УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ министрымрэ тепсэлъыхьащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм.
Мылъкухэр зыхалъхьа унэтIыныгъэхэр
И гугъу ящIащ инвестицэ мылъкухэр зыхалъхьа проектхэм республикэм зэрызыщаужьым. Апхуэдэу нэгъабэ и мэкъуауэгъуэ мазэм Шэджэм хадэхэкIхэр къыщагъэкI хуабэщ комплексым и япэ IуэхущIапIэр къыщызэIуахащ. Тырныауз дэт вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр къэгъэщIэрэщIэжыным зыхуагъэхьэзыр. Къалэм и «КъухьэпIэ» районыщIэм коммунальнэ, гъуэгу инфраструктурэ ухуэныгъэр жыджэру щокIуэкI. Зэман гъунэгъум къриубыдэу Бахъсэн щрагъэжьэнущ псыр хуиту цIыхухэм яIэрыхьэным теухуа ухуэныгъэхэр.
Гулъытэ нэхъ хуащIу тепсэлъыхьащ гъэм и лъэхъэнэ псоми лажьэ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексымрэ «Налшык» курортымрэ.
КIуэкIуэ Казбек и гугъу ищIащ хьэрычэт IэнатIэр зэрыдаIыгъым и фIыгъэкIэ, илъэситIым къриубыдэу зи щхьэ Iуэху зыщIэжхэм я бжыгъэм хъарзынэу зэрыхэхъуам, цIыху мин 71-м зэрыщIигъум.
Республикэм и Iэтащхьэм туризмэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ 2023 гъэм и кIэм ирихьэлIэу зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр цIыху мелуан 1,5-м зэрыщIигъуар. УнэтIыныгъэм къыпэкIуэу бюджетым иIэ хэхъуэр сом мелард 13-м нэблэгъащ, лэжьыгъэ IэнатIэу къызэрагъэпэщхэр проценти 10-кIэ нэхъыбэ хъуащ. «Мы зэманым экономикэм жыджэру зеужь, абы хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщIри турист унэтIыныгъэрщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
«УФ-м и Президентым и пщэрылъкIэ туризмэм мылъку хухах, дэ ди къалэнщ ар нэсу къэгъэсэбэпыныр. Кавказым туризмэм зыщиужьыным Урысейм и Президентми Правительствэми гулъытэшхуэ хуащI. Курортым жыджэру зеужь, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ, адэкIи къытпэщылъ къалэнхэр зэгъусэу зэрыдгъэзэщIэным дыхущIэкъунущ», - жиIащ Решетников Максим.
ЗэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ
Решетников Максим Къэбэрдей-Балъкъэрым щригъэкIуэкIащ гъэм и лъэхъэнэ псоми цIыхухэм зыщагъэпсэхуным хуэщIауэ щыт «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым и зыужьыныгъэм теухуа зэIу-щIэ.
Тегенекли жылэм щыIа зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Кавказ.РФ-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республи-
кэм и Правительствэм, Iуащхьэмахуэ районым и щIыпIэ самоуправленэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2023 гъэм «Iуащхьэмахуэ» курортым игъуэта зыужьыныгъэхэм, апхуэдэуи илъэсыщIэм ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэр щаубзыхуащ.
«Урысейм и Правительствэмрэ Экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ курортым гулъытэшхуэ хуащI. «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэр къэралым щынэхъ ин дыдэхэм икIи щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. БлэкIа илъэсым абы зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэм процент 27-кIэ хэхъуащ. ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм абы къекIуэлIащ цIыху мин 43-рэ, ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм щыIахэм нэхърэ хуэдищкIэ нэхъыбэщ. Ауэ зыгъэпсэхупIэм и зэфIэкIыр нэхъыбэжщ. 2026 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым хьэщIэ мелуан хуэдиз къригъэблэгъэфынущ икIи иджырей инфраструктурэкIэ къызэгъэпэща дунейпсо зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэу щытынущ», - жиIащ Решетников Максим.
«ФIыщIэ фхузощI нобэ фыкъызэрытхуеблэгъамкIэ, курорт Iуэхум и мызакъуэу, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи республикэм гулъытэ къызэрыхуэфщIымкIэ. Абы дэ Iэмал къыдет къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм дыкъыкIэрымыхуу, зэманым дыдекIуу зыдужьынымкIэ. «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и зыужьыныгъэм хэтлъхьа мылъкур къызыхуэщхьэпар туризмэм и закъуэкъым. Абы Iуэху щызыщIэ хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм хэхъуащ, бюджетым къыхэхъуэ налогри нэхъыбэ ищIащ. Шэч къытесхьэркъым нобэрей зэIущIэри курортым и зыужьыныгъэм щхьэпэ зэрыхуэхъунум», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Юмшанов Андрей тепсэлъыхьащ Iуащхьэмахуэ щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм. Метр 3500-рэ лъагапIэм бгы-лыжэ инфраструктурэмкIэ ухуэныгъэхэм къыпащэ, къыщажыхьыну щIыпIэхэм зрагъэубгъу. 2023 - 2024 гъэхэм я бгы-лыжэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу Кавказ.РФ-м километр 17 хъууэ щыта гъуэгур километр 23-м нигъэсащ, апхуэдэуи кIапсэ гъуэгуу тIу зэраутIыпщынум зыхуагъэхьэзыр. Метр 4100-рэ лъагапIэм тет «Приют-11» цIэрыIуэр зэгъэпэщыжынымкIэ лэжьыгъэхэр зэтраублэжынущ. 2026 гъэм абы япэ хьэщIэхэр зэрыригъэблэгъэным хуэхьэзырынущ, апхуэдэу абдеж щылэжьэнущ МЧС-м и къегъэлакIуэхэм я гупыр. Азау хуейр иджырей сервис-центркIэ къызэрагъэпэщынущ, абы Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыпхуащIэ къудамэхэр хэтынущ.
2023 гъэм курортым кърашэлIащ инвесторхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ яухуэнущ иджырей хьэщIэщхэр, шхапIэхэр, спорт IуэхущIапIэ-хэр, сабий центрхэр, бгым лыжэкIэ къежэхыным щыхуагъасэ, абы пыщIа Iуэхухэм щыхагъэгъуазэ еджапIэ. А проектхэм лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщынущ цIыху 1000-м щIигъу. Псори зэхэту инвестицэ мылъкуу абы текIуэдэнур сом мелард 39-рэ мэхъу.
Фыкъеблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым!
Къэралым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iуащхьэмахуэ и турист инфраструктурэр зрагъэлъэгъуащ. «Iуащхьэмахуэ» курортыр къызэрыщыхъуар, абы теухуа и еплъыкIэхэр министрым журналистхэм яхуиIуэтащ.
- «Iуащхьэмахуэ» курортым зэрызиужьым зэIущIэм дыщытепсэлъыхьа нэужь, абы щекIуэкIыр зэдгъэлъэгъуащ. Ди нэгу щIэкIащ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыщыIэр, лэжьыгъэшхуэ щагъэзащIэ. Машинэ гъэувыпIэ ин къызэIуахащ, бэзэрым иубыд щIыналъэм къыхагъэхъуащ, нэгузегъэужьыпIэхэр ирагъэфIэкIуащ. ЩIыпIэм къыщызэIуахыну хьэщIэщхэр зыухуэну инвесторхэр къыхэхынымкIэ зэпеуэ идогъэкIуэкI. КIапсэ, бгы-лыжэ гъуэгухэм къахэхъуащ, ахэр хуэдитIкIэ нэхъыбэ хъуащ.
Кавказ.РФ-р хъарзынэу мэлажьэ, жэуаплыныгъэ хэлъу и къалэныр ирехьэкI. ФIыщIэ хуэфащэщ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки, Iуэхур тэмэму зэтеублауэ къызэрызэригъэпэщам папщIэ. ЩытыкIэ гугъум иту лэжьыгъэр зыфIэзыгъэкI цIыхухэм пщIэшхуэ яхуэфащэщ. Нэрылъагъущ ахэр Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэ-лIу зэрыщытыр, псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэращи - я республикэр фIыуэ зэралъагъур. Сыт нэхъыщхьэр жыпIэмэ, туристхэм я бжыгъэм хохъуэ, абы къегъэлъагъуэ щIыпIэр ягу зэрырихьыр. АдэкIи Iуэхум дыкIэлъыплъынущ, зыужьыныгъэхэр зэрекIуэкIым теухуауэ унафэ щхьэхуэхэр къэтщтэнущ.
Апхуэдэ зыужьыныгъэр зи фIыгъэр УФ-м и Президентым туризмэр зыужьыныгъэм и лъабжьэу къызэригъэлъэгъуарщ, абы зегъэужьыныр къалэн къудей мыхъуу, мылъкукIи щIигъэбыдэжащ. УФ-м и Правительствэми и нэIэ щIэтщ мыбдеж щекIуэкI лэжьы-гъэр. Кавказым зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ зиужь дитри, адэкIэ ипэкIэ дыкIуэтэнущ. Мы Iуэхум зи гуащIэ хэлъ псоми иджыри зэ фIыщIэ яхузощI. Фыкъеблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык, Iуащхьэмахуэ лъапэ!