Емылыджым хуэдэщ

Политикэм ухыхьэныр шы емылыджым ушэсыным ещхьщ: псынщIэу урихьэжьэнущ, ауэ икIи игъэузуи укъыхифIихуэжынущ. Мыбдеж уанэри сэбэп къыщыпхуэхъужынукъым. Ар уигу къокI зэгуэр цIэрыIуэ хъуауэ щыта къэрал унафэщI куэдым я къекIуэкIыкIамрэ я ухыкIамрэ ущегупсыскIэ. Дэ нобэ и гугъу тщIынущ абыхэм ящыщ де Голль Шарль. 

Ар цIэрыуIэ хъуауэ щытащ пасэу, и ныбжьыр илъэс 26-рэ ирикъуа къудейуэ. Верден щахъумэм лIыгъэ зэрызэрихьам къыхэкIыу, абы 1916 гъэм ЩIыхь регоным и орденыр къыхуагъэфэщат зэрыхэкIуэдауэ. «ХэкIуэдар» нэмыцэ гъэрыпIэм къикIыжри, Япэ дунейпсо зауэр иуха нэужь и хэку кIуэжащ. Мыбы мыгувэу и Iуэху къыщикIащ. Де Голль къищIат къэкIуэну зауэм бронетехникэм бжьыр зэрыщиубыдынур икIи ар и щIэгъэкъуэну 1940 гъэм и гъэмахуэм Германием Франджыр лъэгуажьэмыщхьу зэригъэтIысынур. Апхуэдэуи хъуащ, ауэ езы Шарль зимыту инджылызым фашизмэм и бий «Франджыр мэзауэ» зэгухьэныгъэ лъэщыр къыщызэригъэпэщащ. Пэжу, зыпэщIэсэныгъэм хыхьар франджыхэм я закъуэтэкъым: абы хэтащ нэгъуэщI нацэхэм икIыу а къэралым щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыщыхутахэри. Мыбдеж дэ дыщыхуиткъым ди лъахэгъу Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, Франджым и лъэпкъ лIыхъужьыр икIи зи хьэдэр а къэралым нэхъ пщIэшхуэ дыдэ щызиIэхэм зыщыхуащIхэм я пантеоным щIалъхьар, дигу къэдмыгъэкIыжыну. Езы «зэпэщIэсэныгъэ» псалъэр къэзыгупсысар Урысейм иIэпхъукIауэ абы щыпсэуа усакIуэ Вильде Борисщ (абы щэхуу къыдигъэкIыу щIидзат апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ газет). Франджым и губгъуэхэм щызэуащ «Ковпак», «Железняк», «Котовский», «Чапаев», «Донбасс» партизан гупхэр, ауэ ар нэгъуэщI псалъэмакъщ.
Де Голльщ зи фIыгъэр Франджыр фашизмэм текIуа къэралхэм зэрыхагъэхьар. АрщхьэкIэ зауэр иуха нэужь, езы Франджым ЕплIанэ республикэ къыщызэрагъэпэщащ, къыщащта конституцэми президентым щылъагъэсар власть мащIэ дыдэщ. Апхуэдэ президентыгъэ хуэмей Шарль тетыгъуэр зылъысахэм япэщIэуващ икIи «Франджы цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэ» зэгухьэныгъэр зэхишащ. АпщIондэхукIэ къэралыр щыхагъэщIащ Индокитайм щригъэкIуэкIа зауэм, мыдрей и колоние щIыналъэхэри IэщIэкIыу хуежьащ. Алжирым щызэрызехьэт. Абы щыпсэу франджыхэм 1958 гъэм и мэлыжьыхьым зыкъаIэтащ Париж и бжьым щIэкIын ямыдэу. Езы Франджыми щытыкIэр щызэщIэплъат: лъэпкъым къигъэувырт властыр де Голь иратыну.
1958 гъэм фокIадэм и 28-м ирагъэкIуэкIа референдумым къыщащта коституцэщIэм президентым властьышхуэ иритырт. Дыгъэгъазэм и 21-м президент хэхыныгъэхэм и ныкъуэкъуэгъухэм куэдкIэ ящхьэпырыкIауэ щытекIуащ де Голль. Езы Франджыр Етхуанэ республикэ хъуащ. Ауэ Алжирыр зэрызэIэщIигъэкIар къыхуамыдэу бий къахуэхъуащ зыкъом. Абыхэм къызэрагъэпэща ОАС зэгухьэныгъэм хэтхэм щIыпIэ-щIыпIэхэм террорист щIэпхъаджагъэхэр щалэжьащ, езы президентыр яукIыну хэтащ.
