Я псалъэхэм къыпхалъхьэрт къару

Журналист лэжьыгъэм фIыщIэ ин хузощI цIыху хьэлэмэт куэд, щIыналъэ телъыджэ мымащIэ къызэрызигъэцIыхуам папщIэ. Зэман дэкIыжащ абы лъандэрэ, ауэ си гукъэкIыжхэм хэт цIыхухэм къытебгъэзэжу уатепсэлъыхькIи лей хъунукъым. Абыхэм я псалъэ къудейм уигъэгушхуэрт, лъэщ уищIырт, фIым ущигъэгугъырт, дапхуэдиз зэманкIэ уадэуэршэрами, защыбгъэнщIыртэкъым пщIей гъэхэм, си насып къихьу къэсцIыхуауэ щыта, адыгэ лъэпкъым и бын пэжхэу дунейм тета, акъылыфIэу, щIэныгъэрэ зэф1эк1кIэ Алыхьыр зыхуэупса, цIыху телъыджэхэу дунейм тетахэр. Адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу республикищми щыцIэрыIуэт ахэр икIи апхуэдэ лъэужь дахэ къэзыгъэнахэм я цIэр уахътыншэщ. Ахэр филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и академик, и вице-президент, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, , щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 200 дунейм къытезыгъэхьа Бэчыжь Лейла, усакIуэ-егъэджакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, адыгэбзэкIэ зэрырагъаджэ тхылъхэм елэжьа, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин, Шэрджэс тележурналистикэр зэфIэзыгъэувахэм ящыщ, усакIуэ Пхъэшх МуIэед, адыгэ усыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Нэхущ Мухьэмэд сымэщ.
Зи цIэ къитIуахэр зэзыпхыу, зэщхьу яхэлъауэ къэплъытэ хъунум къыщыщIэддзэнщ. Псом япэр, ахэр адыгэпсэу зэрыщытарщ. Нэмыс, пщIэ, гулъытэ къыпхуащIынут, езыхэми зыхуагъэщIынут. АпхуэдизкIэ ялъкIи япкъкIи нэгъэсауэ адыгэ щэным, я лъэпкъ хабзэм итти, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым. Мыхьэнэшхуэ зимыIэ псалъэмакъкIэ зыкъыптрагъэхьэлъэнутэкъым, атIэ адыгэ тхыдэм, щIэнгъуазэм, литературэм, щIэблэм заузэщIыным хуэгъэпсауэ нэхъ тегъэчыныхьауэ тщIапхъэхэм ятеухуауэ,жа1эн я1эти, зэманыр зэрыкIуар умыщIэу, удихьэхауэ узрагъэдэIуэфынут, уэри уи Iуэху еплъыкIэм къыщIэупщIэнут. Пэжщ, Мухьэмэд нэхъ псэлъэгъуейт икIи, къыпэщылъ гъащIэр зэрыкIэщIыр и псэм ищIэм хуэдэу, мащIэу нэщхъейт. Ауэ гу лъыптэрт и псэр зэрызэIухам.  И усэхэми я нэхъыбапIэм наIуэу къагъэлъагъуэр арат – псэ къабзагъэ, пэжыгъэ, Хэкум, адэ-анэм хуаIэ лъагъуныгъэ, лIыгъэ, цIыхугъэ.
Бэчыжь Лейла и лIыгъэм хуэдэ зыхэмылъ цIыхухъу куэдыкIейщ. Апхуэдэу ар щызыгъэтауэ къыщIэкIынур щIэныгъэ куу бгъэдэлъамрэ и адыгэ лъэпкъ уардэм и тхыдэм, хабзэм, щIэнгъуазэм нэгъэсауэ щыгъуазэу, абы ирипагэу зэрыщытамрэщ. Езыри гушхуауэ  щытт, уэри а гушхуэныгъэр къыпхилъхьэрт, къару къуитт. 
Къызэралъхурэ илъэс 75-рэ мы гъатхэм ирикъуну щыта Бемырзэ Мухьэдин нэхъыбэрэ сыIущIэну къысхуихуащ, и уни зыбжанэрэ сыщыхьэщIащ. КIэщIу жыпIэмэ, и псалъэ нэхъыбэ зэхэсхащ, гуапагъэ мымащIэ, дэслъэгъуащ. Ар апхуэдизкIэ къызэрыгуэкIт икIи щэныфIэти, гулъытэ лей фIэфIтэкъым. Псэужами, и гуапэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъыми. абы хуэгъэза псалъэ дахэм кIыхь зезгъэщIынкъым.
Пхъэшх Муаед и адыгэпсэм Налшык лъагъунлъагъу, нэхъыфIу дызэригъэцIыхун, адыгэхэм ди зэпыщIэныгъэр  ефIэкIуэным хузэфIэкI хэлъхьэныгъэ гуэр хуищIын мурад иIэу къэкIуауэ къэсцIыхуащ. АпуэдизкIэ уэршэракIуэ гуакIуэт икIи джэгуакIуэ Iэзэт, сэри ар си жагъуэтыкъыми, зы адэ-анэм къалъхуауэ, хъыбарыншэу зэрызэфIэкIуэдрэ куэд дыдэ щIа зэкъуэшитI зэхуэзэжам дыхуэдэт, апхуэдизкIэ пIалъэ кIэщIым зы бзэ зэдэдгъуэтати. Къалащхьэм и зы уэрам нэхъыщхьэ зэгъусэу дрикIуэрти, адыгэбзэкIэ зэдэуэршэр зэхихамэ, егъэлеяуэ гуфIэу захуигъазэрти, шыпхъу е къуэш жиIэрти сэлам гуапэ ярихырт, ящIэупщIэрт. «Фэ иджыри зыгуэрхэмкIэ фыарэзыкъым, ихъуреягъкIэ адыгэщ, ди анэдэлъхубзэр дэнэкIи щоIу. Жэнэтым и курыкупсэм фисщ, фи насыпщ. ЧеркессккIэ апхуэдэкъым», - жиIэрт абы. Нэху щыху дызэтемызашэу дызэбгъэдэсащ икIи ди псалъэмакъыр зытеухуауэ хъуар зыт – адыгагъэрт. Гу зыщыдмыхуауэ, куэд мыщIэу Iэмал имыIэу дызыIущIэну дыкъызэрыгъэгугъат, ауэ дыхунэмысу, МуIэед и ныбжь нэмысу уз бзаджэм тIэщIихащ. Апхуэдизу нэхъуеиншэу зи лъэпкъыр фIыуэ зылъэгъуа цIыху телъыджэр ягу къемыуэу къэнэнт?! 
Уи жагъуэ мыхъуу къанэркъым апхуэдиз гуауэщхьэ лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зи нэгу щIэкIа адыгэ лъэпкъ мащIэм апхуэдэ цIыху телъыджэхэр щыIэщIэкIкIэ. Нэхъри къыптохьэлъэ апхуэдэхэр пцIыхуу щытамэ. Абыхэм я псалъэ къудейм нэхъ щIалэ ухъужауэ къыпщагъэхъурт, къару къыпхалъхьэрт.
 
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: