Унагъуэ насыпыфIэ

Анэм и насыпыр зыхилъагъур и бынращ, абы я гукъеуэр гукIи псэкIи ядегъэв, я гуфIэгъуэр ядегуэш. Пащтыхэ Жаннэрэ Германрэ я бынхэр сыт и лъэныкъуэкIи узэрыгушхуэнщ, щхьэж дэзыхьэх елъытакIэ IэщIагъэ зрагъэгъуэтауэ, абы ехъулIэныгъэхэр щаIэу гъащIэм я лъагъуэ щыхашыж. 
Лелэ курыт школыр дыщэ медалкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ къудамэр диплом плъыжькIэ къиухащ. АдэкIэ Плехановым и цIэр зезыхьэ урысей экономикэ академием и аспирантурэм и щIэныгъэм щыпищащ. ЩIалэ дыдэуи и кандидат, доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ. КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм зэман гуэркIэ щригъэджащ, иджыпсту Плехановым и цIэр зезыхьэ урысей экономикэ академиеми УФ-м и Президентым и деж ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумрэ я академиеу щыIэми щолажьэ. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Академием и академикщ.
Алим курыт школ нэужьым Красноярск дэт художественнэ институтым фIы дыдэу щеджащ, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием. Красноярск дэт художественнэ институтым егъэджакIуэу къагъэнэжауэ, зи Iэзагъэм нэхъри зезыгъэужьыну щIэхъуэпс щIалэр Германием ирагъэблэгъащ. Алим абы къыщиухыжащ графикэмкIи скульптурэмкIи аспирантурэхэр. Иджыпстуи зэфIэкI лъагэр иIэу Германием щолажьэ, и IэдакъэщIэкIхэм пщIэшхуэ яIэщ, музей нэхъыфIхэм щагъэлъагъуэ. 
- Алим сурэт щIыным пасэу дыдэу дихьэхащ, - жеIэ Жаннэ. – Ар абы зыми иригъэсакъым икIи ирихулIакъым. Ар абы Тхьэм къыбгъэдилъхьа IэщIагъэщ. ТIэкIу сымаджэ хъуауэ сабий садым мыкIуауэ унэм къыщIэнамэ, «Къэрэндащрэ тхылъымпIэрэ къызэптын?» - жиIэрти къэтIысырт икIи махуэ псом и пIэ имыкIыу сурэт ищIырт. 
Быным упэIэщIэу упсэуныр тыншкъым. Ар игъэунэхуащ Жаннэ. Ауэ я натIэ къритхар арати, фIэкIыпIэншэт. Лелэ Москва зэрыщеджэм щхьэкIэ, зэдэлъхузэшыпхъур зэгъусэмэ, ди гур нэхъ зэгъауэ щытынщ, жаIэри мурад ящIащ Алими а къалэм дэт Полиграфие институтым щIагъэтIысхьэну. Абы и тхылъхэр иритауэ, и лэжьыгъэхэм гу лъитащ Красноярск дэт художественнэ институтым и ректорым икIи щIэлъэIуащ щIалэр я еджапIэм щIагъэтIысхьэну. «Сыбыр жыжьэм нэс си къуэр схуэгъэкIуэнукъым жысIэри, си щхьэгъусэм къыщIидза псалъэмакъыр къызэпызудащ, - игу къегъэкIыж а зэманыр Жаннэ. – АрщхьэкIэ Iуэхум си дэлъхухэри къыхыхьэщ, илъэсым тIэу-щэ лъагъунлъагъу кIуэну сыкъыщагъэгугъэм, си гур къиузыкIми, сытегушхуащ. Абы щыгъуэм иджыри сыгугъэрт, зы илъэс абы щыIэмэ, къытезгъэхьэу, нэхъ гъунэгъуу еджапIэ къэзгъэкIуэжыну. Ауэ институтым и ректорыр нэхъ бзаджэжу къыщIэкIащ, еджапIэр ихъуэжыну хуимыту лъэIу тхылъ иригъэтхат». 
Iуэхур къызэрекIуэкIынур хэт ищIэрэт?! Зэман гуэр дэкIауэ а ректор дыдэм Герман къыхуегъэлъагъуэ ксилографиемкIэ факультет и еджапIэм къыщызэIуихыну. Уи къуэм и гъунэгъуу ущыIэнумэ, ар хэкIыпIэфI дыдэти, зэщхьэгъусэхэр абы арэзы техъуэри, псори къагъанэри, езыхэри Сыбыр жыжьэм къыщыщIидзащ. 
«Уи щхьэгъусэр - Красноярск, уи пхъур - Москва, уи къуэр Германием щыIэхэщ. Жаннэ, гур нэхъыбэрэ здэпхъэрыр дэнэ?», - соупщI бзылъхугъэм. «Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, ныбжьыр хэкIуэта иужь, нэхъ згъэтыншарэт жыхуэпIэр щхьэгъусэращ, - жеIэ абы. - Бынхэм щхьэж я увыпIэ быдэ гъащIэм щаубыдыжащ, я Iуэху фIы дыдэу зэрыдагъэкIыжыфыр сощIэри, иджы нэхъ гупсэхугъуэ сиIэщ. Апхуэдэу жысIэми, нобэр къыздэсым ерыскъы IэфI спщэфIу Iэнэм къытеслъхьакъым, абыхэм семыгупсысу, иджыпсту дызэгъусарэт, иджыпсту мыр езгъэшхарэт жызмыIэу. Пэжщ, сыщынэхъ щIалэм, нэхъыбэрэ ахэр здэщыIэм сынэсыфырт, я Iуэху зыIут зэзгъащIэрти, си жьэгу сыкъекIуэлIэжырт». 
Пащтыхэ я унагъуэ жьэгум и гуащэ емызэшщ Жаннэ. Жьэгу пащхьэм дэлъ хуабагъэри гуапагъэри нэхъыбэу къызыбгъэдэкIри ар зэщIэзыгъаплъэри а бзылъхугъэрщ. «Сэ сызэреплъымкIэ, унагъуэ жьэгур зэтеIыгъэнымкIэ цIыхубзым къалэн нэхъыбэ и пщэ къыдохуэ, ауэ ар зыхуей хуэзэн щхьэкIэ куэд елъытащ цIыхухъум, щхьэгъусэм, - къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ Жаннэ. - Адыгэ унагъуэм япэ итыр щхьэгъусэращ. ЩхьэгъуситIыр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу щызэбгъэдэтым деж жьэгур куэдкIэ нэхъ берычэт мэхъу. Си унагъуэ жьэгуу сэ слъытэр Налшыкщ. Си унагъуэм хуэдэу фIыуэ солъагъу сыкъыщыхъуа си Хэкур, ди цIыхухэм япэсщIын щыIэкъым. Сэ щIыпIэ куэдым сыщыIащи, схужыIэнущ, ди хэку цIыкIум нэхъ дахи, ди цIыхухэм нэхъ гуапи, ди ерыскъым нэхъ IэфIи, ди щIыналъэм и мэм нэхъ гуакIуи зэрыщымыIэр! Ди унагъуэм исхэм илъэс псом ди гур зыхуэпабгъэр гъэмахуэр къэсу мыбдеж дыщызэхуэсыжу зэманыр зэрыздэдгъэкIуэнырщ». 
Жаннэ и унагъуэм къыхэхъуащ, абы иIэщ къуэрылъхуи пхъурылъхуи. ЩIалэ цIыкIуитIым – Артуррэ Жанболэтрэ – я ехъулIэныгъэхэм, зэфIэкIхэм адэкIи я гъащIэр нэхъ щIэщыгъуэ къыщащI адэшхуэ-анэшхуэм. 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: