Мылъкурщ псори къыщежьарДэтхэнэ жылагъуэми и узыншагъэр зэлъытар ар мылъкум зэрыхущытырщ. Хьэлэлу щызекIуэмэ, ар шынагъуэм пэIэщIэщ, хьэрэмыгъэкIэ щызэрапхъуэмэ, къызэтещэхэнущ. Урысейм пащтыхьыр зэрыщытрадзам икIэм-икIэжым хуишащ Япэ дунейпсо зауэр абы фейдэ къыхимыхыу иухыным. Абы теухуауэ куэд пхужыIэнущ, ауэ а езы зауэрщ Урысей мылъкум Iэ щIыIэкIэ хэIэбэхэм я бжыгъэм хэзыгъэхъуари. Пэжу, хьэжьвакъэжьышххэр сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыIащ къэралым и ухуэкIэр зыхуэдэм емылъытауэ, ауэ дэ зи гугъу тщIынур империем и лъэлъэжыгъуэм къэхъуахэращ. 1914 - 1915 гъэхэм дуней псом щызэлъащIыса нэхъ къаугъэшхуэу уващ Урысейм и дзэ министр Сухомлинов Владимир зэрагъэтIысар. Абы и къулыкъукIэ дэкIуеин 1877 - 1878 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм и зэманым щIидзащ, пщышхуэ Николай (нэхъыщIэм) и дзэм и штабым адьютанту щыIэу. Аращ къыдэIэпыкъуари. Илъэсхэр дэкIри, Киев дзэ округым и унафэщIым нэсауэ и щхьэгъусэр лIа иужь абы етIуанэу псэуэгъу къишэжащ, инженерхэр щагъэхьэзыр институтым и Iэтащхьэ Корейт и фызыр къытрихри. Киев и Жор Пплъыжьыр а цIыхубзым къыIэщIыхьа иужь сейфым лъэужьыншэу дэбзэхыкIащ сом мин 60. ЯгъэтIысынуи къыщIэкIынут, ауэ абы нэмысу дунейм ехыжащ. Ягъэхъыбаращ ар щхъухькIэ ягъэлIауэ. Сухомлиновым и ещанэ фызыр - Гошкевич Екатеринэ - къытрихащ щIышхуэ зыбгъэдэлъ Бутович. А тIур зэбгъэдэкIыжыным хьэлэбэлыкъ къикIащ, зэфIэха щыхъуари императорым Синодым и прокурорым трикъуза иужьщ. 1909 гъэм дзэ министр къулыкъур къылъыса иужь Сухомлиновым и фызыщIэр и гъусэу Петербург Iэпхъуащ икIи абы къуэшхыкIыу хуежьащ и ныбжьэгъухэри, иужькIэ цIыхугъэ къыхуэхъуахэри. Альтшиллер Александр IуэхущIапIэ зыбжанэ иIэт, абыхэм къадэкIуэу ахъшэ къилэжьырт Австрием и шпиону щыткIэри. Сухомлиновым ар гъунэгъу хуэхъуащ япэрейр Бутович судкIэ щеныкъуэкъум щыгъуэ. Хабзэхъумэхэр апхуэдэу кIэлъыплъырт министрым и ныбжьэгъуфI Мясоедов Сергеи. Жандарм подполковникыу щыта абы шэч хуащIырт Германием и шпиону. Сухомлиновым абы къулыкъушхуэ щритащ езым и министерствэм. Щхьэгъусэ хуэхъуа цIыхубз гъэфIар сыт щыгъуи ахъшэ хуейт, щыгъыныщIэхэмрэ налкъутхэмрэ къищэхурт. Сухомлиновым хэкIыпIэхэр къилъыхъуэрт, куэдрэ зэхэзекIуэт, ахъшэшхуэ зыхуригъэтхыурэ. Абы къыдэкIуэу къигъэсэбэпырт урысей къулыкъущIэшхуэхэм хьэл яхуэхъуар: министрыр коммерцэ IуэхущIапIэ куэдым ядэлажьэрти, абыхэми мылъку къахиудырт. АрщхьэкIэ зыри щыхьэт техъуэфакъым абы хъыбар гуэрхэр хамэ къэрал разведкэхэм ахъшэ щхьэкIэ яIэригъэхьауэ е абыхэм япыщIауэ щытауэ. Пэжщ, езым зришэлIа шпионхэм ярита къулыкъухэр къагъэсэбэпауэ къыщIэкIынущ апхуэдэ мурадкIэ, ауэ езыр щIагъэкъуэншэн къахуэгъуэтакъым. 1912 гъэм Сухомлиновымрэ абы и пIэ иувэну ерыщу хущIэкъу, «октябристхэм» я Iэтащхьэ Гучков Александррэ я гупхэр лIэн-къэнэну зэпэщIэуващ. Гучковым и унафэм щIэт «ЗэманыщIэ» газетым къытридзащ Урысейм контрразведкэм и нэхъыщхьэр «гъунэгъу къэралхэм ящыщ и агент» хуэдэу къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэ. Зи гугъу ищIыр, дауи, Мясоедовырт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ардыдэмкIэ удыныр хуигъазэрт ар зи цIыху Сухомлиновым. Мясоедовымрэ Гучковымрэ зэзэуащ, суд зэрыгъэхъуащ, ар къэзыхьэхуари Мясоедовырщ. Пэжу, абы къигъэнэн хуей хъуащ и къулыкъур. ИужькIэ Сухомлиновым теухуауэ зэхъуцацэу хуежьащ, ар шпионхэм къаухъуреихьауэ жаIэу. Езы Сухомлиновым министрым и къалэнхэр мыIейуэ игъэзащIэрт. Хэбгъэзыхьмэ, командующэ нэхъыщхьэу ягъэув пэтащ, ауэ къытекIуащ и ныкъуэкъуэгъу нэхъ лъэщыр - а къулыкъур зылъыса пщышхуэ Николай (нэхъыщIэр). А тIур бий кIэрыуфыцI зэхуэхъуащ. Пщышхуэм сыт хуэдэ Iэмалри блигъэкIыртэкъым министрыр игъэлъэпэрэпэн папщIэ. Япэ дунейпсо зауэр екIуэкIыу 1915 гъэм и щIымахуэм Урысейм и дзэм топышэхэр къемэщIэкIыу къыщIэкIащ. КъэхъуамкIэ министрыр ягъэкъуэншащ, ауэ псори тралъхьэ хъуртэкъыми, ягъэхъыбару щIадзащ ди дзэзешэхэм ящIэну я мурадхэр зэрыт дэфтэр щэху гуэрхэр бийм Iэрыхьауэ. Къаугъэ зыбжанэ къэхъеящ. Ищхъэрэ-КъухьэпIэ фронтым къыщаубыдри, щхьэпылъэ щащIащ полковник Мясоедовыр. Нэхъ иужьыIуэкIэ контрразведкэм сэтей къищIащ Альтшугер зи пашэ шпион гупри. Ахэр псори Сухомлиновым и пыхъуэпышэт. Езым и деж чэзур къыщысар ар министр къулыкъум щытрагъэкIа 1915 гъэм и мэкъуауэгъуэрщ. Ар ягъэкъуэншащ куэдкIэ, уеблэмэ хэкум епцIыжауэ. 1916 гъэм накъыгъэм и 4-м Петропавловск быдапIэм щIадзащ. Судыр щащIар ПIалъэкIэ щыIа правительствэм и зэманырщ. Абы унафэ ищIащ Сухомлиновыр и мылъку псори къытрахыу пIалъэншэу кIэтэржынэ ягъэкIуэну. Мыгувэу и насып къикIащ: большевикхэм ар яутIыпщыжащ. Министру щытар 1926 гъэм Германием щылIащ. Топышэ зыхуримыкъухэр ирагъэкъужын, зауэм хуэлажьэ промышленностым зрагъэужьын папщIэ 1915 гъэм дзэ-промышленнэ комитетхэр къызэрагъэпэщащ, властым и лIыкIуэхэри зыхъумэжыныгъэ IуэхущIапIэхэр зейхэри хэту. Абыхэм мылъку зэрапхъуэу, Iулъхьэхэр зэIэпахыу щызекIуахэм щIэи гъуни иIэкъым икIи а псори зы тхыгъэкIэ къыпхуэIуэтэнутэкъым. Абыхэм елъытауэ Сухомлиновыр сабийм хуэдэу хьэрэмыгъэншэт. Цекъу ПIатI.
Поделиться:
Читать также:
19.01.2025 - 12:18 →
Пшынэр зи Iэпэгъу
19.01.2025 - 10:01 →
Фэеплъхэм я тхыдэ
18.01.2025 - 12:16 →
Гум имыхужынщ
18.01.2025 - 12:02 →
Къуажэр къалэм пэгъунэгъу мэхъу
18.01.2025 - 11:18 →
«ЩIэныгъэр» куэдым хунос
|