ЩыIэу къыщIэкIынкъым уи сабиигъуэр щыбгъэкIуа еджапIэр, балигъ гъащIэм ухуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэр, къыбдеджахэр, ныбжьэгъухэр пщызыгъэгъупщэфын. Нэхъри а гукъэкIыжхэр куущ, узыхурагъаджэм фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжь Iущхэр, Iумахуэхэр я гумрэ псэмрэ етауэ къыпщхьэщытамэ, зэклассэгъухэр зы унагъуэм хуэдэу узэбгъэдэтамэ.
Си насып къикIри, сэ сыщеджащ Бахъсэн районым сыт и лъэныкъуэкIи бжьыпэр пIалъэ кIыхькIэ щызыIыгъа, ноби пашэхэм ящыщ зыуэ ябж, Зеикъуэ къуажэм дэт езанэ курыт школым. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ мы еджапIэм щIиIэ хъуауэ къэслъытэмрэ гукъэкIыж гуапэхэмрэщ мы тхыгъэр зытеухуар. Шэч лъэпкъ къытесхьэркъым икIи сыщыгъуазэщ апхуэдэ гулъытэ зи цIэ къисIуэнухэм къызэралэжьам щыхьэт техъуэнухэр зэрымымащIэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэ пэтми зэманым нэхъ мащIэ ещI, а цIыху гъуэзэджэхэм ящыщу нобэ псэууэ къэнэжахэр.
Зи гугъу фхуэсщIыну сызыхуей, Бахъсэн районым хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм дэт курыт школым сыщыщеджар 1969 - 80 гъэхэрщ. ПэщIэдзэ классым дыщыщIэтIысхьам ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъумрэ мы гъэм илъэс 55-рэ ирокъу. Зэклассэгъухэр интернетымкIэ зызэпытщIэнымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуа, фIыщIэ лей зыхуэтщI Быхъурэ ФатIимэ я фIыщIэкIэ зэпымыууэ ди гуапэу дызыщIоупщIэ, дигу къэдгъэкIыжын ди мащIэкъыми, дызэтемызашэу дызэдоуэршэр.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэ пэтми нэхъ мащIэ дохъу. ЩIалэ дыдэу, фIыуэ тлъагъу ныбжьэгъу тIэщIэкIахэр зыщыдгъэгъупщэркъым, абыхэм ятеухуа гуапагъэу дигу къэдгъэкIыжыни дыщыщIэркъым.
Школыбжэр щыIутха лъэхъэнэм еджапIэр апхуэдизкIэ жьы хъуати, сабийхэм дигу къеуэрт. Нэхъ пэш хуэщIахэм щеджэхэм дехъуапсэрт.
ЕджакIуэхэм я бжыгъэм хэхъуати, къатитI хъууэ, спортзал, шхапIэ, гъэлъэгъуэныгъэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щебгъэкIуэкI хъун пэш Iэхуитлъэхуит зыхэт еджапIэщIэ зэрытхуаухуэм егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIырт икIи дригушхуэрт. Школ дахэшхуэр къыщызэIуахар 1974 гъэрщ. А зэманым мыбы щеджауэ ар зыщыгъупщэжа къыпхуэгъуэтыну си фIэщ хъуркъым. Дауи, сабий насыпкIэ узэджэ хъун IуэхугъуэфIт ар. Зи гугъу фхуэсщI школыщIэр къызэрызэIуахрэ илъэс 50 ирокъури, гъэ еджэгъуэщIэм, ЩIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу сыхуейт а зэманыр гуапэу сигу къэзгъэкIыжыну.
Шэч хэмылъу, псом япэ изгъэщу я цIэ къисIуэмэ нэхъ тэмэму къыщIэкIынщ фIыщIэ лей зыхуэщIыпхъэхэу, еджапIэм и пщIэр лъагэу зыIэтахэу, и унафэщIу, илъэс куэдкIэ жыджэру лэжьа Мэршэнкъул Хьэсэнбий, егъэджэныгъэмкIэ абы и къуэдзэу щыта Къазий Ахьмэд, гъэсакIуэ, егъэджакIуэ пажэхэу Къумыкъу Лъостэнащ, АбытIэхэ Хьэжмурат (директору щытащ), егъэджакIуэхэу Рае, Мухьэмэд, Мусэбий, Уетхэ Аслъэнбийрэ Зоерэ, Унэж МэчрэIил, Лосэн Анзор, Щомахуэ Хьэсэнбий, Щауэ Ждин, Шэрхъхэ Таужан, Хьэлимэт, БетIал, Хьэмырзэ Зое, Гъубжокъуэ СэIимэт, Унэж МэчрэIил, Бейтыгъуэн Сэлим, Шурдымхэ Залым, Рае, Дэгу Чэрим, япэ егъэджакIуэу диIа Къалмыкъ Зое, Къалмыкъ 1эминат, ЛIизэм Жаннэ, Тенджыз Зэхьирэт, ШкIэгъэс ФатIимэт, Шыдхэ Владимир, Наталье, Галинэ, ХьэцIыкIу Лолэ, ХьэпцIэ Тамарэ, ГъукIэ Хьэчим, Къундет Тосэ, Джэдгъэф ФатIимэ, Шурдым Рае, Жылау Арсен, Мэршэнкъул Зухра, Шурдым
Хужьпагуэ сымэ. Абыхэм я фIыщIэкIэ школыр Бахъсэн районым япэ увыпIэр щиIыгъыу, щытхъу тхылърэ саугъэт мымащIэрэ къыхуагъэфащэу, щапхъэу ягъэлъагъуэу къекIуэкIащ.
ИщхьэкIэ зи цIэ къитIуа, ехъулIэныгъэ ин иIэу лэжьа директор Мэршэнкъул Хьэсэнбий щIэблэм щIэныгъэ нэс ябгъэдэлъхьэным, гъэсэныгъэм, гупым я зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэным и нэIэ тригъэт къудейм имызакъуэу, абы хуабжьу гулъытэ хуищIырт езы школыр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ дагъуэншэу къызэгъэпэщыным, и лэжьакIуэхэр нэфI-нейкIэ зэхэдз ищIакъым, дэтхэнэ зыми бзэ къыхуигъуэтыфу, гуапэу хущытащ. Зыхуейр зы закъуэт- гугъэзагъэу, ныкъусэныгъэншэу я къалэн нэхъыщхьэр ягъэзэщIэнырт. НэгъуэщIу жыпIэм, абы и дежкIэ псом я щхьэр щIэблэ узыншэ, зэчииныгъэ нэс зиIэ къэкIуэну гъащIэм хуэгъэхьэзырынырт.
Мы тхыгъэм зи цIэ къыщитIуа дэтхэнэ зыми щхьэхуэу псалъэ гуапэ хужыпIэ зэрыхъунум щыхьэт техъуэфын нэхъыжьыфIхэр ноби дэсщ Зеикъуэ жылэм. Шэч хэмылъу, тхылъ щхьэхуэ къахудэбгъэкIыну къэзылэжь гупщ сызытетхыхьу, сигу къэзгъэкIыжхэр. Псэ хьэлэлкIэ зи лэжьыгъэр зыгъэзэщIахэм, а IэнатIэ гугъум пэрытхэм я цIэ къипIуэныр си гугъэщ Iуэху гуапэм къыщымынэу, ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу.
Гъэ еджэгъуэщIэм, ЩIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу а IэнатIэм пэрыт дэтхэнэ зыми дохъуэхъу я лэжьыгъэм и хъер ялъагъуу, узыншэу лэжьэну.