Адыгэгурэ адыгэпсэрэ зиIа Нияз

ХамэщI щыIэ ди лъэпкъэгъу куэд мэпсэу, адыгэщIыр я псэм хэлъу, адыгэ тхыдэр я лъым хэту, я гур ХэкужьымкIэ къеIэу. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм мымащIэу къахокI Хэкужьыр зэзыгъэгъуэтыжыфу, тхыдэм и къэгъэшыпIэ задэхэм я зэранкIэ нэхъыжьыфIхэм ипэкIэ яфIэкIуэдауэ щыта лъахэр псэупIэ зыщIыфхэр. Адэжь щIыналъэр зи псэм хэлъу абы къэзыгъэзэжахэм ящыщащ Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин и къуэр (1940 - 2014). 
Адыгэ еджагъэшхуэхэм халъытэ Бэтокъуэр филологие щIэныгъэхэмкIэ докторт. Ар яхэтащ Кавказыр джынымкIэ центрыр Париж дэт Сорбоннэ университетым къыщызэзыгъэпэщахэм. Хэкум къигъэзэжа нэужь, КъБКъУ-м илъэс куэдкIэ щригъэджащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу щытащ. Бзэ щIэныгъэм хуабжьу дихьэх егъэджакIуэр набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт хамэбзэ зыбжанэм я зыужьыкIэм. Псом хуэмыдэу ар итхьэкъуащ франджыбзэм икIи ар езыр-езыру зригъэщIэн щIидзащ. Щхьэхуимыту узыIэпызышэ малъхъэдисым хуэдэу къыщIэкIащ франджыбзэр Нияз и дежкIэ. А бзэм и зэхэлъыкIэм ар апхуэдизу дихьэхати, мурад ищIащ абы нэхъ куууэ хуеджэну, абыкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Абы щхьэкIэ Франджым кIуэн хуейт. Iуэхум лъэпощхьэпо гуэрхэр хэлъами, ахэр къызэринэкIри, Нияз 1970 гъэм а къэралым нэсащ. Париж дэт Сорбоннэ университетым франджы литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ икIи ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, университетым и аспирантурэм щIэтIысхьащ. Зы илъэсым и кIуэцIкIэ кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырауэ щытащ Бэтокъуэм икIи 1978 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Сорбоннэ университетым, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидати хъуащ. А университетым щылажьэурэ, щIэныгъэлIыр доктор диссертацэми иужь ихьащ. ИлъэситхукIэ елэжьа нэужь, ар утыку кърихьащ. Диссертацэхэр къэзыпщытэ гупыр арэзы техъуащ Бэтокъуэм и къэхутэныгъэ купщIафIэхэм, щытхъушхуи хужаIащ. Ари ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ Нияз икIи 1983 гъэм филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэ лъагэр къыфIащащ. 
Адыгэгурэ адыгэпсэрэ зиIэу дунейм тета Нияз куэдрэ тепсэлъыхьыжырт и сабиигъуэм. Ар къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ адыгэхэр нэхъ зэуIуу щыпсэууэ Сирием щыIэ Джолан лъагапIэхэм щыщ КъунейтIрэ жылэм. ПэщIэдзэ школри курыт еджапIэри абы къыщиухащ Нияз. ЩIалэ гурыхуэм дзыхь къыхуащIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыувэну икIи илъэситI хуэдизкIэ КъунейтIрэ и курыт школхэм ящыщ зым хьэрыпыбзэр щригъэджащ. 1967 гъэм адыгэхэр а щIыпIэхэм къра¬хуа нэужь, ахэр Сирием хэгуэша хъуащ, зыкъомри нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ. Зи псэупIэр зыхъуэжахэм ящыщащ Бэтокъуэхэ я унагъуэри икIи Нияз лэжьыгъэм щыпищащ а къэралым и курыт школхэм языхэзым. 
Франджыр псэупIэ хуэхъуа нэужьи адыгэ щIалэм и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр псори зытеухуар адыгэбзэрат. Ди анэдэлъхубзэр Iурылъу, хьэрыпыбзэри ищIэу, франджыбзэми фIы дыдэу щыгъуазэ зыхуищIа нэужь, абы запищIащ Париж дэт, Дунейм тет бзэхэр джынымкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым. Абы и IэщIагъэлIхэм зи зэхэлъыкIэр хуабжьу яфIэхьэлэмэт бзэхэм ящыщу къыщIэкIащ адыгэбзэр. И къэхутэныгъэхэр адыгэбзэмрэ франджыбзэмрэ я зыужьыкIэмрэ зэщхьу е зэщхьэщыкIыныгъэу яхэлъхэмрэ триухуэну Бэтокъуэм щыжиIэм, ар къыдаIыгъащ щIыпIэм и щIэныгъэлIхэм. Зыхуеиххэр арати, фIэфIу, фIэгъэщIэгъуэну лэжьыгъэм яужь ихьащ адыгэ щIалэр, зэман кIэщIым къриубыдэуи зэфIихащ. Абы и дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр зыпэIэщIэу псэу и Хэкужьым, адэшхуэ лъахэм, нэхъ гъунэгъуу пыщIа зэрыхъуфарат, и псэм щигъафIэ ди анэдэлъхубзэм папщIэ зыгуэр зэрилэжьарат. А лъэхъэнэм иубла Iуэхум и гъащIэ псор тыхь хуищIащ щIэныгъэлIым. 1987 гъэм абы къыдигъэкIауэ щытащ томитIрэ Iыхьихыу зэхэт «Адыгэбзэ-франджыбзэ псалъалъэм» и япэ Iыхьэр. А псалъалъэм и къыкIэлъыкIуэ тхылъхэр дунейм къытехьащ 1990, 1992, 1995 гъэхэм. 2005 гъэм хьэзыр хъуащ икIи къыдэкIащ иужьрей тхылъитIыр. Ахэр псори Франджым и къэрал университетым къыщыдэкIащ. 
Илъэс 50-кIэ езыр зыщIэхъуэпса, и адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм, хамэ къэралхэм щыпсэууэ адыгэу зыкъэзылъытэж апхуэдэ цIыху минхэм я псэ лъащIэм щагъэфIа гурыщIэмрэ гухэлъымрэ 1991 гъэм ялъэIэсащ Нияз. Хэкужьым къэзыгъэзэжыфа Нияз, псом япэрауэ, яужь ихьащ и благъэ-Iыхьлыхэр къэгъуэтыжыным, и нэхъыжьхэм къыхуаIуэтэжа хъыбархэр и гъуэгугъэлъагъуэу. Апхуэдэу Бэтокъуэм Тэрч щIыналъэм къыщигъуэтыжащ и Iыхьлыхэри. 
ЕтIуанэрауэ, Нияз яужь ихьащ и IэщIагъэмкIэ лэжьапIэ увыну. Ари зригъэхъулIащ. Къэбэрдейм къэкIуэжа нэужь, куэд дэмыкIыу ар егъэджакIуэу къащтащ КъБКъУ-м хамэбзэхэмкIэ и факультетым, иужькIэ щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу, пщIэ щиIэу, нэмыс къыхуащIу. Улахуэшхуэ имыIами, абы гукъыдэж иIэу и IэнатIэр ирихьэкIащ, лъэкI псори и Хэкум и зыужьыныгъэм ирихьэлIэмэ фIэфIу. Хэкупсэ нэс Бэтокъуэ Нияз и дежкIэ псом ящхьэр и адэжь лъахэм зэрисыжырт, и анэдэлъхубзэмкIэ хуиту зэрыпсэлъэфырт, Iуащхьэмахуэ лъапэ щетIысэха и лъэпкъым ифI къызэрыкIын Iуэхухэр зэрызэфIихыфырт. 
Зи Хэкур гурэ псэкIэ зылъагъуф, абы и ехъулIэныгъэм папщIэ лъэкI псори хьэлэлу зылэжьыф цIыхум и щапхъэт Бэтокъуэ Нияз и гъащIэр. Илъэс 23-рэщ Бэтокъуэр адыгэ лъахэм зэрыщыпсэужар. Хэкум къэIэпхъуэжыну триухуэу а мурадыр зэрызригъэхъулIами зэи хущIегъуэжакъым ар. Адэжь щIыналъэм хуэгъэпса лъагъуныгъэр адрей гурыщIэ псоми елъэгэкIыу къэзылъытэу, ар зыгъэнэхъапэу псэуа Нияз жиIэу зэрыщытамкIэ, и гъащIэм щыщу адэжь щIыналъэм зэрыщыпсэужа иужьрей илъэсхэращ и гумрэ и псэмрэ жьы дихуу, псэхугъуэ ягъуэту щекIуэкIар. Нобэ, Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэм и махуэм, Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин и къуэм и псэр щыгуфIыкIыну пIэрэ и цIэр къызэритIуам? И ахърэтыр нэху хъуауэ Алыхьым къыщIигъэкI. 

 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: