КъБР-м и зыгъэпсэхупIэхэм къахэхъуэнущ

Ещанэ Урысейпсо онлайн къэпщытэныгъэм кърикIуахэр иджыблагъэ къапщытэжащ. Ар къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ «Къалэ псэупIэхэм я зэIузэпэщагъыр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ - мэлыжьыхьым и 15-м къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 31-рэ пщIондэ. Мы гъэм дизайн проектхэр къыхэхыным хуэгъэза IэIэтым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыху мин 75-рэ. Ар нэгъабэ елъытауэ 1500-кIэ, 2021 гъэм елъытауэ 15000-кIэ нэхъыбэщ.

«УФ-м и Президентым къыхилъхьат къалэхэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм абыхэм дэсхэм я процент 30-м нэблагъэ къыхэшапхъэу, абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэлъытапхъэу. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэн, урысей цIыхухэм тыншу интернеткIэ Iэ яIэтын папщIэ IэмалыфIу щыIэр къагъэщхьэпащ. Ахэр дяпэкIи къэгъэсэбэпыным хуэгъэза Iуэхугъуэхэр лэжьыным теухуауэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнкъым», - жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Къапщтэмэ, ди къэралым щегъэфIэкIуапхъэу къалъытащ объект мини 5-м щIигъу. Абыхэм ящыщу 1,5-р муниципальнэ еджапIэхэт. IэIэтым хагъэхьа ухуэныгъэхэм я нэхъыбэр щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къыхалъхьат, ауэ апхуэдэ ухуэныгъэхэр къыщрагъэжьэнур къалэдэсхэм, жылагъуэхэм даIыгъа нэужькIэт. А щIыкIэм тету КъБР-м къыщыхагъэщхьэхукIат егъэфIэкIуапхъэу ухуэныгъэ 19, абыхэм ящыщу щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэу 8.

«Мы гъэм онлайн IэIэтым хэтащ цIыху мелуанитIым щIигъукIэ нэхъыбэ. Ар кърикIуащ а Iуэхур УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ зэрыдаIыгъам. Апхуэдэуи, а лэжьыгъэм я къару емыблэжу хэтащ щIыналъэхэм, муниципалитетхэм я унафэщIхэр, волонтёрхэр, гудзакъэ зиIэ цIыху къызэрыгуэкIхэр», - къыхигъэщащ УФ-м ухуэныгъэхэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирек.

IэIэтым хэтыну хуея дэтхэнэми Iэмал иIащ къагъэлъэгъуа дизайн проектхэр ирагъэфIэкIуэну. Абы папщIэ КъБР-м щыпсэу дэтхэнэми и ныбжьыр илъэс 14 ирикъуауэ щытын хуейуэ арат. ИкIи адэкIэ 07.gorodsreda.ru напэкIуэцIым ихьэу зригъэтхыу, «Госуслуги» сайтымкIэ Iэ иIэтыжын хуей къудейуэ арат. Апхуэдэуи, волонтёрхэми жылагъуэ зэхуэсыпIэхэм Iэ зэраIэтыну Iэмалхэри къыщызэрагъэпэщащ.

Зи гугъу тщIа 19-м щыщу къыхахащ IуэхущIапIэу 8. Налшык япэ щрагъэщынухэм ящыщщ КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Хуитыныгъэ» скверыр. ЕтIуанэу елэжьынущ Бахъсэн къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и проспект зэпрыкIыпIэм иIэ лъэс лъагъуэм, адэкIэ, Прохладнэ къалэм и утыку нэхъыщхьэм, Нарткъалэ и Краснэ уэрамымрэ 267-нэ унэмрэ я гъунэгъу скверым, Шэджэм и лъэс лъагъуэ аллеем, Май къалэм и «Россия» щэнхабзэ унэм деж иIэ утыкум, Тэрч къалэм дэт библиотекэм деж иIэ утыкум, Тырныауз и Эльбрус проспектым администрацэм и унэм къыщыщIэдзауэ Пенсэ фондым и унэм нэсыху уэрамыр зэгъэпэщыжыным.

«IэIэтым кърикIуахэм къагъэлъагъуэ платформэр зэраутIыпщар щхьэпэ дыдэу къызэрыщIэкIар. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр зэфIэха хъуащ – егъэфIэкIуэн хуей ухуэныгъэхэм ятеухуа я Iуэху еплъыкIэр къалэдэсхэм къыхалъхьащ икIи ахэр къэралым диIыгъащ. Апхуэдэ Iэмалхэм я фIыгъэкIэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ нэхъ зэIузэпэщ мэхъу. ФIыщIэ фхузощI республикэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза мы Iуэху дахэм гудзакъэ яIэу хэта дэтхэнэми, дызэгъусэу, дызэкъуэту щытмэ, шэч хэлъкъым ди щIыналъэ дахэр нэхъри зэредгъэфIэкIуэнум», - къыхигъэщащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэукIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также: