Мэхъэчкъалэ щыщ IущыцэИджыпсту екIуэкI хэхыныгъэ Iуэхухэм нэхъыбэрэ къыщаIэт упщIэхэм язщ щIыпIэ пхыдзахэм щыщ сабийхэмрэ Мэзкуу, Санкт-Петербург хуэдэ къалэшхуэхэм къыщыхъуахэмрэ зэхуэдэу зэрызаужьын, щIэныгъэм нэхъ куууэ зэрызыхагъэгъуэзэн Iэмал зэрамыIэр. Ауэ, ди лъэпкъ Iущыгъэм зэрыжиIэщи, еджэнур - еджэнущ. Иджыблагъэ хэIущIыIу хъуащ Дагъыстэным щыщ, Дербент къалэм и школ №20-м 11-нэ классыр къыщызыух Шингаровэ ФатIимэ Урысейм и телевиденэм щекIуэкI зэхьэзэхуэ цIэрыIуэу «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» жыхуиIэм и финалым хэтынухэм зэрахэхуар. Iыхьэ-Iыхьэурэ зэщхьэщыхауэ екIуэкI а зэпеуэм хыхьэну тегушхуэ сабийхэр зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ защIэу зэрыщытыр илъэс куэд щIауэ ди нэгум щIегъэкI зэхьэзэхуэр къыщагъэлъагъуэ нэтыныр езыгъэкIуэкI, МГИМО университетым и егъэджакIуэ, «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» телепроектым и къызэгъэпщакIуэ Вяземский Юрий. ФатIимэ щыпхыкIар мазаем и 14 - 17-хэм Мэзкуу щекIуэкIа «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зэхьэзэхуэм и щIыналъэ зэпеуэрщ. Дагъыстэн хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къызэратымкIэ, иджыри къэс а республикэм щыщ еджакIуэ а олимпиадэм щыпхыкIыу МГИМО-м щIэхуакъым, абы къыхэкIыу, щIыналъэр егъэлеяуэ ирогушхуэ хъыджэбз цIыкIум и зэфIэкIхэм. ФатIимэ щыпхыкIар тхыдэм теухуа зэхьэзэхуэрщ. «ТхыдэмкIэ си егъэджакIуэм 5-нэ классым сызэрыщIэсрэ сыдригъэхьэхащ а щIэныгъэ къудамэм. Сигу хэхъуэу зыхуэзгъэхьэзыращ. Мэзкуу щекIуэкIа Iыхьэм егъэлеяуэ сыщыIэнкунт. Камерэу 8 зэуэ къыптеубыдауэ упщIэм жэуап епту, медаль къуатыну ущыгугърэ пэт, уи жэуапыр убгъуауэ зэрыщытам къыхэкIыу, орден къыпхуагъэфащэу… Абдежым щызыхэсщIа гурыщIэхэр егъэлеяуэ гур зыIэтт, псалъэкIи къыпхуэIуэтэнукъым», - игу къегъэкIыж хъыджэбз цIыкIум. И еджакIуэм ирогушхуэ ФатIимэ зыгъэхьэзыра Таибовэ Тайибат: «ФатIимэ 5-нэ классым щегъэжьауэ адрейхэм къахэзгъэщырт, фIыуэ зэреджэм къыхэкIыу. Зэхьэзэхуэм хэтыну мурад щищIами, дэсIыгъащ, къызэримыкIуэтынур, къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъыр слъагъурти, зыхуейм зэрытеIэбэфынуми шэч къытесхьэртэкъым». Гу лъытапхъэщ хъыджэбз цIыкIум дин зэриIыгъым къыхэкIыу, и щхьэцыр зэрыщIихъумэм. ЩIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зыбгъэдэлъым дежкIэ, теплъэкIэ адрейхэм къахэщыныр фIэгъэнапIэ хъуркъым. Псори зэлъытар къыбдалъагъу цIыхугъэмрэ уздэщыт увыпIэм узэрыхуэфащэмрэщ. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 14:18 →
Я зэфIэкIхэмкIэ къыдахьэх
17.06.2025 - 15:33 →
ЛIэщIыгъуэхэр зи ныбжь
17.06.2025 - 14:30 →
ЩIым игу
17.06.2025 - 12:01 →
ТекIуэныгъэр къызэрахьам щыщ Iуэхухэр
17.06.2025 - 11:57 →
И хэкур лIыгъэ хэлъу ихъумащ
|