Сом мелард 1,5-м щIигъу къыхрагъалъхьэХьэрычэт мащIэм и Iуэхухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэхэм банкхэм я деж къалэн зыщыщащIыжахэр зэрагъэзэщIэнумкIэ МСП Корпорацэр шэсыпIэ ихьэу сом мелард 1,5-м щIигъу я лэжьыгъэм къыхрагъэлъхьащ абыхэм нэгъабэ. Ар хуэди 2,5-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ. Къэрал псор къэбгъэлъагъуэмэ, хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ зэхэту сом мелард 470-р я лэжьыгъэм къыхашащ икIи ар процент 50-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм елъытауэ. МСП Корпорацэр шэсыпIэу яхуэуващ «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи абы и фIыгъэкIэ ядэIэпыкъуащ хьэрычэтыщIэ мин 38-м щIигъум, абы щыгъуэми, абыхэм я процент 92-р хьэрычэт цIыкIумрэ (микробизнес жыхуэтIэм) мащIэмрэ хэтхэрщ. Ахъшэ нэхъыбэ къыхезыгъэлъхьар продукцэхэр къыщIэзыгъэкI, абыхэм елэжь IуэхущIапIэхэрщ, инфраструктурэ ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкIхэрщ, хьэпшыпхэмрэ хьэлъэхэмрэ зыхъумэхэмрэ ахэр зыгъэIэпхъуэхэмрэщ, щIэныгъэ-техникэ IэнатIэм, информацэмрэ связымрэ пыщIахэрщ. ЩIэгъэкъуэн зыхуэхъуахэм я нэхъыбэр Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэрщ, щэнхабзэмрэ спортымрэ, хьэщIэщхэмрэ шхапIэхэмрэ япыщIахэрщ.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2025 - 16:33 →
Я лэжьыгъэхэм топсэлъыхь
13.11.2025 - 16:00 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
13.11.2025 - 15:36 →
Шэджэм къалэм и уэрамхэр
13.11.2025 - 15:22 →
Комбатым и лIыгъэ
13.11.2025 - 14:50 →
ЩIэблэ узыншэ-2025
| ||



