Нарт ГъущIыплъ и къэшэкIар

Зэгуэрым Нарт ГъущIыплъ жэщым жейуэ и гъуэлъыпIэм здилъым пщIыхьэпIэу уэхьий къыхуэкIуащ.

 – ГъущIыплъ, ГъущIыплъ, – жиIащ уэхьийм. – Уэ уи насып зыхэлъ пщащэр хы щIыбым щыIэщ. Абы уIумыщIэу хъунукъым.
 – Сыт хуэдэ Iэмал абы сызэрыIущIэнур? – еупщIащ уэхьийм нарт ГъущIыплъ.
 – ЛъэнкIапэпс фIэкIа хуэмыхъуу хы икIып1эм иныжь гуэр къэрэгъулу хэтщ. Абы утекIуэн хуейщ. Куэд думыгъэкI, пщащэм уи хъыбар зэхихащ, гукIэ къогъэза хъуащ, къыппоплъэри щысщ, – жиIащ уэхьийм.
Пщэдджыжьым пщIыхьэпIэр и адэ-анэм щахуиIуэтэжым, ягъэщIэгъуащ, гъуэгу техьэу къыпэплъэ хъыджэбзым деж кIуэнри къыхуагъэдэхащ.
 – Сэ гъуэгу гъуэмылэр къыпхуэзгъэхьэзырынщ, – жиIащ анэм.
 – Сэ Iэщэ-фащэм иджыри зэ сателъэщIыхьыжынщ, – жиIащ адэм.
Адэ-анэм жаIар ягъэзащIэри, ГъущIыплъыр кърагъэжьащ.
ГъущIыплъыр мащIэрэ кIуами, куэдрэ кIуами, уэхьийм пщIыхьэпIэм хэту зи гугъу къыхуищIа хы икIыпIэм нэсащ. Абдеж къэрэгъулу щытын хуея иныжьыр IукIауэ ирихьэлIэри, ГъущIыплъым иш щIопщ уэгъуэ ирихри, хым зызэпхригъэхащ. Куэди кIуэн хуеякъым, ГъущIыплъым пщащэм и псэупIэр къигъуэтри, пщIантIэм дыхьащ. Шым и шхуэIур пхъэлъантхъуэм фIидзэри, нарт щIалэр унэм ихьащ.
 – Къеблагъэ, щIалэфI, – къыпегъуэкIащ абы пщащэр. – Къеблагъэ, нарт ГъущIыплъ, зи щхьэр дымылъагъуу зи гугъум дигъэлIа нарт щауэ. Сэращ уэ мыбы нэс укъыщIэкIуар. ПщIыхьэпIэкIэ си гугъур къыщыпхуащIми, укъэкIуэну ущытегушхуэми, хы икIыпIэм укъыщыIухьэми, гукIэ сыпщIыгъуащ. Си Iэмал хэслъхьащ хы икIыгъуэм къэрэгъулу щыт иныжьым укъызэрыримыхьэлIами…
 – Пэжщ, дахэ напэху, уэращ сыкъызыкIэлъыкIуар, – жиIащ нарт ГъущIыплъ. – Апхуэдэу щыт пэтми, сыщIеблэгъэн ущхьэгъу щыIэкъым, сызыхущысын щхьэусыгъуи слъагъуркъым.
 – Уэ укъыск1элъыкIуами, зозгъэхьынукъым. Ауэ сыныбдэкIуэнущ. Си дэлъхухэр дэскъым, зекIуэ ежьауэ къэтщ. Ауэ щIэхыу къэкIуэжхэми, укъызытекIухьар уэимышхуэ ящIынукъым, жэуап къуамытыжурэ бэрэ узыпагъэплъэнкIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу зэшыпэтегъэууэ сышэсрэ сыныбдэкIмэ, игъуэ хъунущ, – жриIащ пщащэм ГъущIыплъ.
ЗэрыжиIам хуэдэу, пщащэр шым шэсри, хы икIып1эмкIэ къаунэтIащ. Абы уIухьэнущи, гуэхупIэ защIэщ, задэщ. Ауэ а икIып1э закъуэращ узэкIуэлIэфынури, адрыщIымкIэ узэпрыкIыну ухуеймэ, узыIухьэфынури. Жэщибл-махуиблкIэ шхуэIум егъуу кIэрытат нарт ГъущIыплъ и шыр пхъалъантхъуэм. Хуит пщIымэ, дунейр тIэу пкIэгъуэ хуримыкъуу зричын хьэзыру ихъу-илъырт ар. Нэпкъым къепкIэу хы Iуфэм екIуэлIэн щхьэкIэ, нарт щауэм шыр хуит ищIащ, и шхуэIур иутIыпщри. Модрейри арат зыхуейри, зричащ, долъей, къолъых, ауэ ГъущIыплъ куэпкъымкIэ шым и дзаджэм зыхиукIащи, сыт хуэдизу зимыукIыжми, зэм-зэм зэрыIэсэжын хуейр щигъэгъупщэркъым. Сытми, шыр уафэ нэзым нэс тIэу-щэ дэлъейщ, хы гъунэр блэней къижыхьри, нэпкъым къекIуэлIэжащ. Шымрэ тесымрэ я къекIуэлIэжыгъуэм ирихьэлIэу, ГъущIыплъыр пхъуэри, пщащэри зытес шым къытричащ, зэ илъыгъуэкIэ нэпкъым къелъащ.
Хы нэзым ирикIукI-нрикIукIыу иныжьыр Iутт. Ар пщащэм къыщилъагъум, ГъущIыплъ жриIащ:
 – Мыбы Iэмал хэплъхьэу утемыкIуэмэ, уи Iуэхур гугъу хъунущ. Къыпэувам темыкIуэну гурыщхъуэ щищIым деж, и пэм къриху гъуэзым лъагэу зеIэтри, и гъусэ иныжьхэм ар къызэралъагъуу къокIуэри къыгуоувэ, – жиIащ пщащэм.
Абы жиIар зэхихами, нарт ГъущIыплъ и щхьэ трилъхьакъым иныжьым кIэщIэкIуащэу щэхуу иукIыныр. И макъ къызэрихькIэ иныжьым еджащ:
 – Уэхьэхьей, иныжь, уи щIэ хэлъмэ, псым сызэпрыгъэсыкI, хэмылъмэ, Iэмал сыхуекIуэнущ, – жиIэри.
 – Сэ зыри измыгъэкIын щхьэкIэщ мыбдеж сыщIыщытыр, си щIэ хэлъми, си щIэ хэмылъми, уизгъэкIынукъым хым, – жиIащ иныжым.
АфIэкIа хэмылъу, иныжьымрэ нартымрэ зэпэуващ. Сыт зэжрамыIэми, зэзэгъакъым икIи зэгурыIуакъым. ИкIэм-икIэжым, хэч-хэсэ зэдэджэгуну акъылэгъу зэхуэхъуащ.
АпщIондэху къахэплъэу лъэныкъуэкIэ къыщыт пщащэми зы псалъэ жиIакъым, ауэ абы фIыуэ къыгурыIуащ ГъущIыплъ фIырыфIкIэ зэрыпхуимыгъэкIуэтынур, захуагъэм пэщIэтым ар зэрыхуимыдэнур.
Иныжьымрэ нартымрэ хэч-хэсэ зэдэджэгуурэ, Тхьэм ещIэ ар зэрыхъуа щIыкIэр, щIалэм мо зэрамыщIэжыр къипхъуатэщ, ину иIэтри, напIэзыпIэм и куэпкъыщхьэм нэсу щIым хиIуащ. Иныжьыр зыкъэщ1эжыгъуэ имыхуэ щIыкIэ, ГъущIыплъ джатэр кърихри, и щхьэр пиупщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалэмрэ пщащэмрэ я гъуэгур зэIуха хъури къежьэжащ.
ЖаIэ, зи къэшэгъуэ блэкI щIалэм и насып зыхэлъ пщащэр пщIыхьэпIэу илъагъуу, ар къыIэрыхьэн папщIэ лIыгъэщIапIэ ихуэн хуейуэ. ПщIыхьэпIэ гъуэгукIэ зи насып Iыхьэр къэзызэужа ГъущIыплъ и хъыбарыр куэдрэ жаIэжащ, нобэр къыздэсми ящымыгъупщэжауэ яIуатэ.
Модэ Рязанскэ станицэм пэмыжыжьэу Iуащхьэ бын итщ. Гъуэбэкъуей уикIыу станицэм ущыхуэкIуэкIэ, Iуащхьэ быным ящыщу япэ узыIущIэращ ГъущIыплъ и Iуащхьэ хъужри.

Бжьэдыгъу нарт тхыдэжьыр япэ дыдэ къэбэрдей адыгэбзэм къизылъхьар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: