Таурыхъ фIэкIа стхынтэкъым

Чеховыр япэ дыдэ Кавказым къыщыкIуар 1888 гъэрщ, и ныбжьыр илъэс 28-рэ фIэкIа мыхъуу. Бадзэуэгъуэм и пэм Феодосие къалэм къретхыкI тхакIуэм: «Новый Афони, Сыхъуми, Батуми, Тифлиси, Бакуи сыщыIащ, Бухъэрарэ Персиемрэ сыкIуэну сыхуейт, ауэ ар си натIэм имыту къыщIэкIри, си шэрхъхэр къесIуэнтIэкIыжащ». 
Мыбдежым къыжыIапхъэщ прозэм зезыта Чеховым Лермонтовым пщIэшхуэ хуищIу зэрыщытар. УсакIуэм и тхыгъэхэм фIыуэ щыгъуазэти, бгыщхьэм къыщыхутэху, Чеховым и нэгум Лермонтовым и лIыхъужьхэр къыщIэувэрт. Iуащхьэмахуэр абы и дежкIэ «нэгум къыпхущIэмыгъэхьэн теплъэгъуэ зыкъизыхщ». Ауэ щIыналъэм и дахапIэу къилъытэр Дзэ-куржы гъуэгурт. 
 «Блэм зеIуантIэ, зешантIэ, зефыщIыж», - жеIэри етх Чеховым Тэрчыпсым теухуауэ. «ЩIыуэпсыр делэ уищIрэ уигъэгужьейуэ дахащэщ… псом хуэмыдэу бгыхэр, бгыхэр, кIэ зимыIэ бгыхэр», - дыкъыщоджэ нэгъуэщI тхыгъэм. Григорович Дмитрий хуигъэхьам Чеховым и гур нэхъ тегушхуауэ къыщызэIуех: «Кавказым сыщыпсэуамэ, сэ таурыхъ фIэкIа стхыну къыщIэкIынтэкъым. Мыр щIыпIэ телъыджэщ!» 
 ГушыIэшхуэ зыхэлъа Чеховым «Осколки» журналым и редактор Лейкин Николай мы псалъэхэр хуегъэхь: «Кавказыр уэ плъэгъуащ. Си гугъэмкIэ, Дзэ-куржы гъуэгуми урикIуащ. ЗыгуэркIэ уримыкIуамэ, уи щхьэгъусэри, уи бынхэри, уи журналри зыгуэрым къыхуэгъани, гъуэгу теувэ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ телъыджэ зыщIыпIи щыплъагъунукъым. Мыр зэрыщыту усыгъэщ! Гъуэгукъым мыбы узэреджэнур, Лермонтовым и Демон Тамарэ итхьэкъуам зэхилъхьа хъыбар гъэщIэгъуэнщ». 
 Чеховыр сыт хуэдэ зэмани и тхыбзэм зригъэужьыным елIалIэрт. Лермонтовым хуэдэу тхэкIэкIэ игу зыгъэзагъэ урыс тхакIуэ зэрыщымыIэм и щхьэусыгъуэкIэ, игукIэ Кавказым хуеIэу псэуа къыщIэкIынти, Плещеевым хуитхахэми ар къыщыхегъэщ: «ЩIыуэпсым уеплъурэ уи жьэр бущIыну ухуеймэ, Кавказым кIуэ. Нартсанэ хуэдэ зыгъэпсэхупIэхэм блэкIи, Дзэ-куржы гъуэгумкIэ, Тифлис лъэныкъуэкIэ унэтI, абы икIи – Боржом, Боржом икIи – Батум кIуэ». 
 Лермонтовыр зрикIуа щIым теувэн гуращэр Чеховым щызригъэхъулIэфар 1896 гъэрщ. ШыщхьэуIум и 24-м тхакIуэр Кисловодск макIуэри, «Нарзан» цIэр зезыхьэ, нэхъыфI дыдэу къалъытэ, Зипаловым и хьэщIэщым къыщоувыIэ. 
 Зыхуэза, зэпсэлъа, зэгупсыса куэдым я гугъу щещIыж Чеховым къигъэна тхыгъэхэм. Зэман мымащIэ абы щигъэкIуащ зыгъэпсэхупIэм хэт библиотекэм, абы аргуэру Лермонтов и тхыгъэхэр щыщIиджыкIыжащ. Уеблэмэ зэрыдохутырыр къызыхуэсэбэпа цIыхугъэхэри щиIащ. 
 БырмамытI Iуащхьэм нэху къызэрыщекIам, барон Штейнгель и гъусэу абы и Iэгъуэблагъэм зэрыщыщэкIуам топсэлъыхьыж Чеховыр. Iуащхьэмахуэм и уэс тепхъуэр апхуэдэу гъунэгъуу зэрилъэгъуари гукъинэж щыхъуахэм ящыщщ. 
 Чеховым и тхыгъэхэм еджахэм «ХьэмаскIэ зыщIыгъу цIыхубз» Iуэтэжыр ямыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Кисловодск кIуэуэ къэкIуэжа нэужь, илъэсищ хуэдиз дэкIауэщ ар тхакIуэм и Iэдакъэм къыщыщIэкIар. Минводхэм дэт, Урысейм нэхъыфIу къыщалъытэ театрхэм язми щыIащ. 
 Гулъытэншэу къытхуэгъэнэнукъым Чеховым нарзан псы хущхъуэр къызэрыщыхъуари: «Нарзаным зримыгъэхъуапсэу зыри хуиту блигъэкIыркъым. Дэтхэнэ цIыхум дежкIи ар малъхъэдисым хуэдэщ. Псыр толъкъун-толъкъуну къэкIуатэурэ, псынэм и джабэхэм зэрызыщиубгъур уи нэкIэ уолъагъу. Псэхугъуэ зэзымытыж а псым и псэукIэ къарум уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым. НэгъуэщI зыри сымыщIэу, абы си нэр тедияуэ сыпсэунт. Псым дэплъагъу къару лъэщым укIэлъыплъынкIэ зыщыбгъэнщIыркъым». 
 Чеховым гъэщIэгъуэн щыхъуат Минводы къалэм езым и пьесэхэм ящыщ гуэрхэр зэрыщагъэувар, и лэжьыгъэхэр апхуэдэ щIыпIэ жыжьэм зэрынэсам игу хигъахъуэу. «Дауэ къыпщыхъурэ, си «Мыщэр» Ставрополь къыщагъэлъэгъуащ», - хуитхырт абы и ныбжьэгъухэм я зым. 
 Урыс тхакIуэшхуэм и гугъу тщIауэ, дауэ абы и сатыр шэрыуэхэм ящыщ къэдмыхьынрэ? Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт, псалъэм и хьэтыркIэ, Чеховыр «Тхэн щIэзыдзагъащIэхэм папщIэ чэнджэщ» тхыгъэм зэрыщыгушыIар: «Уи гур утIыпщауэ, зыгуэр уи нэгум къыщыщIэбгъэхьэкIэ, уи Iэм хуэсакъ. Сатыр бжыгъэм ухуэмыпабгъэ. Нэхъ кIэщIу икIи нэхъ зэзэмызэрэ утхэху, нэхъыбэ къыпхутрадзэнущ. КIэщIагъым Iуэхур зэIигъэхьэххэркъым». 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: