|
Махуэгъэпс
11 декабря, 2022 - 07:35
Дыгъэгъазэм и 11, тхьэмахуэ
Бгыхэм я дунейпсо махуэщ
Тангэ къэфэкIэм и дунейпсо махуэщ
1956 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и обкомым и япэ секретару хахащ.
1922 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щхьэгуэш ШотIэ.
1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Абей Виктор.
10 декабря, 2022 - 09:28
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэмрэ Ставрополь крайм и Предгорнэ щIыналъэмрэ я зэхуакум дэтщ Тамбукъан гуэлыр. Абы и лъабжьэм щIэлъщ хущхъуэгъуэ зыхэлъ ятIэу тонн мелуанрэ ныкъуэм нэблагъэ. Ар 1886 гъэ лъандэрэ медицинэм къыщагъэсэбэп. Тамбукъан гуэлымрэ и хъуреягъымрэ ящыщщ нэхъ сакъыу яхъумэ щIыуэпс фIыгъуэхэм.
10 декабря, 2022 - 06:00
Дыгъэгъазэм и 10, щэбэт
ЦIыхум и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Футболым и дунейпсо махуэщ
Псэущхьэхэм я хуитыныгъэм къыщхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
Урысей МВД-м связымкIэ и къулыкъур къыщызэрагъэпэща махуэщ
1935 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыш Нухь.
9 декабря, 2022 - 13:48
Бгыхэм я дунейпсо махуэр, дыгъэгъазэм и 11-р, ООН-м 2003 гъэм иригъэкIуэкIа и 57-нэ Ассамблее Нэхъыщхьэм къыщащтащ. Ауэ, абыкIэ жэрдэмыр къыщыхалъхьар 1992 гъэм зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм зэхиша конференцырщ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ щытарщ.
9 декабря, 2022 - 10:32
Дыгъэгъазэм и 9, мэрем
♦ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж, геноцидыр мыдэным я дунейпсо махуэщ
♦Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щыгъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр
♦Урысейм и гъущI гъуэгу транспортым шынагъуэншагъэм щыкIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
8 декабря, 2022 - 15:00
Дыгъэгъазэм и 8, махуэку
СурэтыщIым и дунейпсо махуэщ
Урысей казначействэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ зэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.
7 декабря, 2022 - 07:05
Дыгъэгъазэм и 7, бэрэжьей
ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм я инженер-авиацэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къэрал Эрмитажыр къыщызэрагъэпэща махуэщ
Армением щIыр щыщыхъеям хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
1725 гъэм Петербург щызэхэтащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и япэ зэхыхьэр.
6 декабря, 2022 - 05:28
Дыгъэгъазэм и 6, гъубж
Перьм крайм и махуэщ
УФ-м и МВД-м наркотикхэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр зэхэгъэкIыныр зи нэIэ щIэтыну къудамэ къыщызэрагъэпэща махуэщ
Тыркумэным щагъэлъапIэ зэгъунэгъуфIхэм я махуэр
Белоруссием щылажьэ юристым и махуэщ
Финляндие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
Испанием и конституцэм и махуэщ
5 декабря, 2022 - 11:00
Экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэм елэжь зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
1936 гъэм СССР-м и етIуанэ Конституцэр къащтащ. Ар тхыдэм хыхьащ «Сталиным и Конституцэ» цIэр иIэу.
1936 гъэм КъБАО-р КъБАССР хъуащ.
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къумыкъу Тыгъуэн.
2 декабря, 2022 - 12:22
ПщылIыгъэр гъэкIуэдыным хущIэкъуным и дунейпсо махуэщ. Ди зэманми а махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ: ООН-м къит бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, дуней псом иджыри цIыху мелуан 21-рэ хуэдиз пщылIыпIэм щитщ. Абыхэм яхэтщ цIыхубзи сабии.
Урысейм щагъэлъапIэ Банк лэжьакIуэм и махуэр. 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м «Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм теухуауэ» федеральнэ законыр къызэращтам тращIыхьу ягъэлъапIэ.
Страницы
|