Абы щхьэкIэ къэмынэу къэралым лъэщу зиужьырт, дунейм къыщыхуащI пщIэм хэхъуэ зэпытт. Франджым ядернэ Iэщэ иIэ хъуат, ар ООН-м Шынагъуэ ЩымыIэныгъэмкIэ и Советым хэтт. Де Голль къуэващ Атлантикэм къыщыщIэдзауэ «Уралым нэс Европэм» и телъхьэу. Абы къикIырт Москва къыдэлэжьэну хуейуэ. Франджыр и пэжыпIэкIэ НАТО-м къыхэкIыжат, абы щыхьэт техъуэрт а зэгухьэныгъэм и штаб-фэтэрыр Париж ирахыу иджы здэщыIэ Брюссель зыIэрахьар. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псори США-м и нэм бжэгъуу къыщIэуэрт икIи къилъыхъуэрт ЛIыжьыр (апхуэдэут езы франджыхэр Шарлль зэреджэр)зэрытригъэкIуэтыну Iэмал. Ауэ зыри хуещIэртэкъым: инт абы хуащI пщIэр. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Кремлыр де Голль и къулыкъум текIыну хуейтэкъым, ар капиталист зыужьыкIэм и гъуэгум и телъхьэ пэтми.Ауэ Вашингтон нэрылъагъуу ядэIэпыкъурт Миттеран Франсуа и социалист партымрэ абы къуэува троцкист, маоист хумэбжьымэхэмрэ. Сыт хуэдэ фIэгъэнапIэри къагъэсэбэпынут. ИкIи ар къыкъуэкIащ…
«Ер вы бжьакъуэм къокI» жыхуаIэрати, Сорбоннэ и студентхэр уэрамхэм дыхьащ мыарэзыуэ. Нэхъыщхьэу ягу къеуэхэм ящыщт щIалэхэр цIыхубз общежитхэм пэрыуэншэу щIыхьэну…хуит зэрамыщIыр. «Къэрал псоми я пролетархэ, фи нэгу зевгъэужь!» - кIийрт ахэр. Псори къызыхэкIар ныбэизыгъэт, политикэ гуэри Iуэхум хэттэкъым, арщхьэкIэ газетхэм уэру традзэу щIадзащ студентхэр зэраубэрэжьым, полицейхэм я «гущIэгъуншагъэм» теухуа тхыгъэхэр. Профсоюзхэри зэщIэхъеящ. РадиокIэ къэпсалъэри президентым жиIащ Лъэпкъ зэхуэсыр зэрызыбгыриутIыпщыкIыжыр. 1968 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м екIуэкIа парламент хэхыныгъэхэм де Голль и телъхьэхэм Лъэпкъ зэхуэсым и процент 73-р щаубыдащ. Псори я пIэ иувэжа хуэдэт. АрщхьэкIэ езы президентым къыкъуэта цIыхухэр къепцIыжащ. Абыхэм къызэпаудащ сенатым и реформэу де Голль къыхилъхьар икIи я зэранкIэ референдумым щыпхрагъэкIыфакъым. Ар кIэухт.
Зи ныбжьыр илъэс 79-м ит ЛIыжьыр ешат, адэкIэ ныкъуэкъуэжыфынутэкъым. 1969 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м ар и къулыкъум текIащ. Куэдрэ псэужакъым: 1970 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м дунейм ехыжащ. 
Франджы къызэрыгуэкIхэм я гум щIыхьат абы и лIэныгъэр. Дауи, ар хужыпIэ хъунутэкъым Вашингтон. Абы гугъапIэ къылъыкъуэкIат яIэщIэкI пэта къэралыр я жыIэм щIагъэувэжынымкIэ. ЖытIэнщи, апхуэдэуи хъуащ. 
Мис аращ политикэр…

 

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться: