ГУАЩЭ

 «ЦIыхубзыр дунейм и дыгъэщ, 
ЦIыхубзыр дунейм и мазэщ, 
Фызмэ – гъащIэ гукъинэщ,  
Анэмэ – дунейм и жылэщ,  
ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми, 

Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым», - жиIэгъащ адыгэ джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ. А псалъэ Iущхэр сигу къэкIыжащ Пащты – Хъан Жаннэ  нэхъ гъунэгъуу къыщысцIыхуам. А бзылъхугъэм и псэ къабзагъэр ялъоIэс езым и унагъуэм и мызакъуэу, и Iыхьлы-благъэ псоми, и ныбжьэгъухэми. Дэтхэнэми яхуэгуапэу, я дунейр яхуигъэнэхуу, псалъэ дахэ къахуигъуэту апхуэдэщ. Гуащэ – аращ гъэфIагъыцIэу ахэр псори Жаннэ къызэреджэр. Абы и къекIуэкIыкIам, нобэ и дуней тетыкIэм щыгъуазэ ущыхуэхъукIэ, гурыIуэгъуэ пщохъу абы къылъыкъуэкI къару мыкIуэщIымрэ и гуащIэшхуэмрэ къыхэзылъхьэр унагъуэрауэ зэрыщытыр.

Хъанхэ я унагъуэр
Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм дэса Хъанхэ Билалрэ Хьэжгуащэрэ я унагъуэм жылэм пщIэшхуэ къыщыхуащIу къекIуэкIащ. Билал и адэ Мацу республикэм иса еджагъэшхуэхэм ящыщ зыт, хьэрыпыбзэр фIы дыдэу ищIэрт, тхылъ куэд еджэрт, библиотекэ и унэм щиIэжу апхуэдэт. Ар Аруан жылэм къыщыщIэдзауэ Урыху къуажэм нэс я ефэндышхуэт. ЩIэныгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуа лIы Iущым и къуэ закъуэр урыс школ щIигъэтIысхьащ. Абы щыгъуэм жэмыхьэтым яжриIат: «Хъан Мацу и къуэ закъуэр урыс школ щIигъэтIысхьащ жыфIэу псалъэмакъ мыщхьэпэхэр къевмыхьэкIын щхьэкIэ, фэри чэнджэщ фызот: къэкIуэну зэманым хэзэгъэнур урыс тхыгъэ зыщIэращи, сэ фэзгъащIэмрэ фызыхуэзущиймрэ ар зыкIи зэран хуэхъунукъыми, фи бынхэм урысыбзэр евгъэдж». 
Школыр къиуха иужь, Билал щеджащ бухгалтерхэр щагъэхьэзыр техникумым. ИтIанэ къуажэм къигъэзэжри, абы лэжьыгъэм щыпэрыуващ. Зэман зэхуэмыдэхэм ар щытащ къуажэ, колхоз тхьэмадэу. Абы щыгъуэм гугъуехь куэд и нэгу щIэкIащ абы, ефэндым и къуэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, и фэм дэкIари мащIэкъым. ЦIыху псори зэхуэдэу арэзы пхуэщIынт, зым и губгъэн къэпхьамэ, бзэгу ихьырт, ефэндым и къуэм мыпхуэдэу илэжьащ жаIэрти. Iуэхур зэхагъэкIыну иужь ихьэрти, Билал ягъэтIысырт, къуажэдэсхэм я лъэIукIэ къаутIыпщыжырт. Сыт хуэдэу и Iуэхур къемыкIуэкIами, губгъэн зэи зыми яхуищIакъым, цIыхухэм фIы зэрахуищIэным хущIэкъу мыхъумэ, и зэран зыгуэрым иригъэкIын Iуэху зэрихуакъым. 
Хэку зауэшхуэр къэхъейри, япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ бийм и щIыб къигъэзэху зи адэжь щIыналъэм къыщхьэщыжахэм яхэтащ Билал. Зауэ нэужьми, зи узыншагъэр къэтIэсхъауэ къэзэгъэзэжа Хъаным лэжьыгъэм зэи зыпыIуидзакъым. Ар лэжьащ мэз хозяйствэм и унафэщIу. Билал зыцIыхуу щытахэр гуапэу топсэлъыхьыж, ноби ар ягу къызэрагъэкIыжыр Iулыдж лъагэрэ пщIэшхуэрэ зиIэ цIыху щэджащэущ.  «ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж», - жеIэ адыгэ псалъэжьым.  Апхуэдэу Хъан Билал и пщIэр езым и дуней тетыкIэкIэ, и IуэхущIафэкIэ къилэжьыжащ. 
- Нобэми Хъан Билал срипхъуу къэзыщIэхэм, абы теухуауэ псалъэ гуапэ куэд зэхызагъэх, - жеIэ Жаннэ. -  Сэ зыгуэр къысщытхъумэ, сыфIу зыгуэрым къилъытэмэ, ар сэракъым зи фIыгъэр, атIэ си адэ-анэращ. Я макъыр Iэтауэ ахэр зэпсалъэу зэи зэхэтхакъым. ИгъащIэм ди анэм и Iэр къиIэту и зы бын еуауэ сщIэжыркъым. Хуэму, Iэдэбу псалъэу, щабэу къикIухьу апхуэдэт, абы щыгъуэми и жыIэ тIу пщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Сэ нобэми си хъуэпсапIэщ си анэм ещхь сыхъужыну, ауэ куэдкIэ сыпэIэщIэщ абы. ФIыуэ тхэлъ псор къытхэзылъхьар ахэращ, хабзэмрэ нэмысымрэ зи Iэпэгъуу къекIуэкIахэм я щапхъэр гъуазэ тхуэхъуащ.
Къалэм къикIыу жылэм хьэщIэ къэкIуамэ, я ерыскъыкIэ абы япежьэр Хъанхэ я унагъуэрат. ХьэщIэ етIысэхыпIэт абы я жьэгур, Хьэжгуащэ колхоз губгъуэм жэщ-махуэ жимыIэу зэритым къыдэкIуэу, и щхьэгъусэм и Iуэхухэр дигъэпсынщIэнми и бынунэр зыхуей хуигъэзэнми хунэсырт.  Билалрэ Хьэжгуащэрэ бынипщI - къуихрэ пхъуиплIрэ - зэдапIащ. Псоми щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ, гъащIэм езым я увыпIэ щаубыдыжахэщ. 

Пащтыхэ я унагъуэр
- Сэ сыкъызыхэкIа унагъуэм иIэ пщIэм нэхърэ зыкIи нэхъ  лъахъшэтэкъым сыкъызыхэхуа Пащтыхи, - къыпещэ адэкIэ Жаннэ.  - Си тхьэмадэр зауэм хэтащ. Зауэм и пэкIи и ужькIи пщIэшхуэ иIэу IэнатIэ зэхуэмыдэхэр щрихьэкIащ къуажэми районми. Си гуащэм хуэдэр зырызт, а бзылъхугъэ Iущым и быным дыпримыдзыхыу и нысэхэми бгъэдыхьэкIэ къытхуигъуэтыфырт. 
Пащтыхэ Сафудинрэ ФатIимэрэ яку пщIэшхуэ дэлъу, нэхъыщхьэращи, сыт хуэдэ IуэхукIи я акъыл зэтехуэу къызэдэгъуэгурыкIуащ. Я бынитхури ирагъэджащ, езыхэм яхуэзэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуурэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. 
Жаннэ гъащIэ гъусэ хуэхъуа Герман сурэтыщI цIэрыIуэ къищIыкIащ. Нобэ ар УФ-м и цIыхубэ сурэтыщIщ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреатщ, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондентщ, ЩIДАА-м и академикщ, Красноярск ксилографиемкIэ щыIэ студием и къызэгъэпэщакIуэщ икIи и унафэщIщ.
- Жаннэ, сурэтыщI цIэрыIуэм и щхьэгъусэу ущытыныр сыт хуэдэ? – зыхузогъазэ си псэлъэгъум.
- Ар зэрыщытри, унагъуэм деж мыр сурэтыщI е щIэныгъэлI цIэрыIуэщ жыпIэу щызэхэбгъэкIыркъым, - жеIэ Жаннэ. -  Япэ иувэр хьэл-щэнымрэ  цIыхугъэмрэщ. Аращ зэлъытыжар абы хуэпщIыну  пщIэр. ИтIанэщ IэщIагъэр къыщыкIэлъыкIуэр. А япэ изгъэщахэм ятепщIыхьмэ, щхьэгъусэ тыншщ сэ сызыбгъэдэсыр. IэщIагъэм и гугъу пщIымэ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ илъэсхэм тIэкIу нэхъ гугъу сехьащ. ИтIанэ сурэтыщIхэм ятеухуауэ тхылъ седжэурэ, абыхэм я дунейм сыхэгъуэзащ икIи си Iуэхур нэхъ тынш хъуащ. Мы зыр къызгурыIуащ: зэран сымыхъуу и Iуэху зэрызэрезгъэхуэжын хуейр, езым и псэм жыхуиIэм, и гур зыхуейм теIэбэн щхьэкIэ. 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: