Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым адыгэхэм ди тхыдэм, ди хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Апхуэдэ зы Iуэхугъуэм теухуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнщ профессор Тау Хьэзешэрэ абы и еджакIуэ Батыр Любэрэ зэпкърахыр.
Набдзэгубдзаплъэу убгъэдыхьэмэ, адыгэ фIэщыгъэцIэхэм ящыщ дэтхэнэ зыми гъэщIэгъуэн гуэрхэм гу лъыуигъэтэнущ, уигъэIущу, Iэзагъым ухуиунэтIу. ЦIыхум и гъащIэр аращ зэрекIуэкIыр. Нэхъыжьым ящIэр нэхъыщIэм ирагъащIэ, зыр зыхуэIэзэм адрейр хуегъасэ. Ар зэпыуркъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, бзэр тхыдалъэщ. АбыкIэ гъэщIэгъуэнщ мазэцIэхэмрэ махуэцIэхэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. Ахэр щыхьэт тохъуэ тхыдэм и гъуэгуанэ гугъухэм, залымыгъэ мыкIуэщIхэм зэкIэщIадза адыгэхэр, шэрджэсхэр, адыгейхэр, нэгъуэщIхэри зы лъэпкъыу, зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэхэту, зэрыIыгъыу, зэкIэлъыкIуэу зэрыщытар. Абы и щыхьэтщ мазэцIэхэми махуэцIэхэми я нэхъыбэр зэрызэтехуэр.
Адыгэхэм илъэсыр пIалъиплIу ягуэшу щытащ – гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Апхуэдэ гуэшыкIэр Вагъуэбэм епхат. Вагъуэбэр щIым къыщыхэкIа пIалъэм щIидзауэ махуэ тIощIрэ пщIым гъатхэпэ мазэкIэ еджэрт. Абы къыкIэлъыкIуэм щхьэкIэ гъатхэку мазэ жаIэрт, майр гъатхэкIэ мазэт. Мы фIэщыныгъэхэр адыгэ календаркIэ дызэджэм щынэхъыжьу хуэбгъэфащэ хъунущ. Ещхьыркъабзэщ гъэмахуэ мазищри (гъэмахуэпэ мазэ, гъэмахуэку мазэ, гъэмахуэкIэ мазэ); бжьыхьэ мазищри (бжьыхьэпэ мазэ, бжьыхьэку мазэ, бжьыхьэкIэ мазэ); щIымахуэ мазищри (щIымахуэпэ мазэ, щIымахуэку мазэ, щIымахуэкIэ мазэ) нэхъапэ къащтагъэнкIэ зэрыхъунур.
Мы мазэцIэхэр Нэгумэ Шорэ и тхыгъэми къыщехь. МафIэдз Сэрэбий лъэпкъым къагъэсэбэпу щыта мазэцIэу къелъытэ мыхэр: гъатхэпэ, мэллъхуэгъуэ, вэнгъуэкIэ, гъэмахуэпэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэIу, Iуэгъуэ, жэпуэгъуэ, щэкIуэгъуэ, дыгъэгъазэ, щIымахуэку, мазае. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм вариант щыIэхэм къыхахауэ нобэ мы фIэщыгъэцIэхэр къагъэсэбэп: щIышылэ, мазае, гъатхэпэ, мэлыжьыхь, накъыгъэ, мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэуIу, фокIадэ, жэпуэгъуэ, щэкIуэгъуэ, дыгъэгъазэ.
МазэцIэхэм я къежьапIэр, я мыхьэнэр нобэр къыздэсым нэсу зэпкърыхакъым. Абы и зэранкIи мазэцIэхэм ящыщ дэтхэнэ зыри къыщежьа лъэхъэнэр зэфIэбгъэувэжыныр тыншкъым, абы и зэхэгъэкIыным, ар пэжу къэпхутэжыным гугъуехь инхэр пылъщ. Псалъэхэм я нэхъыбэм яIэ мыхьэнэр, къарыкIыр цIыхухэм дежкIэ гурыIуэгъуэкъым. Иджыри узэгупсысынрэ къэплъыхъуэн куэдрэ хэлъщ адыгэ мазэцIэхэми, махуэцIэхэми, зыуэ къызэщIэкъуауэ къапщтэмэ, адыгэ хабзэм зэрыщыту.
Мыри щIыгъужыпхъэу къыщIэкIынущ. Адыгэ мазэцIэхэм дэтхэнэ зыми пыщIа Iуэху зэрепхам ещхьыркъабзэу, дэтхэнэ зыми и махуэшхуэ, тхьэлъэIу махуэхэр епхат. А тхьэлъэIухэр цIыхум яIэщIэхужащ. ЖыпIэ хъунущ, ар ди щэнхабзэм и хэщIыныгъэшхуэу. ТхьэлъэIухэм и деж цIыхур зэхыхьэ къудей мыхъуу, зэрылъагъурт, зэрыгъэIущырт, зэхуэгуапэрт. Ахэр псори адыгагъэт, адыгэ гъащIэм и купщIэт. Псори къытхуэмыщтэжми, ягъэ кIынутэкъым къэтщтэжамэ лъэпкъым игъэлъапIэу щыта тхьэлъэIухэм языхэз – ар иреIутIыж, иревакIуэдэкI, ирегъубжэдэх, иревакIуэихьэж. Лъэпкъыр зэдэу хъужын щхьэкIэ лэжьыгъэм къищынэмыщIауэ нэгу зегъэужьыкIи ищIэн хуейщ.
Апхуэдэ нэгузыужьхэр – тхьэлъэIухэр пасэрейм ауэ сытми къагупсысауэ плъытэ хъунукъым. МазэцIэхэмкIэ дгъэзэжынщи, адыгэхэм я закъуэкъым мазэхэм цIэ зэтемыхуэ езытар. Ар лъэпкъ куэдым я хабзэщ – мазэм и нэщэнэхэмкIэ цIэ фIащу. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр апхуэдэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэрщ, адрей лъэпкъ псоми зэрещхьым нэмыщIауэ, къазэрыщхьэщыкIырщ. Ди пасэрейм къащIэна хабзэм, гупсысэкIэм, псэукIэм фIыуэ хэлъар ди щIэблэм ящIэн хуейщ, лъэпкъыр лъэпкъыу къэгъуэгурыкIуэн, ефIэкIуэн щхьэкIэ.
Ди зэманым мы махуэцIэхэр къагъэсэбэп:
1. Блыщхьэ - понедельник
2. Гъубж - вторник
3. Бэрэжьей - среда
4. Махуэку - четверг
5. Мэрем - пятница
6. Щэбэт - суббота
7. Тхьэмахуэ – воскресенье.
Мыхэр щэнхабзэ зэмыщхьхэм пыщIащ, дин зэтемыхуэхэм я деж я къуэпсыр къыщожьэ. Псалъэм папщIэ, блыщхьэ, гъубж (мыхэр, дэ къызэрытщыхъумкIэ, адыгэбзэ къабзэщ), бэрэжьей (чристан диным и щIэинщ, бэрэскэжьейщ зэрыжыIэпхъэр), махуэку (къызэрытщыхъумкIэ, ари адыгэцIэщ), мэрем (Дева Мария), бэрэскэшхуэкIэ еджэуи щытащ. Адыгэхэм журт календарым кърахащ «щэбэт» махуэцIэр. А махуэм щхьэкIэ шапсыгъхэми хэхэс адыгэхэми «мэфэзакъу» – «махуэ закъуэ» – жаIэ.
Адыгеибзэм хэтыр мы фIэщыгъэцIэхэращ, ауэ ахэр фонетикэ и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщокI.
Шэч хэмылъу, адыгэм диIэщ псалъэхэр, мыхьэнэ къагъэлъагъуэр ди зэманым къэдмыгъэсэбэпыжу, абы ипкъ иткIэ дгъэтIылъыжауэ, ауэ ди тхыбзэм хэту. Пэжщ, зэманыр ипэкIэ мэкIуатэ, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэми заужь, а Iуэхугъуэми къешэр псалъэ гуэрхэри къыумыгъэсэбэпыжыныр, ауэ мазэ фIэщыгъэцIэхэр, махуэцIэхэр мыкIуэдыжыну дыщыгугъынщ.