Гъавэм къыхэхъуэ зэпытщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм хьэцэ­пэ­цэрэ джэш хъурейуэ псори зэхэту иужьрей илъэситхум Iуа­хыжам процент 25-кIэ хэхъуащ. Нэгъабэ и закъуэ гъавэу кърахьэлIэжам хуэдиз зэи къайхъулIакъым - тонн мелуан 1,421-рэ. 2022 гъэм хьэцэпэцэу Iуахыжам нэхърэ ар процент 14-м нэблагъэкIэ нэхъыбэщ.

Иужьрей илъэситIым республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху гъавапхъэу тонн мелуаным щIигъу кърашащ губ­гъуэхэм. 2019 гъэм елъытауэ нартыхуу нэгъабэ кърахьэлIэжам процент 13-кIэ хэхъуащ, 2022 гъэм ебгъапщэмэ, проценти 4,2-кIэ нэхъыбэ. ЩIыналъэм гъавэр бэв зэрыщыхъум и фIыгъэ хэлъщ псы зыщIагъэлъадэ щIым къызэрыхагъахъуэ зэпытым.
2023 гъэм гъавапхъэу зы гектарым ику иту центнер 61,5-рэ къытрахащ, е 2022 гъэм щыIам ар проценти 106-кIэ хуокIуэ. 2022 гъэм нартыху гъэлъэлъауэ зы гектарым ику иту центнер 69,4-рэ къытрахамэ, нэгъабэ ар центнер 78,5-м нагъэсащ. Илъэсым къриубыдэу зы хьэсэм гъавэр тIэунейрэ тещIэн Iэмалри нэхъыбэрэ къагъэсэбэп хъуащ.
Псы щIэгъэлъэдэным ехьэлIауэ республикэм и Iуэху зыIу­тыр къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэситхум гектар 30,5-м щIигъу апхуэдэу зэлэжь губгъуэхэм къыхагъэхьащ, псы зэры­щIа­гъэлъадэ, зэрытракIэ машинэу 346-рэ ягъэуващ. Абыхэм я нэхъыбэр яхузэфIэкIащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу лажьэ «Хамэ къэралхэм мэкъумэш продукцэхэр яхуегъэшэн» щIыналъэ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег. 

Поделиться: