Тхыдэр зэредгъащIэ Iэмал

Хэку зауэшхуэм хэтахэм, хэкIуэдахэм я фэеплъыр ди нобэм зэрахъумэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ «Полк уахътыншэр».

ЗэрытщIэжщи, пандемием и пэ, абы цIыхушхуэ хэту ирагъэжьауэ щытащ. Къалэ уэрамхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ, псыежэх ирижэм хуэдэу, лIыхъужь минхэм я сурэтхэр Iэтауэ яIыгъыу балигъхэмрэ сабийхэмрэ кърикIуэрти, зы утым деж щызэхуэсыжырт. Ар цIыхум и гур зы лъэныкъуэкIэ щыхэхъуэ, зэми щигъэнэщхъей дакъикъэхэт.

«Полк уахътыншэр» 2007 гъэм къыщыщIэдзауэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр зэрагъэлъапIэ зэхыхьэщ. Ар онлайну 2020 - 2021 гъэхэм ирагъэкIуэкIащ, къыкIэлъыкIуэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэтхэр жылагъуэ транспортхэм къыфIадзэу хуежьащ, абыхэм я щIыхькIэ машинэкIэ къажыхьыныр къызэрагъэпэщащ (лIыхъужьхэм я зауэ гъуэгуанэхэр къызэрыщ сурэтхэр яIыгъыу). «Полк уахътыншэм», уеблэмэ кхъухькIи «къикIухьащ». «ЛIыхъужьым и сурэтыр щыгъыным тету» зыфIаща Iуэхум хуэди къыхалъхьащ. УФ-м ЩIэныгъэмкIэ и министерствэр хэту, курыт школхэм линейкэхэр къыщызэрагъэпэщ, ныбжьыщIэхэм я лъэпкъым щыщ лIыхъужьхэм я сурэтхэр къыздахь. Ветеранхэм я сурэтхэр къэрал телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэ. КъищынэмыщIауэ, «Урысейм и полк уахътыншэ» урысейпсо жылагъуэ хэкупсэ зэщIэхъееныгъэмрэ Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ, мы зэманым СВО-м щыIэхэм Хэку зауэшхуэм хэта, зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэта я адэшхуэхэм ятеухуауэ жаIэж хъыбархэм видео трагъэх.

«Урысейм и полк уахътыншэ» урысейпсо жылагъуэ хэкупсэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм и штабым и унафэщI Романовская Аннэ къытхутепсэлъыхьащ КъБР-м Жылагъуэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ и министерствэм щIыгъуу, иужьрей илъэсхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.

- Мы Iуэхур цIэрыIуэ щIэхъуар ар цIыхубэм я жэрдэмщи  аращ. Япэу ар ИнтернетымкIэ щытлъэгъуам, занщIэу дехъуэпсат, «сыту фIыт дэри мыпхуэдэ къытхузэгъэпэщамэ», жытIэри. ЗэрыфщIэжщи, япэ илъэсхэм цIыхухэр зэхыхьэу екIуэкIащ. КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и нэIэм дыщIэту, ар едгъажьэри, республикэм адрей и IуэхущIапIэ псори - школхэри, музейхэри - абы жыджэру елэжьын щIадзащ. Мурад нэхъыщхьэу сыт щыгъуи къэнэжыр ди лIыхъужьхэм я фэеплъыр тхъумэнращ, дауи, - жеIэ Романовскэм. - Ди зэманым апхуэдизкIэ хъыбарыщIэхэр куэдщи, абыхэм хагъэпшахъуэ пцIыуэ къагупсысхэри. Сабийр къэгъэнауэ, уеблэмэ балигъри ягъэжэкъуэфынущ абыхэм. Абы къыхэкIыу ди блэкIар щIэблэм едгъэщIэным дыхуэсакъын хуейуэ къысщохъу, дэтхэнэми и унагъуэ, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр иджмэ, Хэкум и Iуэхухэми щыгъуазэу къэхъунут. Гъэ къэс «Полк уахътыншэр» ди уэрамхэм ирикIуэным цIыхухэр поплъэ, ауэ зэкIэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу нэгъуэщI IэмалхэмкIэ ар едгъэкIуэкIын хуей мэхъу. Федеральнэ штабым цIыхухэм я гупыжу, я гупсысэу, Iуэху бгъэдыхьэкIэу къагъэлъагъуэр ядеIыгъ. Псалъэм папщIэ, 2024 гъэм «Платформэ-Налшык» IуэхущIапIэр ди гъусэу, «Полк уахътыншэр» япэу псым тету едгъэкIуэкIауэ щытащ. «Шато Эркен» уардэунэм и хъуреягъкIэ ит гуэлым кхъуафэжьейхэм ису ныбжьыщIэхэм я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу зэпрысыкIат. Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэм къищынэмыщIа, ар икIи щIэщыгъуэ, телъыджэ хъуат – чэтэныр ящхьэщыхуарзэу, уардэунэмрэ абы и щIыбагъ къыдэт къурш лъагэхэмрэ къищу траха а сурэтхэр гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ къэрал псом «щызэбгрылъэтыкIат». Нэхъыбэу зи ужь дитыр щIалэгъуалэр мыпхуэдэ Iуэхухэм дедгъэхьэхынырщ. Псалъэм папщIэ, Хэку зауэшхуэмрэ ТекIуэныгъэ Инымрэ ятеухуауэ литературэ пшыхьхэр, тхыдэмкIэ, сурэт щIынымкIэ, усэ гъэхуауэ къеджэнымкIэ, кином, театрым папщIэ сценарий нэхъыфI тхынымкIэ зэхьэзэхуэхэр гъэ къэс идогъэкIуэкI.

Мы зэманым нэхъыбэу тегъэщIапIэ дощI, Президентым и саугъэтхыр зыт фондыр ди дэIэпыкъуэгъуу, Хэку зауэшхуэмрэ ТекIуэныгъэ Инымрэ теухуауэ дэфтэрхэр зи лъабжьэ фильмхэр гъэхьэзырыныр. Апхуэдэу лэжьыгъи 8 диIэщ. Зыкъытхуагъазэмэ, курыт школхэм, музейхэм ахэр щыдгъэлъэгъуэфынущ. Нэгъабэ япэу утыку къитхьащ «ЕтIуанэ Дунейпсо зауэ. КъухьэпIэм я пцIыр» фильмыщIэр. А лэжьыгъэм уеплъыну хьэлъэщ, къызэрысщыхъумкIи, нэхъыбэу балигъхэращ зыхуэгъэзар. Ауэ пэжращ къыщыгъэлъэгъуари, ахэм зыщыдгъэгъуэзэн хуейщ. Щапхъэу къэсхьыну сыхуейт нэхъ ипэкIэ ягъэхьэзыра нэгъуэщI зы лэжьыгъи, Кавказыр щхьэхуит зэращIыжрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIауэ. Зи гугъу сщIыр «Кавказым папщIэ зауэ - къурш тхыцIэ яхуэмыкъута» зыфIащащ. Абы еплъыфынущ нэхъыжьри нэхъыщIэри.  Лэжьыгъэр дакъикъэ 20 хуэдиз хъууэ Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпыудащ, курыт школхэм тхьэмахуэм зэ нэхъ мыхъуми сабийхэр щебгъэплъыну фIы дыдэ хъуну къыщIэкIынт. Абы хэтыр цIыху къызэрыгуэкIхэращ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми ящыщхэр къыщопсалъэ - дэтхэнэми и блэкIа, и тхыдэ, я лIыхъужьхэм я хъыбар къыжиIэжу. ТекIуэныгъэ Иным и илъэс 80-р мы гъэм щыдгъэлъапIэкIэ, нэгъуэщI Iуэхугъуэшхуэхэр едгъэкIуэкIыну ди мурадщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться: