Меотхэр ди къежьапIэщ

ЦIыху куэд щыIэщ ди лъэпкъым лъабжьэ хуэхъуа пасэрейхэм я гугъу щащIкIэ, а псори къагупсысауэ къафIэщIу, щIэныгъэм тегъэщIапIэ быдэ зэрыщиIэм шэчышхуэ къытрахьэу. Илъэсищэ къудей мыхъуу, лIэщIыгъуэ пщIы бжыгъэхэр щыблэкIакIэ, тхыдэджхэми къэхутакIуэхэми щыуагъэ зэраIэщIэкIынкIи хъунур гурыIуэгъуэщ. Гурыщхъуэ псоми уапхыкIыу, пэжыр мыращ жыпIэныр зэрымытыншым нэмыщIыж, астрономием, биологием, химием ещхьу, тхыдэ щIэныгъэми махуэ къэс иджыри къэс ямыгугъа куэд къыщызэIуах. 

Плотниковэ Людмилэ Курган областым щыщу, тхыдэмкIэ егъэджакIуэщ. Студенту щыщытам, абы къыхуихуащ меотхэм я тхыдэр джыным илъэс куэд тезыгъэкIуэда Красильников Игорь и гъусэу, Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) деж къыщызэрагъэпэща археологие я экспедицэм хэтыну. 1980 гъэм и шыщхьэуIум ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр «Лебедь III» зыфIаща кхъэлъахэм егъэщIылIат. 
«Хэт хъуну-тIэ а меотхэр?» - упщIэ щегъэув Людмилэ фIыкIэ игу къинэжа гъащIэ Iыхьэм щытепсэлъыхьыж тхыгъэм. – Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр адыгэхэм я адэжьхэращ, щIыпIэшхуэ яубыду щытауэ, мэкъумэшым елэжьхэу. Меотхэм гуэдз, гъасэ, хьэ, хугу, губгъуэджэш (чечевицэ), чэтэн ягъэкIыу щытащ. А псоми я щыхьэт къыщыдгъуэтащ къэтIтIахэм. ЩIакхъуэр езыхэм зэрашхым нэмыщI, Боспор пащтыхьыгъуэм иращэрт. Меотхэм я псэукIэм мыхьэнэшхуэ щиубыдырт Iэщ зехуэным. Абыхэм жэм, кхъуэ, мэл, бжэн зэрахуэрт, хьэхэри къагъэсэбэпырт. Гулъытэшхуэ хуащIырт абыхэм шыми, псом хуэмыдэу зауэм хэтыф уанэшхэм. Меот щэнхабзэм елэжьа псоми ящIэ мы лъэпкъым шыхэр мылъкум пибжу зэрыщытар. Псалъэм и хьэтыркIэ, Лебедь III кхъэлъахэм шы хьэдэу блым нэс къыщIахыжащ, нэхъ кхъэлъахэ бейхэм ахэр пщIы бжыгъэм щынэсырт. Бдзэжьей ещэнкIи лъэрызехьэт меотхэр. Нобэми Псыжь Iэгъуэблагъэм бдзэжьей лIэужьыгъуэ куэд ущрохьэлIэ». 
Людмилэ зэритхымкIэ, меотхэр IэпщIэлъапщIэу зэрыщытам и нэщэнэ куэд къагъуэтыжащ. Адрей лъэпкъхэм ящIам хыумыгъэгъуэщэну, мыбыхэм ятIагъуэм кхъуэщыныфIхэр къыхащIыкIырт, гъущIым елэжьхэрт, хьэпшып гъэщIэгъуэн куэд зэрахьэрт. 
Меотхэм я сату Iуэхур иригъэфIакIуэ зэпытт ахэр Боспор пащтыхьыгъуэм зэрыпэгъунэгъум. «Боспор пащтыхьыгъуэ» хъужыр Кърым хытIыгуныкъуэм щыIа алыдж къэралыгъуэрщ. ЩIым къыщIахыжа хьэпшыпхэм хамэ къэралхэм кърашахэри яхэту къыщIэкIащ: алыдж кхъуэщынхэр, лэч фIыцIэкIэ ла хьэкъущыкъухэр, щэкIхэр, гъуджэхэр.
 Ди эрэм ипэкIэ VI-IV лIэщIыгъуэхэм меотхэр бейрэ тхьэмыщкIэу зэтепщIыкIауэ щытащ, ар кхъэлъахэхэми уи фIэщ ящI. КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, а лъэхъэнэрщ ахэр Боспор пащтыхьыгъуэм щыгуагъэхьар. 
 «Меотхэм я гугъу щищIкIэ, Красильниковым «Си псэм хуэдэ меотхэр» жиIэрейт», - игу къегъэкIыж Плотниковэм. А щIэныгъэлIырщ япэу мы лъэпкъыжьым тетхыхьын щIэзыдзар. Аращи, меотхэм ятеухуауэ нэхъыбэ къэзыщIэну хуейр Красильниковым и тхылъхэм хэджыхьыфынущ. 
 Меотхэм я тхыдэм зрагъэубгъу иджырей археологхэм я къэхутэныгъэхэми. Псалъэм папщIэ, Тэн Iуфэм деж зыщызыубгъуауэ щыта Танаис къалэ-къэралыгъуэм. 
