Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мазаем и 8-м щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр щагъэлъагъуэ XVIII зэхыхьэр. Ар, зэрыхабзэу, къызэрагъэпэщащ Урысей щIэныгъэм и махуэм техуэу.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым ит еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ я щIэныгъэ къэхутэныгъэу 130-м щIигъу мы гъэм КъБКъУ-м и утыкум къыщрахьащ. Абы еплъыну щIалэгъуалэм яхуеблэгъат КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Емуз Нинэ, Iэпщэ Заур, Безгодькэ Владимир, Токъу Руслан сымэ, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, Урысей Ипщэм и щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр, къэхутэныгъэхэм зи мылъку хэзылъхьэхэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, гъэлъэгъуэныгъэмкIэ я мурадыр щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр я лэжьыгъэхэм тегъэгушхуэнырщ, нобэрей зэманым и нэщэнэ технологие лъагэхэр къагъэсэбэпкIэ гъащIэм щыщхьэпэну къэхутэныгъэхэр къызэIуегъэхынырщ, апхуэдэ Iуэхухэм мылъку хэзылъхьэфыну-хэр къешэлIэнырщ. Гъэлъэгъуэныгъэр КъБКъУ-м и гъусэу къызэрагъэпэщ Урысейм и ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ КъБР-м и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ я советымрэ.
Адрей илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми гъэлъэгъуэныгъэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн куэд утыку къыщрахьащ, мэкъумэш IэнатIэм, медицинэм, ухуэныгъэм, промышленностым щIэуэ къыщагъэсэбэпыфыну Iэмалхэм теухуауи иджырей технологиемрэ робототехникэмрэ я лъэныкъуэкIэ зыхунэсахэм ехьэлIауи.
Псалъэм папщIэ, КъБКъУ-м Декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым и ещанэ курсым щIэс Пекъу Даянэ Iуэху щхьэпэм йолэжь. Абы щыгъыныжьхэмрэ лей хъуа бзыхьэхуэхэмрэ хыфIамыдзэу фэилъхьэгъуэщIэхэр къызэрыхащIыкIыжынум теухуа проект къигупсысащ. Езым щыгъыу игъэлъагъуэ кIэр абы щыщт. «Пасэм хъыджэбзхэм Iэпкълъэпкъ дахэ яIэн папщIэ къагъэсэбэпу щытащ куэншыбэр. ЗэрыфщIэщи, апхуэдэхэр ди зэманми къезэгъыу фэилъхьэгъуэ щхьэхуэу къыдагъэкIыж хъуащ. Сэ утыку къисхьа мы куэншыбэр джинс гъуэншэджыжьым къыхэсщIыкIыжауэ аращ, - жери хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIыр дегъэлъагъу. - НэгъуэщIу жыпIэмэ, жьы хъуа щыгъыныр хыфIэбдзэ нэхърэ, абы зыгуэр къыпхухэщIыкIыжмэ къэбгъэсэбэпын хуейуэ къызолъытэ, сыту жыпIэмэ ди дунейр иджыпсту армырами кIэрыхубжьэрыхум зэщIищтащ, щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа гугъуехьхэри ди мащIэкъым. Гугъуехьхэр къызэднэкIа хъуным хэлъхьэныгъэ гуэр хуэсщIмэ сфIэфIу, елэжьын щIэздзащ мы Iуэхум».
КъБКъУ-м Педагогикэмрэ психологиемкIэ, физическэ щIэныгъэмкIэ и институтым и ещанэ курсым щеджэ Темыркъан Марьянэрэ абы и щIэныгъэ унафэщI Цей ФатIимэрэ зэхагъэува «Робототерапие» Iуэхур тещIыхьащ аутизм иIэу къалъхуа сабийр пIейтей, гузэвэх хъуа нэужь, ар зэрыщхьэщах Iэмалым. ГъущI Iэмэпсымэр зэрызэпкъралъхьэмрэ зэрызэпкърахымрэ ирагъэпэщэщ щIыкIэурэ сабийхэр зэрытеум абыхэм гу лъатащ, икIи апхуэдэ дерс зыбжанэ ирагъэкIуэкIыну хунэсащ.
Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм яIэ-щIэху зэрыхъуам иригузавэу, КъБКъУ-м Педагогикэмрэ психологиемкIэ, физическэ щIэныгъэмкIэ и институтымрэ Иджырей зэхэщIыкIымрэ бжыгъэ технологиехэмкIэ институтымрэ зэгъусэу йолэжь зезыгъэужь гуащэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я псысэхэмрэ нарт эпосымрэ я лъабжьэу компьютер джэгукIэхэр къыдагъэкIыным. Япэ проектым теухуауэ КъБКъУ-м Педагогикэмрэ психологиемкIэ, физическэ щIэныгъэмкIэ и институтым и унафэщIым и къуэдзэ Багъ Риммэ къызэрыджиIамкIэ, гуащэхэм лъэпкъ фащэхэр ящыгъыу щытынущ, хъыджэбз цIыкIу, щIалэ цIыкIу, апхуэдэуи адэ-анэ, адэшхуэ-анэшхуэм я теплъэ яIэнущ. Гуащэхэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ къопсалъэу щытынущ. Ауэ зэкIэ проектыр зэрагъэзэщIэну мылъку яIэкъым.
Гъэлъэгъуэныгъэм къыщыхьа къэхутэныгъэхэм укъызытемыувыIэнрэ гулъытэ зыхуумыщIынрэ зыри яхэттэкъым. Ахэр къызэрыщыхъуам тедгъэпсэлъыхьыну дэ зыхуэдгъэзащ КъБР-м и Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. «ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ мыпхуэдэ Iуэхухэм мызэ-мытIэу сыщыIащи, пэжыр жысIэнщи, мыгъэрейр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI, щIалэгъуалэм зэрызаужьам, нэхъыбэж яхузэфIэкI зэрыхъуам гу лъыботэ, - жеIэ абы. - IT технологие жыхуэтIэмрэ робот щIынымрэ ехьэлIауэ, апхуэдэуи 3D Iэмалыр къагъэсэбэпу цIыхум, унэхэм я теплъэр уи нэгу къызэрыщIагъэхьэну щIыкIэм теухуауэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм нобэ зыIэрагъэхьа зэфIэкIым укъегъэуIэбжь. Гъэлъэгъуэныгъэм гулъытэ ин щигъуэтащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ зэрадэлажьэ Iэмалхэми. Сигу ирихьахэм ящыщщ ди щIыуэпсым и дахагъэр хъумауэ республикэм и щIыпIэхэм зэрызыщагъэпсэхуну псэуалъэ хьэлэмэтхэр къызэрагупсысыфри. ИкъукIэ проектыщIэ гъэщIэгъуэн куэдым нобэ зыщыдгъэгъуэзащ. Гу зэрылъыстамкIэ, абыхэм яхэтщ ипэ илъэсхэми утыку кърахьахэм ящыщ, ауэ иджы я лэжьыгъэм зэрыхагъэхъуар нэрылъагъущ. Сэ сыт щыгъуи си гуапэщ зэфIэкI зиIэ ди щIалэгъуалэр зэзгъэцIыхуну, ахэр зыпэрыт Iуэхум зэрыдихьэхыр си нэкIэ зэзгъэлъагъуну. СызэригугъэмкIи, къэкIуэнум абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щIэныгъэм щызэIэрагъэхьэнущ».
Гъэлъэгъуэныгъэм и къэпщытакIуэ гупым лIэужьыгъуихкIэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэр ягъэбелджылащ. Апхуэдэу текIуэныгъэр хуагъэфэщащ: КъБКъУ-м и студент Къалмыкъ Астемыр (абы и проектыр теухуащ мафIэс къыщыхъуа щIыпIэр видеокIэ къызэрахутэм); СКФУ-м и къудамэу Пятигорск институтым щIэсхэу Лазарев Кириллрэ Калиберда Игоррэ (видеокамэрэхэм я лэжьэкIэм зезыгъэужь Iэмалхэр къагупсысащ), КъБКъУ-м щеджэ Шэшэн Лацэ (адыгэбзэр компьютер IэмалкIэ зэрызэрагъэщIэфыну дерс зэхигъэуващ), КъБКъУ-м и еджакIуэхэу Лыджыдэ Ислъам, Шырыт Астемыр, Къущхьэ Алихъан сымэ (Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм зыщыщыбгъэгъуэзэфыну напэкIуэцI зэ-халъхьащ), «Профхимия Юг» ООО-м и IэщIагъэлI Салимов Гариб-оглы Рафаэль (Джэрпэджэж деж къыщыщIах натрий монтмориллонитыр къэгъэсэбэпауэ зэрагъэкъабзэ псыхэр къыщIэгъэкIыным и лэжьыгъэр триухуащ). ТекIуахэм ЩIыхь тхылърэ сом мин 35-рэ иратащ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.