Геленджик и адыгэцIэр Хъулъыжьейщ

        Мы гъэм 11-нэрэ зэхохьэ мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэм Геленджик къалэм щекIуэкI хабзэ «Шэрыб тенджыз» аэродизайнерхэм я фестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ Француз Николай зи унафэщI, шэрыб къыщIэзыгъэкI «Праздник Мастер» IуэхущIапIэм.

Зэхьэзэхуэ фIаща щхьэкIэ, ипэжыпIэкIэ мы фестивалхэм шэрыбгъэпщхэр я IэщIагъэм къыхыхьа IэмалыщIэхэмкIэ щызэхъуажэу аращ. ЦIыхум и гум гуфIэгъуэр къегъэутIыпщынырщ аэродизайнерхэм я IэщIагъэ дыдэр. Нобэ шэрыбыншэу зы гуфIэгъуэ пшыхьи екIуэкIыж къыщIэкIынкъым. Махуэ зыбжанэ фIэкIа дунейм темытыну дахагъэм я псэр етауэ елIалIэ мы хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ сабиигъуэр зэи зи гум имыкI цIыхукIэ уеджэфынущ. 

Зызэман шэрыбхэр гъуэтыгъуейуэ щытащ. ЩыгъыныжьхэмкIэ шэрыб къэзыхъуэж машинэхэр къуажэм къыщыдыхьэкIэ, сабийхэр IэубыдыпIэншэ хъурт. «Шарыщэр къокIуэ! Шарыщэр къокIуэ!» - жаIэурэ, унагъуэм къыщамыгъэсэбэпыж щыгъыныжьхэр щэхуакIуэ-хъуэжакIуэм худахырти, асыхьэтым къаIэщIэуэну шэрыбыр зыIэрагъэхьэрт. А закъуэри къэуа иужькIэ, хыфIадзэну ягу пымыкIыу, хьэфэ пIащIэм иджыри «шар цIыкIухэр» къыхагъэпщыкIыжырт.  Нэхъ жыжьэж уIэбэмэ, зи сабийхэр зыгъэгуфIэну хуейхэм гуэгуш хулъэр къабзэу ятхьэщIурэ, цIыкIухэм абы шэрыб къыхухащIыкIыу щытащ.

 Шэч хэмылъу, шэрыбхэр нэхъ Iэгъуэ, нэхъ ин, нэхъ дахэ, бгъэпщынуи нэхъ тынш хъуащ абы лъандэрэ. Иджы уи сурэт нэгъунэ пхутращIыхьыфынущ шэрыбым. Сабийхэми балигъхэми зэхуэдэу я гукъыдэжыр къахуэзыIэт хьэпшыпым пудкIи уеджэнкъым. IэмэпсымэщIэхэр цIыхухэм ялъэIэсыныр и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу, «Праздник Мастер» IуэхущIапIэм и унафэщI Француз Николай Геленджик щызэхишэ фестивалыр кIуэ пэтми нэхъ нэгузыужь мэхъу. ЗыгъэпсэхуакIуэ куэд зэкIуалIэ къалэм и сурэт хъуакIэщ гъэмахуэм и япэ тхьэмахуэм хуагъазэ «Шэрыб тенджызыр». 

           Илъэс ещанэ хъуауэ зэхьэзэхуэм макIуэ Налшык щыщ аэродизайнер Урыс (Тэнащ) Каринэ.  Урыси, тэтэри, башкири хэтщ Каринэ и ныбжьэгъу гупыр щызэрымыгъэзэш «Шарлята» гупым. Ныбжьэгъу зэрыгъэхъуа хъыджэбзхэр илъэсым и кIуэцIкIэ зыбжанэрэ щызэхуозэ Урысейм и дэнэ лъэныкъуэкIи къыщызэрагъэпэщ фестивалхэм. ИлъэсыщIэ къихьэгъуэм гупыр Уфа щекIуэкIа, сабий унэхэм щаIыгъ цIыкIухэм папщIэ къызэрагъэпэща псапащIэ Iуэхум хэтащ. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, зэрыгупу Налшык къеблагъэри, адыгэ шхыныгъуэхэр зрагъэцIыхун Iуэхур Каринэ и джэдлыбжьэмрэ лэкъумымкIэ къыщIадзат. «Шэрыб шырхэр» абы щыгъуэ хэтащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIа «Бгырыс фестивалым». Аэродизайнерхэм я зэхьэзэхуэхэм щызэпеуэ гупхэр IыхьитIу ягуэш: «IэщIагъэлIхэмрэ» «зызыгъасэхэмрэ». Нэхъ Iэзэхэм хабжэ IэщIагъэлIхэм ящымыщрэ пэт, Каринэрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ   ящIа «Бжьакъуэ закъуэм» («Единорог») хеящIэхэр щытхъуат. «Зызыгъасэхэм ящыщ «Шарлята» гупым тщIэнур дымыщIэжу дыкъагъэнащ, апхуэдизкIэ Iэмал гъэщIэгъуэнкIэ я IэдакъэщIэкIым елэжьащи», - щытхъум щысхьакъым къэпщытакIуэхэр. Абы щыгъуэми Геленджик щекIуэкI фестивалми гупым «шэрыб мылъкукIэ» къадэIэпыкъуащ «Браво» IуэхущIапIэр.

 Геленджик къэдгъэзэжынщи, мыбы щызэхашэ зэхьэзэхуэхэр щэнхабзэм, тхыдэм, зэманым я нэщэнэхэм траухуэ хабзэщ. Мыгъэрейм щызэпеуа гуп 13-м шэрыбхэм къыхащIыкIат дунейпсо щэнхабзэм щыцIэрыIуэ таурыхъхэм щыщ лIыхъужьхэм я теплъэр.  Чебурашкэрэ Генэрэ, Шапоклякрэ Джэш хьэдзэм тес пащтыхьыпхъумрэ, Фызыжь Ябгэмрэ Хьэндыркъуакъуэ гуащэмрэ…

«Шэрыб шырхэр» иджыри къэс фестивалхэм зэрыхэтар зызыгъасэ гупущ.  Зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм ахэр япэ дыдэ «IэщIагъэлIу» хыхьащ. Хъыджэбзхэм ягъэхьэзырын хуейт «Гуплъ къалэм и нэщыпхъуэзехьэ» («Волшебник изумурдного города») таурыхъым хэтахэм я теплъэхэмрэ ахэр къызэрырашэкI, шэрыбхэм къыхэщIыкIа гурэ. Зэрыфлъагъущи, гупым я къалэныр ягъэзэщIащ.  Сурэтым щыдолъагъу хъыджэбзхэм а таурыхъым хэта дзыгъуэхэм ещхьу, пащIэрэ кIапэрэ зэрызыпагъэувар. 

Фестивалым и япэ махуэм шэрыбхэр зыкIэращIэну Iэмэпсымэхэр ягъэхьэзыр. КъыкIэлъыкIуэм гуп къэс лэжьыгъэм пэроувэ. Зэхьэзэхуэ нэхъ инхэм я зэхуакум зэпеуэ цIыкIу зыбжани дэтщ. Фестивалым и зы Iыхьэщ «карнавал» пшыхьри. Дэтхэнэ зыми игу ирихь лIыхъужьым и щыгъын къыхехри, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щыцIэрыIуэ гуэрым и фэм йохьэ.  Фестивалыр махуэшхуэ дыдэ щыхъур еплIанэ махуэрщ. Лэжьыгъэхэр яухыу, я IэдакъэщIэкIхэр утыку ирахьа нэужь, Геленджик и уэрамхэм я зым таурыхъым къыхэкIа лIыхъужьхэр ирикIуэу щыплъагъуфынущ.  ИужькIэ IэдакъэщIэкI псори хы Iуфэм ирагъэувэкIыжри, цIыхухэр мин бжыгъэкIэ а гуфIэгъуэ пшыхьым щызэблокI.

  Гукъыдэжрэ гуфIэгъуэкIэ зэдэгуэшэн, щIыпIэ куэдым къикIахэр зэрыцIыхун, ныбжьэгъугъэм зегъэубгъун – ахэращ мыпхуэдэ фестивалхэм я плъапIэ нэхъыщхьэр. Дауи, зэхьэзэхуэ щыхъукIэ, япэ, етIуанэ, ещанэ зыфIэпщыни къахокI шэрыбгъэпщ гупхэм. Ауэ хэт мыпхуэдэ телъыджэм зигу хэщIу къыхэкIыжынур? ТемыкIуауэ зыри хэткъым жыпIэми, ущыуэнукъым. Геленджик фестивалыр иджыри йокIуэкI. Хэт Налшыки апхуэдэ телъыджэ щимылъагъунрэт?!

                                      ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: