«Дэ зы уэрэдым и дамитIу,
Зы фоч зэгуэту дызэкъуэтщ.
Зы къамэ закъуэм дридзитIу
Дэ лIыгъи щIыхьи дымыгуэш»…
Ныбжьэгъугъэр къаруушхуэщ. Ныбжьэгъур хуэдэкъым къуэшым, благъэм, адэ-анэм. Ар нэгъуэщIщ. Лъэпкъ зырызым къыхэкIа цIыхухэр зэрызэныбжьэгъуфым и щапхъэ дахэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм къыхэнащ усакIуэ гъуэзэджэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ.
КӀыщокъуэ Алим 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ школыр къиуха нэужь Алим мэкъумэш ӀуэхущӀапӀэхэм щыхуагъэхьэзыру Бэхъсэн щIыналъэ еджапӀэм, иужькӀэ Орджоникидзе къалэм дэт педагогикэ институтым щеджащ.
1935 гъэм Алим республикэм къигъэзэжащ, егъэджакӀуэ ӀэщӀагъэр зыӀэригъэхьауэ. Ар щылэжьащ егъэджакӀуэхэр щагъэхьэзыр курсым, педрабфакым, щӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институтым. 1936 гъэм Алим Мэзкуу аспирантурэм щыщӀэтӀысхьэри, ар къиуха нэужь Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институтым и унафэщIу лэжьащ.
Езым къызэриӀуэтэжымкӀэ, Алим усэ тхын щIидзащ 1924 гъэм. Усыгъэр и гум къыщызэщIэзыгъэушари мэкъумэш ӀуэхущӀапӀэхэм щыхуагъэхьэзыр еджапӀэм а зэманым щезыгъэджа ЩоджэнцӀыкӀу Алийщ.
Алим усакӀуэ гъуэгум гъазэ имыӀэу теувауэ къыщилъытэжыр 1934 гъэрщ. КӀыщокъуэм и усэхэмрэ поэмэхэмрэ зэрыт "Бгы лъапэхэм деж" и япэ тхылъыр 1941 гъэм къыдэкӀащ. А гъэрщ Алим Дзэ Плъыжьым щыхыхьари. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеями, бадзэуэгъуэ мазэм ар фронтым кӀуащ. Ипэ махуэхэм щыщӀэдзауэ зауэр иухыху, КӀыщокъуэр яхэтащ ди Хэкур бийм щызыхъумахэм.
Балъкъэр усыгъэм нэмыщIауэ, СССР-м и лъэпкъыбэ литературэм куэдкIэ щхьэпауэ жыпIэ хъунущ Кулиев Къайсын. Абы и усэхэм псалъэ гуапэкIэ пэджэжахэм ящыщт Пастернак Борис, Тихонов Николай, Твардовский Александр, Кедрин Дмитрий, нэгъуэщIхэри.
Шэджэм аузыщхьэм къыщалъхуа, зи адэр пасэу дунейм ехыжа Къайсын игъэунэхуат зеиншэм къытепсыхэ хабзэ хьэзабыр. Ауэ щIалэ цIыкIур абы къызэфIигъэщIакъым, атIэ ипсыхьащ: Къайсын школым хъарзынэу щеджэу, зэрылъэкIкIэ унагъуэм зыщIигъакъуэу къэхъуащ. Хэлъэт иIэт, гурыхуэти, псынщIэу къипхъуатэрт нэхъыжьхэм яIурылъ уэрэдхэри, хъыбархэри, бзэм и дахагъри.
Школым къыщIиха щIэныгъэм нэмыщI, усэнми зи гур къыхуэушауэ Шэджэм аузым къыдэкIа щIалэщIэм Налшык къалэм куэдрэ зыщиIэжьакъым - артистыгъэм хурагъэджэну Мэзкуу ягъакIуэ адыгэ, балъкъэр щIалэгъуалэ гупым яхэту Кулиеври йожьэ. Къалащхьэм щрихьэкIа лъэхъэнэм абы щыгъуазэ зыхуещI дунейпсо литературэм, гъуазджэм, зрегъэцIыху тхакIуэшхуэхэр, артистхэр, макъамэтххэр, сурэтыщI цIэрыIуэхэр.
Абдежырщ Кулиев Къайсын усыгъэм и IэфIыпIэхэр нэсу щызыхищIари, литературэм и гъуэгум лъэ быдэкIэ щытеувари. АрщхьэкIэ, еджэныр зэпигъэун хуей мэхъу: къулыкъу щищIэну дзэм яшэ. Ауэрэ Хэку зауэшхуэр къохъейри, къалэмым щIыгъуу Iэщэри къещтэ.
Зы щIыналъэм щалъхуами, хэкум пэжыжьэу, зауэ губгъуэрщ КIыщокъуэмрэ Кулиевымрэ щызэрыцIыхуар.
Алим хы ФIыцIэ Iуфэм, Къайсын Прибалтикэм щыIэу дзэм къулыкъур щрахьэкIырт. ТIуми арат я натIэ итри, зэуэ уIэгъэ хъури, госпиталым щIэхуащ. Я узыншагъэр зэфIагъэувэжа нэужь фронтым ирамыгъэгъэзэжу, «Сын Отечества» газетым ягъакIуэ корреспонденту. Абдежщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалитIыр япэ дыдэу щызэрыцIыхуар. ТIури зэныбжьт: зыр илъэс 28-рэ, адрейр 26-рэ хъурт. УIэгъэкIэ фронтым къыпэщIэкIуэтахэм фочыр я Iэрылъхьэу щымытми, псалъэм и къарур къагъэсэбэп хъуащ икIи яхузэфIэкIащ биишэм пэщIэт цIыхухэм, лIыгъэ абы къыщызыгъэлъагъуэхэм усэ куэд хуатхын. Хэкум и щIыхьыр къэIэтыжыным, бийр ехужьэжыным, зы къарууэ зыкъэIэтыным теухуат тхыгъэхэр.
Бийр Севастополь къыщебгъэрыкIуам Кулиевыр уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ, Алим зауэ губгъуэм ар и плIэ илъу кърихри, сымаджэщым нигъэсауэ щытащ. «Езым хуэдэ уIэгъэ пщIы бжыгъэхэр зыщIэлъ пэшым щагъэгъуэлъу, дохутырхэр къеIэза нэужь, сыкъежьэжыну зыкъыщысIэтым, Къайсын и щIакIуэр къысхуишиящ: «ФIыкIэ зуухьэ мыр!», - жиIэри», - итхыжащ иужькIэ КIыщокъуэм.
Езы Кулиевми и адыгэ ныбжьэгъур фIы защIэкIэ игу къигъэкIыжу итхыжауэ щытащ: «Си ныбжьэгъушхуэ Алим сэрэ зауэ губгъуэм дыздитащ, щIакхъуэ Iыхьэр зэдэдгуэшу, щхьэж и усэ адрейм дыкъыхуеджэурэ хэкур дигу къэдгъэкIыжу».
Кулиев Къайсынрэ КIыщокъуэ Алимрэ я зэныбжьэгъугъэм теухуауэ усэ куэд щыIэщ. Зыр зым хуэусэкIэрэ ягу илъхэр наIуэ ящIырт. Абыхэм я зэныбжьэгъугъэр куэдым я дежкIэ щапхъэт.
Зауэ нэужьым ахэр зэкIэлъыкIуащ унагъуэкIэ, илъэс 40-м щIигъукIэ зэрыIыгъащ. Iуащхьэмахуэ и къуапитIым хуагъадэрт ахэр... Балъкъэр усакIуэмрэ адыгэ усакIуэмрэ.
Ахэр лъэпкъитIым я литературэр ипэкIэ зыгъэкIуэта, хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа цIыхухэщ. Къапщтэмэ, абыхэм я тхыгъэхэр Урысейм къищынэмыщIауэ, дуней псом къыщацIыху.
Зэман-зэманкIэрэ къыщыхъу щыIэщ лъэпкъхэм ди зэхуаку зэгурымыIуэ къыщыдэхъуэ. Апхуэдэ зэманхэм щапхъэу къэщтапхъэр Кулиев Къайсынрэ КIыщокъуэ Алимрэщ. ЗэкъуэшитIым хуэдэу псэуа, гъащIэм тхыгъэ купщIафIэкIэ пэджэфа, дуней псом щIыхь зыхуащIа цIыхуитIым дадэплъеипхъэщ. Пэжщ, зэкъуэш псори зы анэ къилъхукъым. Анэм и шэ IэфIым зы ищIа зэкъуэшхэр лъэщщ. Ауэ гъащIэм зы ищIа, псы фалъэ куэдрэ зэдизыфа, зауэ губгъуэм зэдита щIалитIыр анэкIэ зыуэ щымытми, зэкъуэшыфIхэм хуэдэу псэуащ.