 «Ди эрэм ипэкIэ III-нэ лIэщыгъуэм щегъэжьауэ, мыбдежым алыджхэм я тепщэгъуэм сату щIапIэшхуэ щызэфIагъэувауэ щытащ, Танаис и цIэу, - щыжеIэ и лекцэхэм я зым Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэ центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, пщIэ зиIэ археолог Гугуев Владимир. - Ди эрэм и пэкIэ япэ лIэщIыгъуэм щытыкIэм зэуэ зехъуэж. Танаис и хъуреягъкIэ жылагъуи 10-м нэс щIэуэ къотIысэкI. БыдапIэ хуэдэу, цIыху 1000 хуэдиз дэсу. Тэн псыежэхым и IуфитIым зыщаубгъуат абыхэм. СэмэгумкIэ - къуажитI, ижь Iуфэм – къуажий. ЦIыхухэр мэкъумэшым елэжьырт, я хадэхэм кърахыр Танаис ящэурэ, шагъыркIэ е езыхэм ямыгъуэт хьэпшып лъапIэ гуэрхэмкIэ къахъуэжырт. Къалэм нэхъыбэу дэсыр алыдж сатуущIхэрт, ахэр Грецием пыщIат, ауэ нэхъыбэу зылъэIэсыр Боспор пащтыхьыгъуэрт. Абдеж дыдэм Шылэ гъуэгушхуэ жыхуаIэри ирикIуэрт, къуэкIыпIэм щызекIуэ хьэпшыпхэр щызэблашу. ЩэкI шылэхэр, китай гъуджэхэр, дыщэр, дыжьыныр. А псэупIэхэм дэсар нобэ меоткIэ дызэджэхэращ. А лъэпкъыцIэр пасэрей тхыдэджхэм я тхыгъэхэм къыхощ, Боспор пащтыхьыгъуэм пыщIауэ зэрыщытари наIуэщ. Меотхэм я дзэпщхэр Боспор царствэм и пащтыхьхэм къагъэсэбэпу щытащ. Ардыдэхэм я хъуреягъкIэ щыпсэуащ щIыпIэхъуэж лъэпкъхэм хабжэ сарматхэр. Меотхэр иберо-кавказыбзэкIэ псэлъа лъэпкхэм хабжэ, ахэр нобэрей адыгэхэм, шэрджэсхэм, къэбэрдейхэм я къежьапIэщ. Сарматхэр зи къежьапIэр ираныбзэм ирипсалъэ осетинхэрщ». 
Гугуевыр фIэгъэщIэгъуэну топсэлъыхь я пIэ исыжу къэгъэгурыкIуэ лъэпкъхэм хабжэ меотхэр зэрымыщIэкIэ ди эрэм ипэкIэ япэ лIэщIыгъуэм Тэн Iуфэм зэрыIэпхъуам. 
«Апхуэдэу куэдрэ къэхъуркъым. Жыжьэ Iэпхъуэн зи хабзэр я щIыпIэр зыхъуэжрей лъэпкъхэращ. Меотхэр Тэн Ищхъэрэм зэрыIэпхъуам политикэ Iуэху гуэр хэлъауэ къыщIэкIынущ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ахэр Боспор тепщэгъуэм щIэбэна лIыщхьэ гуэрым гуэтати, ар хилъэфагъэнщ. Арати, Тэн губгъуэхэм Iэпхъуэн хуей хъуащ». 
Адыгэ къэхутакIуэхэми хэлъхьэныгъэ хъарзынэ хуащIащ меотхэм я тхыдэр джыжыным. Урысей псом щыцIэрыIуэщ Адыгейм щыщ япэ адыгэ археолог Аулъэ Пщымахуэ. Абы «меот» псалъэр «мыутхъух», «хы мыутхъуэ» мыхьэнэм хуигъакIуэу щытащ, «Меотидэ» цIэр зезыхьэ Азов хым ехьэлIауэ. Аулъэм хуэдэу «Сосрыкъуэ» нартыцIэм и зэхэлъыкIэмрэ и мыхьэнэмрэ гунэсу зэпкърызыха куэд щыIэкъым. 
Зызэман Псыжь деж адыгэхэм я къежьапIэу къалъытэ меотхэмрэ осетинхэм я адэжьу къалъытэ, иран лъэпкъ къудамэм щыщ сарматхэмрэ «щызэтрихьауэ» щытащ. Сарматхэм адрейхэм къахэщу лъэпкъитI яхэтт: «сиракхэмрэ» «аорсхэмрэ». Сиракхэр меотхэм я гъунэгъу къыщыхъум, хуэм-хуэмурэ лъэпкъитIым зэхэшыпсыхьын щIадзащ, я зэхуакум мамырыгъэ зэгурыуэныгъэ дэлъауи ятхыж. Аулъэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, «Саусырыкъуэ» цIэр IыхьитIу зэхэлъщ: «сау» - «фIыцIэ», «сырыкъу» - «сирак», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «сирак фIыцIэ». А мыхьэнэхэр осетиныбзэм иджыри щыIупщIщ. Зэдауэшхуэ зращIэкI нарт хъыбархэр зэм адыгэхэм ейуэ, зэм осетинхэм нэхъыбэ яхъумауэ къащIыфIэщIыр лъэпкъитIыр зэбгъурыту, зы щэнхабзэм къызэрыхэтэджыкIар армырауэ пIэрэ? 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: