гугъу тщIыр абыкIэ къащхьэщыкIыу къысщыхъуащ – гупсысэр щынэхъ хьэлъэ хуэдэщ. Усэхэм дыкъыщеджэкIэ, адыгэбзэр зэрыкъулейр - хуеймэ щабэ, хуейми ткIий зэрыхъур долъагъу. Бещтокъуэм образ къыщигъэщIкIэ щIыуэпсыр телъыджэщ, цIыхупсэр абы хэгъэпщкIуащ, дуней псом щэхуу хэлъу хъуар уи нэгум щIэтщ. ЩIыуэпсым хьэл гъэщIэгъуэнхэр ирет: «Щиху тхьэмпэм къелъэ дыгъэ бзийр си нэкум Къиплъыхьти, къысхуиIуатэрт и гурылъ» («ГъащIэм и уэрэд»), «ПсыIэрышэм ислъэмей ЕщIыр къызэфIэувауэ, Ар пшэ къабзэм къилъэгъуауэ ЗыкъыдещIри - и дунейщ» («Нарт макъамэхэр»), «Гъуэплъ дахэу дыгъэр ноби щопсыр уафэм, Удз щхъуантIэхэри мэхъур лъэтэныгу» («Гъуэплъ дахэу дыгъэр ноби щопсыр уафэм»), «Пшэ кIапэм телъу мазэ ныкъуэ Жейбащхъуэм вагъуэхэр егъэхъу» («Пшэ кIапэм телъу мазэ ныкъуэ»), «Пшэр езэшауэ къуршым йощэтэх» («Пщыхьэщхьэщ. Нэпсыр уафэм къыщIоувэ»). Акъужьыр, тенджызыр, жыг хадэр, дыгъэр, уафэр усыгъэм образ щхьэхуэурэ хэтщ. 
УсакIуэм и гупсысэхэр зэм уафэхъуэпскIым хуэдэщ. Щапхъэщ «Жэщыбгым» усэр:
Жэщыбгти, стхырт зыгуэр сыпIащIэу.
А стхым нэмыщIкIэ зы щэху гуэр
Си щхьэпхэтIыгум ист пэщащэу,
Дэлъэпэрапэу лъынтхуэ уэр. 

Лъынтхуэм лъыр къыщезыхуэкI гупсысэр зэкIэ IупщI хуэдэкъым, ауэ зыкърегъащIэ тримыгъэпыIэу, къоныкъуэкъу, къоджэ. ИкIэм-икIэжым, щхьэпхэтIыгум йотIысхьэ. 
ИтIанэ ручкэр согъэтIылъри
Си нэгу къыщIохьэр: уэнжакъ жейм
Бомбэжь, и дзэпкъыр пIийуэ, къолъри
ЩотIыс си щхьэпхэтIыгум дей. 

ЩхьэпхэтIыгум щытIыса щэхур къоуэри, гупсысэр абы къокI:
ЩотIыс, зеплъыхьри занщIэу къоуэ,
Сэ хьэрфым хуэдэу сыкъегъэш…
КъикIауэ си щхьэм а «щэху гуэрыр»
Аргуэру тхэным щIызодзэж. 

Догупсыс усэр гум тыншу къызэрыIэпымыкIым. ИтIани, гумрэ псэмрэ гугъу езыгъэхьа сатырхэрщ гъащIэ зиIэр. 
Бещтокъуэ Хьэбас и лъагъуныгъэ лирикэр цIыхубэм фIыуэ ялъагъу, нэхъ ящIэ жытIэмэ, дыщыуэнукъым. Гухэлъ сатырхэр куэдрэ жэуап яхуохъу гур зыщIэупщIэхэм. Усэхэм гъащIэр зэрыIэфIыр, ауэ щыхъукIи, ар IэфI хъун папщIэ куэд зэрыщыбгъэвыр къыдаIуэкI. Псэр гугъуехьхэм, гупсысэ хьэлъэхэм, хэкIыпIэншагъэ гуэрхэм япсыхьа нэужь, гъащIэм хуэхьэзыр мэхъу. Аращ абы къару къызыхихыр – зыпсыхь гугъуехьырщ. А псом дрегъэгупсыс усакIуэшхуэм и гухэлъ лирикэм. 
Лъагъуныгъэр къыщыпкIыу зы щапхъэ закъуэ:
Уэращ аргуэру: си нэхэр мэтхъэж,
ЗетIыжыр си гум бгъэм зыщиIэтауэ,
ГуфIэгъуэм уафэ къабзэр щIиIэтауэ,
Дунейм ди зэхуэзапIэм щеIуэтэж.

Лъэпкъ гупсысэр къызыхэщ усэ купщIафIэхэм дыкъыщоджэ «Иджырей дунейм». 
«Дауэ тщIымэ, дауэ хъуну, 
Ди анэдэлхубзэ?», - жиIэу езы бзэм йочэнджэщ, абы и гурыгъузым щыхэткIэ. 
Лъэпкъ узырщ сэ къызэузар,
СиIакъым нэгъуэщI уз.
Хъун хуэдэу лъэпкъым хуэзусар
Нэхъ жыжьэ ныреIус, - щыжеIэ «Лъэпкъ узырщ сэ къызэузар» усэм. 
Бещтокъуэ Хьэбас и усыгъэм къызэщIиубыдэм иIэкъым гъуни нэзи. Псэр зыхашэ дунейр телъыджэщ. УкъегъэуIэбжь, уегъэгуфIэ, уегъэпIейтей, уегъэнэщхъей икIи уегъэгугъэ. УсакIуэм и псалъэхэм щаби ткIии мэхъу. ТIум щыгъуэми къару яхэлъщ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: