Ди къуэш республикэхэмТуризм IэнатIэм теухуауэ СЫХЪУМ. 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 1 - 2-хэм Гагрэ къалэм щекIуэкIынущ «Visit Apsny» дунейпсо зэхуэс. Абхъазым туризмэмкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщI Калягинэ Аннэ зэрыжиIамкIэ, абы къыщыпсэлъэнущ Абхъазым, Урысей Федерацэм, Тыркум туризмэмкIэ я IэщIагъэлIхэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьынущ туризмэ IэнатIэмрэ абы пыщIауэ лажьэ хьэщIэщхэмрэ зегъэужьынымкIэ, маркетинг Iуэхугъуэхэр пхыгъэкIынымкIэ, фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр туристхэм ягъэгъуэтынымкIэ щыIэ Iэмалхэм. «2024 гъэм кърикIуахэм дыхэплъэжынущ, тIэщIэкIа щыуагъэхэр къэтлъытэжынурэ етIанэгъэ дызэрылэжьэну щIыкIэр дубзыхунущ. Иджы едгъэкIуэкIыну зэхуэсым хэтыну ди гуапэщ ди щIыналъэм и хьэщIэщхэм, шхапIэхэм, уней IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, я лэжьыгъэр ефIэкIуэным ехьэлIауэ щIэ куэд къызэрыщащIэфынум къыхэкIыу», – жиIащ Калягинэм. «Visit Apsny» дунейпсо зэхуэсым хыхьэу абы щызэхашэнущ «APSNY HORECA» гъэлъэгъуэныгъэр. Абы утыку къыщрахьэнущ туризм IэнатIэм пыщIауэ лажьэ хьэщIэщхэмрэ шхапIэхэмрэ щхьэкIэ къежьа иджырей технологиехэр, обрудованэхэр, хьэпшыпхэр, унэлъащIэхэр, Iуэхутхьэбзэхэр, нэгъуэщIхэри.
ПсэупIэкIэ къызэрагъэпэщ МЕЙКЪУАПЭ. Сабий зеиншэхэр, адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр республикэм зэрыщекIуэкIым теухуат Адыгейм и Правительствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэр. 2024 гъэм сабий зеиншэхэм псэупIэхэр кърыхуащэхуну щIыналъэ бюджетым щыхухаха сом мелуани 182-м иджыри сом мелуани 186-рэ дыщIагъужащ Адыгейм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и унафэкIэ. Псори зэхэту а Iуэхухэм трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 368-рэ икIи абыкIэ сабийхэм я псэупIи 149-рэ къахуэщэхунущ. НобэкIэ къахуэщэхуар зэрыхъур 37-рэщ, ауэ псэупIэ 65-рэ иджыри къызэращэхуным ехьэлIа зэгурыIуэныгъэхэр ухуакIуэхэм иращIылIащ. Апхуэдэуи зэIущIэм щыхэплъащ жьы хъуа, ущыпсэуну шынагъуэ къызыбгъэдэкI фэтэрхэмрэ унэхэмрэ щIэсхэр абыхэм къыщIэгъэIэпхъукIауэ псэупIэщIэкIэ къызэгъэпэщыным теухуа Iуэхуми. Абыхэм хуэкIуэ унэу, фэтэр куэду зэхэту, Адыгейм иджыпсту 69-рэ иIэщ, метр зэбгъузэнатIэ мин 36,4-рэ хъууэ. НобэкIэ фэтэри 194-м щIэсахэр зэхагъэIэпхъукIащ, метр зэбгъузэнатIэ мини 7,5-рэ яIыгъыу. Дызэрыт илъэсыр и кIэм нэсыху фэтэр 89-м щIэсхэми нэгъуэщI псэупIэхэр иратынущ. Абыхэми метр зэбгъузэнатIэ мини 3,5-рэ яIыгъщ.
Дин унафэщIыр хах ЧЕРКЕССК. Къэрэшей-Шэрджэсым и муслъымэнхэм я IэхущIапIэм зимычэзу зэIущIэу иджыблагъэ екIуэкIам республикэм и муфтийр щыхахащ. Апхуэдэ дзыхь ирагъэзащ щIыналъэм и медресе-интернатым и унафэщI, КъШР-м и муфтий къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзэщIа Эркенов Мухьэмэд. Абы зэIущIэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ лъэпкъ, дин зэпыщIэныгъэхэр, зэхущытыкIэхэр гъэбыдэныр, дин къабзэрэ хабзэ дахэрэ яхэлъу щIалэгъуалэр гъэсэныр, террорист, экстремист щIэпхъаджагъэхэр щымыгъэIэныр, ахэр къэмыгъэхъуныр республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэу нобэми зэрыщытыр. Къэрэшей-Шэрджэсым и муслъымэнхэм я зэIущIэм щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лIыкIуэхэр къанэ щымыIэу хэтащ – цIыху 263-рэ кърихьэлIат. Апхуэдэуи Черкесск щыIащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ Дин IуэхухэмкIэ я управленэхэм я лIыкIуэхэри.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
17.03.2025 - 12:30 →
Сом мелард 1,5-м щIигъу къыхрагъалъхьэ
16.03.2025 - 15:49 →
Вындыжьым и насып щыгъэхэр
|