Журналист лэжьыгъэм цIыху зэмылIэужьыгъуэ куэдым уIуегъащIэ. А IэнатIэм илъэс куэд щIауэ уIутмэ, упсэуху пщымыгъупщэжын, зи гъащIэр гуащIэдэкI лэжьыгъэм епха, гугъуехь мымащIэ зыгъэва нэхъыжьхэм я псалъэ Iущхэр, чэнджэщ щхьэпэхэр, зэхэпх къудей мыхъуу, уи гум къонэж. Абыхэм ящыщ зыщ, куэдым, псом хуэмыдэу гуащIэрылажьэхэм, я гукъеуэщ сызытетхыхьынур икIи хэхауэ зыхуэгъэзар щIалэгъуалэрщ, псом хуэмыдэу, къэралым и политикэ гъэпсыкIэр щыутхъуа 90 гъэхэм, гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм дурэшыр къыщылъыса зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм зи сабиигъуэр ирихьэлIахэрщ.
«Ерыскъыр, псом ящхьэ щIакхъуэр къэзылэжь цIыхум зэгъэзахуэ хэлъщ, гъащIэм зыщыIууэ дэтхэнэ гугъуехьми хуэхьэзырщ, лъэпощхьэпохэми щхьэдохыф, сытми нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэщ, жыжьэ мэплъэф. Iуэху бгъэдыхьэкIэр, губзыгъагъэр сыт щыгъуи къыхуощхьэпэ. Ауэ мэкъумэшыщIэм игу къемыуэу къанэркъым гуэдз хьэдзэхэр, нартыху кIэчанхэр гъуэгум текъухьауэ, щIакхъуэ Iыхьэшхуэхэр пхъэнкIийм хадзэжауэ щилъагъукIэ.
Хэку зауэшхуэм и зэманым, абы иужь лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыда нэхъыжьхэм я нэгу щIэкIащ, я фэм хьэзаб мымащIэ дэкIащи, фIы дыдэу ящIэ мэжэщIалIагъэр зищIысыр, ерыскъым и уасэмрэ и пщIэмрэ зыхуэдизыр. Абы теухуауэ дапхуэдиз умыджами, кино уемыплъами, ар зыгъэвамрэ зэхэзыхамрэ зэхуэдэ хъунукъым. А зэман хьэлъэхэм я хъыбар зэпымыууэ ди тхьэкIумэм иту, хуауса уэрэдхэр зэхэтхыу къокIуэкI, ауэ жагъуэ зэрытщыхъущи, ди нэгу щIокI апхуэдэ гузэвэгъуэ нэсу къызыгурымыIуэхэр зэрымымащIэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыбэу ахэр тыншу, зыми щамыгъащIэу, лэжьыгъэм пэIэщIэу къэхъуахэрщ.
Иджы зэманыр нэгъуэщIщ. Пэжыр жыпIэмэ, щIакхъуэ Iыхьэр зэгъэзэхуауэ, Iыхьэ-Iыхьэу зыхуэдгуэшыркъым. Ар псоми пэрыхьэту зэрыдгъуэтым къыхэкIыу арагъэнщ. Апхуэдэу щытми, абы и пщIэр, къэблэжьыныр зэрымытыншыр зыщыдгъэгъупщэныр икъукIэ щыуагъэшхуэщ.
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, гуэдз хьэдзэхэм ерыскъы IэфI къахэпщIыкIын папщIэ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу 100-м нэхърэ мынэхъ мащIэ зэфIэгъэкIын хуейщ.
Ди къэрал гербым дыщэпскIэ тетащ гуэдз щхьэмыж пIащэхэр. Ар и нагъыщэщ ди щIакхъуэр мэкъумэшыщIэхэмрэ лэжьакIуэбэмрэ я гуащIэдэкI зэгуэткIэ къызэралэжьым.
ЦIыху цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь Гиталов А. Б. мыпхуэдэу жиIэгъауэ щытащ: «Зы щIакхъуэм мэкъумэшыщIэм и мызакъуэу, шахтерми, гъущI зыгъавэми, конструкторми, химикми, машинэ зыщIми, рабочэ класс псоми, жылагъуэ лэжьыгъэ IэнатIэ Iутхэми я гуащIэ хэлъщ».
Гъавэрщ ди гъащIэр зыхэлъыр, ар димыIэмэ, дэри дыщыIэнукъым. ЛэжьакIуэ унагъуэм и Iэнэм щIакхъуэр зэи Iисраф щыхъуркъым, щаущыкъуейркъым, хуэфэщэн пщIэ щыхуащI. ЩIым телэжьыхьхэм я хабзэмкIэ, щIакхъуэм сэ еIусэн хуейкъым, атIэ ар зэпытхъын хуейщ къэзылэжьа IэхэмкIэ.
Ди анэм сыт щыгъуи къыджиIэрт щIакхъуэр щызэпытщIыкIкIэ щыкъуейр лъэгум дымыгъэкIуэну, Iэнащхьэм фIэдмыгъэкIыу къабзэ гуэрым, мыхъужыххэмэ, ди Iэгум е куэщIым идгъэлъэлъэну. АтIэ псори апхуэдэу дыхуэсакъыу пIэрэ а ерыскъы лъапIэм? Ди жагъуэ зэрыхъущи,
тхузэгъэзахуэркъым. Дапщэрэ дарихьэлIэрэ щIакхъуэр къэпкIэрэ къэзыщэхухэм. Шэч хэлъкъым апхуэдэхэм я Iэщымрэ джэдкъазымрэ абыкIэ зэрагъашхэм. Хьэмэрэ, кIуэи хэплъэт пхъэнкIий идзыпIэхэм. Сыт мыбы хэмылъыр, гуэдз хьэжыгъэм къыхащIыкI ерыскъы лIэужьыгъуэу!
Адэ-мыдэкIэ щIакхъуэ ныкъуэшххэр къыщагъэнауэ плъагъункIэ хъунущ, нэхъ Iеижращи, сабийхэм ар зэхуадзу, ириджэгуу уащрихьэлIи къохъу. АтIэ ерыскъыр къэлэжьэныр зэрыгугъур, абы иIэ пщIэр къызыгурымыIуэу къэхъу щIэблэм дауэ уимыгъэпIейтейуэ укъызэрынэнур.
Сабийхэм куэдрэ ялъагъу щIакхъуэ Iыхьэшхуэхэр пэгуным ирадзэжу. АтIэ апхуэдэ зи нэгу щIэкIа ныбжьыщIэм дауэ гурыбгъэIуэну ар зэрымытэмэмыр, зэрыкъуаншагъэшхуэр. Щхьэ абы демыгупсысрэ?
Унагъуэм яхуэшхыну зыхуэдизым емыгупсысу тыкуэным кIуэуэ хъушэу къезыхьэлIэ унэгуащэхэми къуаншагъэшхуэ ялэжь. Къадэхуэжар хыфIадзэж. Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, цIыхуиплI зэрыс унагъуэм махуэ къэс граммищэ фIэкIа хыфIимыдзэу щIыи, ар илъэсым килограмм 36-м щIегъу. Дэтхэнэ зы унагъуэми къихь апхуэдэ хэщIыныгъэр къэрал псом щрибгъэкъужыну ухуежьэмэ, илъэс къэс тетсэ хабзэм и лейуэ гектар 1 мелуанрэ мин 300-рэ тщIэн икIи гектар къэс хуэзэу, я нэхъ мащIэрауэ, центнер 16 къытетхын хуейщ.
Апхуэдиз гъавэр хъумэн, зыхуей тэмэму хуэгъэзэн папщIэ дэтхэнэ зыми тонн мин 20 щIэхуэу элеватори 104-рэ къэбгъэсэбэпын хуей мэхъу. Ахэр пхьэжын, зэтебудын папщIэ щхьэлу бгъэлэжьэн хуейр бжыгъэншэщ. Iэнэм техьэн хуей щIакхъуэм апхуэдиз лэжьыгъэ ехьэлIапхъэщ. А псор къэплъытэмэ, гурыIуэгъуейкъым псом ящхьэу къэтлъытэ ерыскъым хуэщIыпхъэ пщIэр зэрыгъунапкъэншэр.
Дэ куэдрэ радиокIэ додаIуэ, телевизоркIэ ди нэгу щIокI, газетхэм иту дыкъоджэ мылъкур тэмэму зэгъэзэхуэн зэрыхуейм. Си гугъэщ апхуэдэ лэжьыгъэхэм нэхъри хэдгъахъуэмэ тэмэму.
ЕгъэджакIуэхэм мэкъумэшыщIэхэр я еджапIэм ирагъэблагъэу зэIущIэ, псалъэмакъ узыншэхэр ирагъэкIуэкIми хъунут.
Лэжьыгъэм щIапIыкIа, гъэсэныгъэ зыхэлъ дэтхэнэ зы цIыхуми ерыскъым, псом ящхьэу къалъытэ щIакхъуэм пщIэ зэрыхуищIынум шэч хэлъкъым.