ЦIэхэм я щIагъыбзэр

Адыгэхэм нэгъуэщIыбзэхэм къытекIа цIэхэр я куэдщ. Нэхъыбэр хьэрыпыбзэмрэ тыркубзэмрэ къытекIауэ къалъытэ. Абыхэм ящыщу адыгэцIэу къалъытэ хъуахэри щыIэщ. Ахэр зэрызэхэтымрэ зэрызэщхьэщидзымрэ теухуауэ Цекъу Алий къехь хьэрыпыбзэм щыщу мы къыкIэлъыкIуэхэр: 
1) дин псалъэ зыхэтхэр: Нурдин, Заудин, Мухьэдин, Жэмалдин, Сэфдин, нэгъуэщIхэри;
2) хьэжы зыхэтхэр: Хьэжымурат, Хьэжрэт, Хьэжыхъусен;
3) -и – -ет зыхэтхэр: Нуриет, Асиет, Разиет, Зуриет;
4) -ат, -эт зыхэтхэр: Нафсэт, Фаризэт, Сачнэт, ФатIимэт;
5) эпитет зыхэтхэр (Алыхьым апхуэдэ цIэ 99-рэ иIэщ): Адыл «захуэ, щыпкъэныгъэ зыхэлъ», Алим «куэд зыщIэ», Ахьмэд «гуапагъэ зыхуэфащэ», Джэмил «дахэ», Къасым «зыгуэш», Хьаниф «хуэпэж», нэгъуэщIхэри;
6) абстрактнэ мыхьэнэ къызэрыкI цIэхэр: Азэмэт (Азамат) «хахуэ», Нур «нэху», Хьэдис «хъыбар», Абу «уэ», Нысэ (Ниса) «бзылъхугъэ», Фаридэ «налмэс-налкъут», Щамсэ (Шамс) «дыгъэ»;
7) муслъымэн динымрэ абы къыщыхьа цIэхэмрэ щыщ: Абдул (Абедул), (Абдулла) «Алыхьым и цIыху», Джэфар «жэнэт псы», Нурдин (Нурудин) «гугъэм и нэху»;
8) муслъымэн диным и лIыкIуэхэмрэ абыхэм япэгъунэгъухэмрэ я цIэхэр зыхэтхэр: Айщэт «мазэ насыпыфIэ» (Мухьэмэд Бегъымбарым и щхьэгъусэхэм я зым и цIэр), Алий «лъагэ, Iэта», нэгъуэщIхэри;
9) ягъэлъапIэ мазэхэм я щIыхькIэ фIаща цIэхэр: Рэмэзан, Рэджэб, Сэфар, Щэбан;
10) хьэрып, тырку цIэхэр зэхэту къэхъуа цIэхэм ящыщщ: Сэфарбий – Сэфар (хьэрып.) + Бий (тырку).

Хьэрыпыбзэм къыхэкIа цIэхэм я нэхъыбэр диным, дин лэжьыгъэм пыщIамэ, тыркубзэм къытекIа цIэхэм я гъэпсыкIэр нэгъуэщIщ:
1) хъан-р зыхэт цIэхэр: Къэлэхъан, Насыпхъан, Тыркухъан, Минхъан, Сэфырхъан, Шамхъан, Хъангуащэ, Хъанхужь, Гуащэхъан;
2) сабийр къалъхуа нэужь, къану яту зэрыщытам къытекIащ Къанщауэ, Пщыкъан, жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри.
3) бий зыхэт цIэхэр: Амырбий, Аслъэнбий, Адэлбий, Налбий, Нурбий, Батырбий;
4) бэч «лъэпкъ пашэ, унафэщI, нэхъыщхьэ» псалъэр зыхэт цIыхуцIэхэр: Батырбэч, Къэлэбэч, Аслъэнбэч;
5) къул «пщылI» зыхэт цIэхэр - мыр нэхъыбэу унэцIэущ къызэрыкIуэр: Есэнкъул, Къанкъул, Хьэкъул; 
Персыбзэм къыхэкIа цIэхэм ящыщщ:
- мырзэ // мызэ // мирза псалъэр зыпытхэр: Елбэздыкъуэ-Мырзэ, Бэчмырзэ, Хьэмырзэ;
- джан/ жан зыхэт цIэхэр: Жаншыр, Жансэрай, Жансинур, Жансурэт, Жанпагуэ, ЖанцIыкIу.
- Гъэгъа мыхьэнэр къызэрыкI гул «удз гъэгъа» зыхэт цIэхэр: Гулэз, Гулнар, Гулизар.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: