Псэми и дохутырщ

Хэлат хужьым къалэн къыщищIхэр дагъуэншэу зыгъэзащIэхэм ящыщщ Ислъэмей къуажэм дэт амбулаторэм и терапевт ГъукIэ (Гуэщокъуэ) Людмилэ. «Iэзэщ, гуапэщ, псэ къабзэщ, и гур зэIухащ», - а псалъэхэрщ къуажэдэсхэм Людмилэ хужаIэр. Гум къыбгъэдэкIыу а псалъэ гуапэхэр къыпхужаIэн щхьэкIэ езэши щхьэхи умыщIэу сымаджэхэм гугъу задебгъэхьын хуейщ. Си тхыгъэр ГъукIэм тезухуэну мурад щысщIым, япэу зыхуэзгъэзащ амбулаторэм и унафэщI Къэбардэ ХьэIишэт.
- Тхыгъэ щхьэхуэ зытебухуэ мыхъун зы дохутыри диIэкъым, псоми я къалэныр нэсу ирахьэкI, - жиIащ ХьэIишэт. – ГъукIэ Людмилэ и гугъу пщIымэ, и цIэр фIыкIэ ипIуэныр хуэфащэ дыдэщ. Илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ лэжьыгъэм пэрыт цIыхубзым Iуэхур Iэпэдэгъэлэл щищIа къэхъуакъым. Ихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхэзыщIэ Людмилэ и къаруи и гуащIи емыблэжу и IэнатIэр ирехьэкI, и щхьэр къезыхьэлIэ дэтхэнэ зыми зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу. Бгъэдэлъ Iэзагъэм утепсэлъыхьмэ, Iуэхум фIыуэ хещIыкI, псом ящхьэращи, къыдэкIуалIэ сымаджэхэр хуэарэзыщ, удэлэжьэну тыншщ.
…НитIыр абджыпсым тодие. Узым зи Iэпкълъэпкъыр иIыгъ сымаджэм и гум куэд щызэрегъэзахуэ. Бетэмал, илъэс зыбжанэ ипэкIэ дуней псор къыхуэгъэIурыщIэну къигъэгугъэрт, гъащIэ дахэм уардэу хэсыхьырт. Иджы-щэ? Иджы и дунейр зы Iэгущ зэрыхъужыр - сымаджэщыр, унэр, ахэр зэпызыщIэ гъуэгур… ЗыпэщIэхуа дохутырыр цIыхугъэшхуэ зыхэлъщ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIщ, Iэ щабэ-Iу щабэ зыхужаIэхэм хуэдэщ. Ари Iэджэ и уасэкъэ? 
- Узым сыкъиутIыпщыххэркъым, жэщи махуи псэхугъуэ къызитыркъым, - къыхуотхьэусыхэ зи фэм имытыж бзылъхугъэр ГъукIэм. – Куэди зэзгъэплъащ, зэзгъэIэзащ, ауэ… ПIалъэкIэ нэхъыфI сащIми, шхалъэ узым си нэр хуиту игъаплъэркъым. Уи хъыбарыфI куэд щIауэ зэхэсхырти…
Людмилэ сымаджэм жиIахэм гупсэхуу щIодэIу, къыхэзыгъэзыхьыр зрегъащIэ, абы тещIыхьауэ цIыхубзым еIэзэн щIедзэ. Куэд дэмыкIыуи, уэшх хуэлIа къэкIыгъэ гъуэлам уэлбанэ нэужьым зыкъызэриужьыжым хуэдэу, сымаджэм и узыншагъэм зыкъигъэзащ, дунейм и нэхуми и гум щызу хэплъэжащ. ЦIыхум и насыпыр сыту куэдыщэкIэ елъыта и узыншагъэм! Сыт я мыхьэнэ уиIэ хъугъуэфIыгъуэ псоми, абы ухуемыплъэкIыжыфу, дуней дахэри IэфI къыпщымыхъужу узыр къыщыптегуплIэм?! Аращ узыншагъэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым щIыжаIэри. 
Людмилэ и лэжьэкIэм сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абы и теплъэми и хьэл-щэнми къыбжаIэ а адыгэ цIыхубз зэпIэзэрытыр дохутыр IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIар. Узыр зэуэлIа Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым ар зэIэзэр, атIэ псэми и дохутырщ. ГъукIэм дэтхэнэ сымаджэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэтри, я Iуэхур фIы зэрыхъужынур фIэщ ящещIыф. 
Людмилэ зэрыцIыкIу лъандэрэ дохутыр IэщIагъэм дихьэхырт. Абыхэм я лэжьэкIэм кIэлъыплъынуи куэдрэ къыхуихуат, щIэх-щIэхыурэ и нэгу къыщIигъэхьэрт хъэлат хужьыр щыгъыу сымаджэхэм яхэту. Зэман дэкIыу IэщIагъэ къыхихын хуей щыхъум, ар куэдрэ гупсысакъым – и хъуэпсапIэр нахуапIэ зэрищIынум и ужь ихьащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта иужь, абы лэжьэн щыщIидзащ Бахъсэн район сымаджэщми «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэми». А IэнатIэхэри абы ирихьэкIащ и цIэр фIыкIэ ираIуэу, и зэфIэкIыр къалъытэу. 
Зыпэрыт IэщIагъэр и нэр къыхуикIыу къыхэзыха цIыхубзым къытехьэлъэркъым и лэжьыгъэр, езэш ищIэркъым. И Iэзагъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъуу медицинэм теухуауэ тхылъ куэд щIеджыкI, а унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ дэтхэнэ зы Iэмалми зыщегъэгъуазэ. Нэхъыщхьэращи, абы сымаджэм тэмэму гулъытэ хуимыщIауэ зыми жиIэфынукъым. 
ГъукIэм и Iуэхур абдеж щызэфIэкIырт, унэм кIуэжми хъунут. АрщхьэкIэ абыкIэ абы и гур зэгъэнутэкъыми, гъусэ захуищIри, Бахъсэн район сымаджэщым кIуащ. Сымаджэр операцэ ящIыхукIэ ежьэщ, абы и Iуэху зыIутыр хирургым и деж къыщищIэри, итIанэщ Людмилэ и унэ щекIуэлIэжар.
 ГъукIэр илъэс 32-рэ хъуауэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм пэрытщ. А зэманым къриубыдэу абы узыр зыщхьэщиха, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэкIэ зыхуэупса цIыхухэр мащIэкъым. «Дуней дахэм лъэ быдэкIэ хэбэкъуэжа цIыхум къыбгъэдэкI псалъэ гуапэхэр зэхэпхыныр уасэншэщ, дохутырым и лэжьыгъэм къыпэкIуэ пщIэ нэхъ лъагэ дыдэр зэIэзам и фIыщIэрщ», - жеIэ Людмилэ.

 

Къардэн Мухьэмэд.
Поделиться: