КъБР-м и Iэтащхьэр щыIащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетымрэ абы и къудамэу Налшык къалэм Толстойм и цIэр зезыхьэ уэрамым тетымрэ.
Республикэм и УнафэщIыр еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэм яIущIащ икIи мэкъумэш IэнатIэм къыпэщыт зи чэзу къалэнхэм абыхэм я гъусэу тепсэлъыхьащ. IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ къэралым и ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI абы.
КIуэкIуэ Казбек къытеувыIащ Урысейм и Президент Путин Владимир илъэс кIуам Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэщхьэхукIа псалъэхэм: «Мэкъумэш-промышленнэ комплексыр - ар ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэ IэнатIэщ, къэралыр игъашхэм къыдэкIуэу, дунейпсо сату щIыпIэхэми увыпIэ хэха щеубыд», аращи, абы зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къоув.
«ЖысIэн хуейщ, ди мэкъумэшыщIэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэми, къэрал псом хуэдэуи, дэри лэжьакIуэхэр къызэрыдэмэщIэкIыр. Дэ дахуэныкъуэщ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI агрономхэм, хадэхэкIгъэкIхэм, механизаторхэм, инженерхэм, Iэщ дохутырхэм, зоотехникхэм, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэм. Президентым къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ, 2030 гъэ пщIондэ мэкъумэшхэкIыу къэдлэжьым, хамэ къэралхэм едгъашэхэм хэдгъэхъуэн папщIэ, дэ къалэну къытпэщытщ мэкъумэш щIэныгъэм нэхъри зедгъэужьыну. Ди мурадхэм ящыщщ мэкъумэш университетым зэхъуэкIыныгъэшхуэ щедгъэкIуэкIыну, абы и унэр зэдгъэпэщыжыну, и лэжьыгъэри едгъэфIэкIуэну», - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм, еджапIэм зыщиплъыхьа, псом япэу гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм ятеухуауэ абы и студентхэм епсэлъылIа нэужь.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ студентхэм ират щIэныгъэм и фIагъри къызэраIэтынур, абы папщIи профессорхэмкIэ, егъэджакIуэхэмкIэ зэрагъэлъэщынур, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр Iуэхум къызэрыхашэнур.
«Мэкъумэш IэнатIэм унэтIыныгъэщIэхэр къызэрыхыхьэр къэлъытауэ, республикэм а и IэнатIэм бжыгъэр зи лъабжьэ зэхъуэкIыныгъэхэр Iэмал зэриIэкIэ хэлъхьэн хуейщ. Ди деж, Къэбэрдей-Балъкъэрым, зыщедгъэужьын хуейщ ерыскъыпхъэ къыщIэгъэкIыным, абы елэжьыным хуэгъэза технологиещIэхэр зэхэлъхьэным, мэкъумэшхэкIхэм я къабзагъми гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ. Мэкъумэш щIэныгъэмрэ мэкъумэшхэкIхэр гъэкIыным елэжь IэнатIэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIэн хуейщ, АПК-м и IэнатIэм пыщIа псори щIэгъэхуэбжьауэ зэдэлэжьэн хуэдэу», - республикэм и Iэтащхьэм къигъэнэIуащ къалэн нэхъыщхьэхэр. Абы апхуэдэуи Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, инвесторхэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм и мэкъумэш еджапIэ закъуэм и инфраструктурэр егъэфIэкIуэным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмхэр къызэрыдаIыгъым папщIэ.